СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)

Си гъатхэт абы щыгъуэ. ЩIымахуэку дыдэм къысхуэкIуа гъатхэ. Сэ фIэкIа, нэгъуэщIым илъагъуртэкъым абы щыгъуэ дунейр дахащэу зэрыгъэгъар. Къигъэхуабэрт си гур мо щIымахуэ щIыIэм.

Жыг къудамэхэр къезышэх хьэщхьэтеуэ Iувыр гъэгъа зэфэзэщут си нэм къызэрыщIидзэр. Си закъуэт зейр, къызыхуигъэщIар а дахагъэ псор. Гу лъызытэу щыIэр сэрат. НэгъуэщIхэм я Iуэху хэлътэкъым. Псоми къафIэщIырт ар щIымахуэ ткIийуэ… Си жыг гъэгъам зы бжьэ цIыкIу закъуэ къэлъэтат я IэфIым лъыхъуэу. ФIыгъуэкIэ псоми ярихуэупсэу, езыри ирипсэуну арат. Жэнэтт фIэсщар сэ а бжьэ цIыкIум. НэгъуэщI згъуэтакъым хуэзгъэфэщэн. ИщIат абы си дунейр жэнэт зэфэзэщ. Си щIалэгъуэм къыхуэзэри, ищIат имыкIын. Ар уэрат. И чэзууэ укъысхуэкIуат, узэщIэгъагъэрэ дахагъэкIэ си гъащIэр бгъэгугъэу. Ущыгугъырт уэри а дахагъэр си деж щыбгъуэтыну. Дызэтехуат хьэлкIэ, дызэсат занщIэу… ИтIани дызэгъусауэ аращ мазищым тIэкIу щIигъукIэ… Ди насыпым и кIыхьагъыр арат зэрыхъур. ДызэпыкIыжат, тIум язми ди мылажьэ лажьэ къыкъуэкIри. Дигу къэмыкIа щхьэусыгъуэкIэ. Дэни къиукIт?!

Абы иужькIэ дэкIыжащ цIыху гъащIэ ныкъуэ хуэдиз зэман. ИтIани сигу ихуркъым а зэман кIэщI дыдэр. Сыти хъурэт ар, гъащIэм елъытауэ? Ауэ махуэ щыIэщ, гъащIэ псо и уасэу. Махуэ закъуэм гъащIэ псом нэпкъыжьэ хутодзэ… МыункIыфIыж мафIэу зэщIэбгъэнат сигу къуэпсхэр иджыри зыс лъагъуныгъэр. БгъэункIыфIыжакъым зэщIэбгъэна мафIэр. ПлъэкIакъым бгъэункIыфIыжын. Сэри сыпэлъэщакъым. Сигуи пыкIакъым. НэгъуэщIхэм ямыщIэу къысфIэпщауэ щыта гъэфIагъыцIэр зызохьэ сыкъамыщIэу, уи хьэтыркIэ си гум щызгъафIэу, си гущIэм къыщылыд мафIэу. Мыдахэми сщIэртэкъым а цIэр, ауэ сигу ирихьат, уэ къысфIэпщати.

Абы щыгъуэ сызэрыхъуу щыта илъэс бжыгъэм нэхърэ нэхъыбэ къэзгъэщIэжащ иужькIэ. ЗыкъызегъащIэ жьыгъэм. Зэман гущIэгъуншэм си дзэхэр Iуихащ, тхьэкIумэхэр нэхъ жьажьэ хъуащ, кIэрачу щIэзыдза нитIым щIэх-щIэхыурэ хузызохъуэкI нэгъуджэ. Куэд щIауэ зыкъызегъащIэ Iэпкълъэпкъым къыщыпIэжьажьэ узым. Жьыгъэращ ахэр къысхуэзыхьар, ауэ сытым щыщ ахэр, гугъапIэншэ-гукъеуэм къызит узым еплъытмэ. А псоми сарипэщIэтрэ, щIалэгъуэм и хъуаскIэ закъуэу къысхуэлыдыжу сиIэр а зырщ - щIымахуэм гъатхэ къысхуэзыхьауэ щыта си гукъэкIыж, си Жэнэт закъуэращ. Армырауэ пIэрэ езыр нэхъ жьы сызыщIыр? Гупсысэ дахэр къыпхуэзыгъэщIыж, уIэбэмэ улъэмыIэсу ухъуапсэ защIэу узыгъэпсэу гукъэкIыжыр нэхъ хьэлъэщ гугъапIэ ущимыIэжым деж. Зэман кIэщIкIэ къыпIурыIэфIэми, а гупсысэр, пхуэмыхьыжу уоужэгъу, щыпкIэрымыкIыжкIэ. ИтIани ухуейщ а гукъэкIыж хьэлъэм. Гум пыкIыркъым. Гугъу уригъэхьми бдэнущ, нэхъ къыбощтэ, пщыгъупщэжыпэ нэхърэ. А гупсысэр къыщыпхуэкIуэкIэ уигъэгужьейми, сигу ихуну пIэрэ, жыпIэу, уогузавэ. ПIэщIэкIын уи гугъэу угужьеяуэ, укIэлъоIэбэ абы щIэлъ IэфIагъ тIэкIум.

Апхуэдиз илъэсым щIэмыкIауэ си нэгу къыщIэнащ уи щхьэцыгъуэ дахэр, уи нэ гъуабжитIыр зэрыбгъэгуфIэр, ущыгуфIэкIэ уи Iупэ пIащIэм къыIупс дзэ хужь жьгъейхэр, набдзэ псыгъуитIыр, бгы псыгъуэ ишар, лъакъуэ захуэ лъагитIыр. Нэсауэ уадыгэ бзылъхугъэт. Уи теплъэ псомкIи бгъэпэжат укъызыхэкIа, узыхалъхуа лъэпкъ уардэм и нэщэнэхэр. А псори згъэлъапIэрт, пщIэ, нэмыс хуэсщIу.

«Сэ езым къэзмыгъэщIауэ пIэрэт а дахагъ псори си гупсысэкIэ, фIыщэу узэрыслъагъум къыхэкIыу», - жысIэу шэч къэсхьыжмэ, согужьеиж. Уэрат зейр ар псори, нэгъуэщIым и Iуэху хэмылъу. Ситхьэкъупат уи хьэл дахащэм.

Умыхъуэжауэ пIэрэ уи теплъэр, иджыри къэс блэкIа зэман кIыхьым? Уи фэр дэкIуэда, сэ схуэдэу, гукъеуэмрэ зэманымрэ? Япэм узэрыщытам хуэдэу фIэкIа си нэгу укъысхущIэгъэхьэркъым иджыри, блэкIа зэман кIыхьым. Жьы дыдэ ущыхъуами, сэркIэ икIынукъым уи щIалэгъуэр, укъэнэжынущ узэрыщытауэ, узэрысцIыхуу щытам хуэдэу.

- ФIыуэ сыкъэплъагъурэ? - укъызэупщIырт, уи нитIыр бгъэджэгуу.

- Узолъагъу, - жысIэрт сэри, абы шэч къызэрытепхьэм сризэгуэпу. Уи фIэщ сымыхъурэт? ДыпцIыупсу арат дэ? Лъагъуныгъэм уриджэгу хъурэ, пцIы бупсу?

ГъащIэ! УгущIэгъуншэу жаIэ уэ. Пэж ар? Дэ езы цIыхухэм утщIу аращ гущIэгъуншэ. Уи дахагъэ псори пфIыдогъэкIуэд ди акъылыншагъэкIэ. ИтIани, укъуаншэу укъыщIедзыж. Къуаншагъэ псори уэ къыптралъхьэ. Щхьэ зытхуэмыумысыжрэ ди къуаншагъэмкIэ? Ди Iейр щхьэ щIэдуфэрэ, къэдгъэпцIэжу ди щхьэр? Щхьэ къэдгъэпцIэжрэ ди щхьэр, фIы фIэкIа Iей хуэдмыгъэфащэу? ДимыIэу ара абы нэсын акъыл? «Насып» жыдоIэ. Дэнэ къикIын аргуэру, насып къэкIуам уелъэпэуауэ?

- Сэ пщэдей сыкIуэжынущ сыкъыздикIам, си дыщым, - къызжепIат абы щыгъуэ, си щхьэц Iувышхуэм гуапэу ухэIэбэри. Пагагъэр зытебгъэкIуат…

Зэман дэкIащ абы лъандэрэ, а щхьэцри стетыжкъым, ихьащ зэманымрэ щхьэщIэгупсысымрэ, ауэ иджыри къэс къедэхащIэу къысщохъу си щхьэфэм абы щыгъуэ иужь дыдэу къыслъэIэса уи Iэпэ гуапэхэр. Гъатхэт абы щыгъуэ. ЩIымахуэ щIыIэр икIри, къихьат дунейр зыгъэщIэращIэу псэм едэхащIэ, дыхьэрэныбэу накъыгъэ щIэращIэр. Ауэ си дежкIэ гъатхэр икIри щIымахуэр къихьауэ арат. КIэ зимыIэж щIымахуэр…

Лъагъуныгъэ нэпс. Нэпс дыдж, нэпс IэфI… ЩыIэщ апхуэдэ нэпсхэри. Сытыт дэ къытхуэту а псом дыхэзыгъэтыр? Сакъыныгъэ тIэкIут… Зэрызытхуэмыхъумэжырат… ГъащIэм и плIанэпэ куэдым дызэрыдэмыплъэфырат. Дунейм и щэхухэр тлъагъуну дыхунэсакъым. КъыдэмэщIэкIащ хухэтха зэманыр.

Ди насыпыр зэпызыудар ди лъагъуныгъэм къеижам и гъэпцIэн узэрыхъуаращ. Нэ къытехуауэ пIэрэт апхуэдиз зи дахагъыу, IэфIагъыу къежьа лъагъуныгъэм?

Сэ сепцIыжыфакъым си гъатхэм иджыри къэс. Уэ-щэ, си Жэнэт? Дывгъэхъумэ, цIыхухэ, апхуэдэ дахагъэр, сыт хуэдиз къару текIуадэми!

НЭХУЩ Хьэжпагуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ