БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I707 гъэм и гъатхэкум Кърым хъаныгъуэр къыхуагъэфащэу тахътэр зэриубыду, къэбэрдейхэм закъыпэщIисащ. 
ХъаныщIэм, «схуэфэщэн пщIэ къысхурамыщIи иреплъ!» жыхуиIэу, калга къулыкъур зылъыса и къуэш нэхъыщIэ Менлы-Джэрий Къэбэрдейм иутIыпщащ тезырхэх (цIыхухэх, адыгэхэр «цIыхуткIэ» еджэрт), семэн цIыху щитху дыщIыгъури. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, щхьэхуимыт адыгэхэр хъану теувэм щIалэ, хъыджэбзкIэ хуэупсэрт. АрщхьэкIэ, къэбэрдейхэм я деж цIыхухэх ягъэкIуа калга Менлы-Джэрий пщIэншэрыкIуэу яутIыпщыжащ. 
Къэбэрдейхэм ямыдэ цIыхутыр уэсмэн пащтыхьыр зэпыу зимыIэу зыхуей Iуэхугъуэт. Ар Кърым хъаным и телъхьэу къэуващ. Тырку унафэм ипкъ иткIэ Къаплъэн-Джэрий зэхуишэса дзэ фIыцIэм и бжыгъэр зэтемыхуэу къаIуатэ. Сытми, биидзэр мин 20-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэблэгъагъэнущ. Ар куэдыкIейт! Къэбэрдейхэм я Iуэхур икъукIэ хэплъэгъуэ хъуащ.
Ныкъуэкъуэным темыкIым щхьэусыгъуи къегъуэт. Тхьэм ещIэ, «къэбэрдейхэр щхьэзыфIэфI хъуащ, фейдэ хэхыпIэ хъужыркъыми, егъэзыгъэкIэ ди унафэм щIэгъэувэжын хуейщ, армырами лIыгъэ зехьэпIэ схуэхъунщ» жиIэу егупсыса? 
Адыгэхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIи тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр щыхьэт зэрытехъуэуи, ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ псышхуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зауэзэрылI шынагъуэ щекIуэкIащ.  
Къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу къэгъуэгурыкIуа Кърым хъаныгъуэм зэщIиугъуаеу къыздришэжьа дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм а лъэхъэнэм зэщIигъэуIуэфа зауэлI гупышхуэмрэ Къанжал бгыжьым и Iэгъуэблагъэм зыщызэпашауэ щытащ. 
Зэрыхъуар мыращ. Кърымхэр Къэбэрдей купсэм къимыхьэу, Iуащхьитху (Бещтэу) деж ягъэшщ, иджырей ХьэсауткIэ къыдыхьэщ Аурсэнт щхьэщыкIри, Iуащхьэмахуэ ялъагъуу Къэнжал лъэгум (метр 2340-рэ и лъагагъщ) Iэгъуэблагъэм гуэрэну щитIысыкIащ. 
ЩIыпIэр Къаплъэн-Джэрий бэлэрыгъауэ къыхихауэ аратэкъым. Нэхъ пасэхэми ерыхь-ерышх Къэбэрдейм къакIуэ хъанхэм мыр тIысыпIэ щащI щыIащ. Зэ еплъыгъуэкIэ егъэзыпIэ хъарзынэщ. ИхъуреягъкIэ егъэбыдэкIащ: зы лъэныкъуэмкIэ Къанжалыщхьэ нэпкъ лъагэу, задабзэу къыщытщ (лъэгумрэ и щхьэмрэ метр 500 нэблагъэ я зэхуакущ). ИпщэкIэ, щIыбагъымкIэ Балъкъ щожэх. Мы псым зы икIыпIэ закъуэщ (Быбыгу икIыпIэ) иIэр. 
Тхыдэджым и бзэкIэ къэтIуэтэнщи, «Къанжал ущылIэнукъым, псом хуэмыдэжу, хъуакIуэщакIуагъэ зигу илъым дежкIэ щакIуапIэ бэлыхьхэр иIэт: щыхь, бланэ, хъупсырджэн, къурш ажэ, бжэн, домбей, нэгъуэщI псэущхьэхэри щыкуэдт, хъупIэри псы къабзэри гъунэжт. Къанжалыщхьэ хъуныджэщ, лъэгур хъуныфIэщ».
Хъаным и шэтырыр Йолджэ Iуащхьэ (метр 240I-рэ и лъагагъщ) тригъэувэри, дзащхьэхэр абы и хъуреягъкIэ къэтIысыжащ. Iуащхьэр зыплъыхьыпIэ-плъырыпIэ гъуэзэджэщ, мыбдеж утету дзэм и гъунапкъэхэри, тIысыпIэм къебгъэрыкIуэну хэтхэри хуиту плъагъунущ. Йолджэ, шэч хэмылъу, лъэхъэнэ куэдым и щыхьэтщ, цIэ щIикуэдри арагъэнущ. Къэнжал зауэжь лъандэрэ мыбы адыгэхэр - «Къуентхъыр щагуэшыжа IуащхьэкIэ», къэрэшей-балъкъэрхэр – «Тонау улешкен тюбекIэ» йоджэ. ТIуми къикIыр зыщ. Нарт хъыбархэм хэт ХьэрэмэIуащхьэ фIэзыщи дрихьэлIащ. «Джэрыджэ Iуащхьэ» жызыIи щыIэщ (Рум лъэхъэнэм къежьа чыристан диным е унэцIэм пыщIагъэнкIи мэхъу). Тэрч областым и картэу I898 гъэм зэхалъхьам ихуар «Йолджэ» фIэщыгъэрщ, къикIыр зэкIэ мызэIубзми.
Кургъуокъуэ ищIэрт гуемыIугъэ зыхэлъ, нэгъуэщIхэм епэгэкI, екъуэншэкI зи хабзэ Къаплъэн-Джэрий фIы къызэрыпимыхынур. ИтIани, дахэкIэ дызэгурыгъаIуэ жыхуиIэу, лIыкIуэ-жыIэкIуэ иутIыпщат. Жэуапу къахьыжари гуауэ ящыхъун псалъэщ: ди жыIэм фемыдэIуэнумэ, «Шэбэз-Джэрий и щхьэ уасэу, лъы уасэу хэплъыхьауэ щIалэ, хъыджэбз минищ фи тезырщ!». Зи гугъу ищIыр Шэбэз-Джэрий хъаныкъуэу беслъэнейхэм I699 гъэм яIэщIэукIар арат. 
Щхьэхуитыныгъэм щIэкъу къэбэрдейхэр Псыжь къиIэпхъукIыжарэ ягъэзэжын зэрамыдэри, щтапIэ къэкIуа беслъэнейхэр Кърымым зэрырамытыжри, цIыхут хабзэр ягъэзэщIэн зэрамыдэжри – ахэр псори щхьэусыгъуэт.
«Сыт ящIэн? Пщыхэр зэхуэсри гупсысащ, чэнджэщащ. Мыпхуэдэхэм деж блъэгъум иплъэхэри пщышхуэм деж щрагъэблагъэ щыIэт. А IуэхухэмкIэ цIэрыIуэу, я ныбжькIэ щIалэхэми, Къэбэрдейм а лъэхъэнэм лIитI исащ: пщы Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэдзэ, гупсысакIуэ, уэркъ-дыжьыныгъуэ Къэзанокъуэ Жэбагъырэ тхьэгурымагъуэ БжьыхьэлI Лиуанрэ. Жэбагъы, псом хуэмыдэжу, мы текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIауэ, хэкIыпIэкIэ Iэзэу, хуабжьу акъылышхуэ бгъэдэлъауэ ягъэхъыбар», - щыжеIэ адэкIэ зи гугъу тщIа и тхыгъэм Сокъур Валерэ. 
«Е дылIэн, е дылIын!» щытыкIэм хэкIыпIэу иIэр тIу къудейщ. «ПщылIыпIэ нэхърэ дылIэми нэхъыфIщ», - жаIэри, Кургъуокъуэ и гупым ар къыхахащ. Зэакъылэгъуу хасэм унафэ къещтэ бийм ебгъэрыкIуэну. «Нобэ зауэм Iумыхьэм анэм и пIынэр щхьэретIэгъэж» - зэдыжаIэ. Ар къыхэзылъхьа пщы-уэркъхэм хабзэжьым и къарур здынэсыр фIыуэ ящIэрт. Къэрабгъэм зи щхьэщыгур гъуанэ цы пIынэ фIыцIэ хупалъэу щытащ. «Псэм ипэ напэ», - жаIэу, еру гъэсэкIэм щIапIыкIа дэтхэнэм дежкIи ар напэтехт, абы къыщымынэу щхьэфIэхт, ныбжькIэ пхущIэмыуфэн икIи пхуэмыгъэвын гуауэт. 
Къэбэрдейм а лъэхъэнэм нэхъыбэ дыдэу зауэлI мин 30 зэхуишэсыфу арат, абы щыщу мин I5-р уэркъ шуудзэу, зы жэщ-зы махуэм игъэшэсыфу. «Зым тIур и дзэщ», - жеIэ псалъэжьым. Кургъуокъуэ хузэфIэкIащ къэбэрдей пщыхэр псори зэгуригъаIуэу, зэакъылэгъу ищIу, абы къыдэкIуэуи зыригъэдаIуэу, бийм зы гупу пэщIигъэувэн…

 

Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.09.2024 - 15:02

НэхъыфIыр къыхах

«Урысейм и щэнхабзэ къа­лащхьэ-2026» зэпеуэм и IэIэтыр мэлыжьыхьым и 17 лъандэрэ щокIуэкI къэрал Iуэху­тхьэ­бзэ­хэр щыхуащIэ гуэ­дзэным. 

09.09.2024 - 08:48

«Си къалэ. Си щIыналъэ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт гъэ­лъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм.

09.09.2024 - 08:48

Джэданэхэ иджыри я зы чемпион

Краснодар крайм и Армавир къалэм иджыблагъэ щекIуэкIуащ ­Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ Гъэмахуэ спартакиадэ.

09.09.2024 - 08:47

Москва ирагъэблагъэ

«Хьэцыбанэ» брендым щыщ фэилъхьэгъуэхэр къы­зэзыгъэпэща, хьэпIацIэщыгъэкIэ екIуу хэзыдыкI Iэп­щIэ­лъапщIэ Щоджэн ФатIимэ хэтынущ Москва ДахагъэмкIэ щекIуэкIыну тхьэмахуэм.

08.09.2024 - 12:25

Адэ-анэхэм я зэхуэс

Илъэс къэс, 2014 гъэм щегъэжьауэ, Адэ-анэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэмрэ Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Адэ-анэхэм я урысейпсо зэхуэс» зэIущIэр.