ПСЭУКIЭР ЗЭРЫЩЕФIАКIУЭР НЭРЫЛЪАГЪУЩ

Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ. Ди щIыналъэм и унафэщIым къулыкъущIэр щигъэгъуэзащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм. 

Макроэкономикэм блэкIа илъэситхум иIа хэхъуэр къапщтэмэ, щIыналъэм зиужь зэпыту йокIуэкI. Республикэ бюджетым и хэхъуэр нэхъыбэ хъуащ. 2023 гъэм абы и мылъку зэхэлъыр мелард 70-м нэсащ, ар 2018 гъэм елъытауэ тIукIэ нэхъы­бэщ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу социальнэ дэ­Iэпыкъуныгъэм трагъэкIуэдащ сом мелард 30. Абы къищынэмыщIауэ, езы республикэм и мылъкукIэ псэукIэм ехьэлIа гугъуехьхэр зэфIихыну Iэмал иIэ хъуащ. Къапщтэмэ, проценти 8,3-кIэ хэхъуащ бюджетым къыхэкIыу ят улахуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым 2023 гъэм щата улахуэр ику иту сом 39942,4-рэ мэхъу, ар ипэ ита илъэсым нэхърэ процент 13,3-кIэ нэхъыбэщ, езы улахуэр хэхъуащ проценти 6,4-кIэ. Иужьрей илъэсищым цIыхухэм я хэхъуэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ, 2023 гъэм ар процент 18-кIэ дэкIуеящ. Лажьэхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъуащ щIыналъэм, абы къегъэлъагъуэ лэжьапIэншэхэм, къулейсызхэм я бжыгъэм зэрыхэщIыр. 
Демографием и лъэныкъуэкIэ, республикэм щыпсэухэм я бжыгъэр хэхъуащ, цIыху мин 906-рэ исщ. ЛIэхэм я бжыгъэр процент 18,4-кIэ ехауэ къагъэлъагъуэ. 2023 гъэм къызэрахутамкIэ, республикэм ис цIыхухэр ику иту мэпсэу  илъэс 77-кIэ, къэралым исхэр къапщтэмэ - илъэс 73,46-кIэ.
Республикэ унафэщIым къызэрилъытэмкIэ, абыкIэ сэбэп хъуар Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьэу узыншагъэр ­хъумэнымкIэ IэнатIэр зэрырагъэфIэкIуарщ. А программэм ипкъ иткIэ, сымаджэщ пщIы бжыгъэхэр зэрагъэпэщыжащ, узыншагъэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэр яухуащ, а псори технологиещIэхэмкIэ яу­зэдащ, узыр къэмыхъей щIыкIэ къахутэрэ еIэзэфу зрагъэсащ. 
НобэкIэ къапщтэмэ, ди республикэр ящыщщ зи медицинэ IэнатIэм нэхъ зиужьахэм. Зэман гъунэгъум иджыри апхуэдэ IуэхущIапIэу 7 зэрагъэ­пэщыжынущ, 18 щIэуэ яухуэнущ.
КIуэкIуэ Казбек Голиковэ Татьянэ фIыщIэ хуи­щIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуэхухэр дэкIы­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум папщIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.