КъБР-м и Макъамэ театрым дыгъуасэ щекIуэкIащ «10 лет - Крымская весна» махуэшхуэ концертыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм Кърым Республикэр къызэрыхыхьэжрэ илъэсипщI зэрырикъум и щIыхькIэ.
ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 16-м тхыдэм къыхэнэн Iуэхушхуэ къэхъугъэ къэ-хъуащ - Кърымым референдум щекIуэкIащ. Хы ФIыцIэ и Iуфэм щыпсэухэм я процент 90-м Iэ яIэтащ Урысейм Кърымымрэ Севастопольрэ къыхыхьэжыным арэзы техъуэу. А махуэр гъэлъэпIэным теухуа унафэм Путин Владимир Iэ щIидзащ 2014 гъэм гъатхэпэм и 17-м. Тхыдэм захуагъэр щызэфIэувэжащ! Илъэс къэс гъатхэпэм и 18-м ар ягъэлъапIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кърым Республикэм и Iэтащхьэ Аксенов Сергей гуапэу ехъуэхъуащ, Кърымыр Урысейм къызэрыхыхьэжрэ илъэсипщI зэрырикъумкIэ. «Тхыдэ захуагъэр, цIыхухэм я хуитыныгъэр зэрызэфIэувэжам, зыужьыныгъэм и дамыгъэщ ар! Иджырей къэхъугъэхэми емылъытауэ, Кърымым и цIыхухэр къэкIуэнум фIыкIэ щогугъ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я гъусэу я къэкIуэнур яухуэ. Зэкъуэтыныгъэмрэ зэрыIыгъыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр Кърымым исхэми Урысейми къехъулIэнущ. Кърымым щыпсэухэм узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ, ТекIуэныгъэ яIэну!, - жиIащ КIуэкIуэм.
- Урысей тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу зыдэдгуэш Кърымымрэ ди къэралымрэ я зэкъуэтыныгъэр зэрыдгъэлъапIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Кърымымрэ Севастопольрэ иджы игъащIэкIи Урысейм щыщщ! Лъэпкъхэм я зэхуаку мамырыгъэ дэлъыну, зыужьыныгъэм, узыншагъэм ини цIыкIуи дыхущIэвгъэкъуну фыкъыхузоджэ! Псом хуэмыдэу нобэ дызэщIыгъун, зыр адрейм дыдэIэпыкъун хуейщ! - жиIащ зэхыхьэ гуапэр езыгъэкIуэкI Мизиев Аубэчыр.
«Урысей! Путин! ТекIуэныгъэ!» - жаIэ Путин хэхыныгъэхэм зэрыщытекIуам теухуа хъыбар гуапэр концертым щызэхэзыха Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм.
Концертым цIыхушхуэ къекIуэлIат. Зэхыхьэр ягъэдэхащ «Кабардинка», «Балкария», «Арабеск», «Каллисто», «Насып», «Зори Кавказа» къэфакIуэ ансамблхэм, КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур, уэрэджыIакIуэхэу Абэнокъуэ Рустам, Бэч Азэмэт, Жубоев Жамбулэт, Еуаз Азэмэт, нэгъуэщIхэми. Абыхэм ягъэзэщIащ Хэку лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.