ЛIэщIыгъуэм щхьэдэха IэнатIэ

Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэ­хэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэшхуэр. Мы гъэм илъэси 145-рэ ирокъу ФСИН-р къызэрызэрагъэпэщрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIыналъэ управленэр - илъэси 104-рэ. ЛIэщIыгъуэм щхьэдэха IэнатIэм республикэм зэрызыщиужьым, зыхуигъэувыж къалэнхэмкIэ къыддэгуэшащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр.

- Апхуэдиз илъэсхэм уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэр зэфIэувэныгъэ куэдым пхыкIащ. Абы и тхыдэр къыщожьэ 1879 гъэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм хэту Лъэхъуэщ управленэ нэхъыщхьэ къыщызэрагъэпэщам. Къэбэрдей-­Балъкъэрым 1920 гъэхэм къыщызэIуахащ япэ пенитенциар IуэхущIапIэхэр. Ахэр щагъэтIыс унэхэу щытащ, иужьым те­зырыр щагъэзэкIуэж колониехэм хуэкIуащ. Мы зэманым республикэм апхуэдэхэр плIы щохъу: япэу суд тращIыхьыу ягъэтIыса цIыхухъухэр щаIыгъхэр; нэхъапэкIи уголовнэ тезырыр ягъэтIысу зыпшынахэр; етIуанэу щIэпхъаджагъэ зылэжьа цIыхубзхэм папщIэ; мысакъыныгъэм къыхэкIыу щIэпхъаджагъэ зэралэжьам, нэхъапэкIи ямыгъэтIысахэр, апхуэдэуи иджы япэу ягъэтIысахэр, мурад ящIу щIэпхъаджагъэ мыинхэр икIи курыт хьэлъагъхэр зылэжьахэр щаIыгъхэр. 
Ди дежкIэ хабзэм ебэкъуахэр гъуэгу захуэм тегъэувэжынымкIэ Iэмал нэхъыщхьэр сыт жыпIэмэ - ар лэжьыгъэщ. КъБР-м щыIэ IуэхущIапIэхэм ягъэтIысахэр щолажьэ губгъуэм, Iэщышхуэ ягъэхъу, шэхэкI продукцэхэр къыщIагъэкI, унэлъащIэ, гъущIхэкI Iэмэпсымэхэр ягъэхьэзыр, щыгъын яд, пхъэм сувенирхэр къыхащIыкI, мис абыхэм пэкIуэу улахуэ яIэрохьэ. КъщыинэмыщIауэ, абыхэм папщIэ зэпеуэ зэмылIэужьы­гъуэхэр, щэнхабзэ Iуэхухэр идогъэкIуэкI. Абыхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэтыфынущ зыхуеджамкIэ дипломхэр къыщрат е квалификацэ щыхуагъэув еджапIэм. 
Тезырхэр щрагъэхьэкI федеральнэ IэнатIэм и зыужьыныгъэр гущIэгъум хуэгъэза мэхъу. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэщащ икIи зэпымыууэ зрагъэубгъу я хьэл мыхъумыщIэхэр щызыхагъэн центрхэм. Мыхэр зыхуэгъэзар къуэншар жыла­гъуэм пэIэщIэ ямыщIу ягъэлэжьэнырщ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ центру плIы щыIэщ. 
Апхуэдэу жылагъуэм пэIэщIэ ямыщIу къуаншагъэр ирегъэпшыныж Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм. Къапщтэмэ, фIэкIыпIэ зимыIэ лэжьыгъэхэр ирырагъэхьэкI, къулыкъу хэхахэр яIыгъынымкIэ хуитыныгъэхэм пагъэкI е лэжьыгъэ щхьэхуэхэр ягъэзэщIэнымкIэ яIа хуитыныгъэр трах; инспекцэхэм я учётым щытхэр щагъэгъуазэ щIэпхъаджагъэ е нэ­гъуэщI хабзэншагъэхэм пэIэщIэн зэрыхуейм.
ЩIышылэм и 1-м къару игъуэтащ «Урысей Федерацэм пробацэм и IуэхукIэ» законым, лъэхъуэщым исыр абы и фIыгъэкIэ гъащIэм хагъэзэгъэжу щIадзэ хуит ящIыжын ипэкIэ. Суд унафэм къызэщIиубыдэ пIалъэр икIыным мазибгъу иIэжу суд зытращIыхьар хуитщ лэжьапIэ увынымкIэ, щIэныгъэ зри­гъэгъуэтынымкIэ, псэуныгъэмрэ хабзэмрэ, медицинэ страхованэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ къечэнджэщыным теухуауэ къащыдэIэпыкъуну, лэжьыгъэншэу учётым ягъэувыным, нэ­гъуэщIхэмкIи езыр зыщыпсэу щIыпIэм зыщыхуигъэзэну. Тезырым и пIалъэр имыух щIыкIэ суд зытращIыхьа психологие дэIэпыкъуныгъэ иратынущ езыр абыкIэ арэзыуэ.  Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщи, законыр зэпэщу гъэзэщIэныр ФСИН-м и мызакъуэу, властым и органхэми елъытащ. НаIуэу зэры­щытщи, суд зытращIыхьар хуит хъужа иужь ипэрей гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ къэрал, муниципальнэ программэхэр ягъэзэщIэн хуейщ.
Дауи, ди лэжьыгъэм IэщIагъэлIхэр щыдимыIэу хъунукъым. Дэ ди пщэ къралъхьащ щIэпхъаджагъэ зэхищIыхьауэ шэч зыхуащI е ягъэкъуаншэ цIыхухэр тIыгъыныр, суд зытращIы­хьахэм жылагъуэм пэIэщIэ ямыщIу тезырыр япшыныныр къызэгъэпэщыныр, условнэу суд зытращIыхьахэм я дуней ­тетыкIэм кIэлъыплъыныр, цIыхухэр залымыгъэкIэ щаIыгъ щIыпIэхэм щалэжьа щIэпхъаджагъэхэр зэхэгъэкIыныр, суд зытращIыхьахэр гъэIэпхъуэныр, ахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа къалэнхэр. А псоми щыхурагъаджэ ведомствэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Щапхъэу къэтхьынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм школхэр къыщызыуххэр щIэтIысхьэ хъунущ ФСИН-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэу 5-м. Абы къикIыркъым, лэжьакIуэ къащтэхэр ­УИС-м и еджапIэ IэнатIэхэр къэзыухахэр арауэ. Дэ дахоплъэ IэщIагъэм ехьэлIауэ къагъэувхэм хуэкIуэхэр къыхэхыным: ахэр я ныбжькIэ илъэс 18-м мынэхъыщIэ е илъэс 40-м щIи­мыгъухэрщ, я IуэхузехьэкIэкIи хабзэкIи, щIэныгъэрэ узыншагъэкIэ къалэнхэр зыгъэзэщIэфынухэр къыхыдох.  
ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм нэблэгъауэ дэ дытетщ законыр ­хъумэным. УзэплъэкIыжмэ, зэIухауэ уриплъэфынущ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм гъуэгуанэшхуэ къызэрикIуам. ГурыIуэгъуэщ иджыри зэфIэтхыну къытпэщылъхэри. КъБР-м щыIэ УФСИН-м и гупыр хьэзырщ къыпэщыт къалэнхэр нэщIысауэ гъэзэщIэным, трагъащIэ хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ гъэбыдэным, Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и зыужьыныгъэмкIэ унэтIыныгъэхэр пхыгъэкIыным. 
Ди псалъэмакъым и кIэухыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ ди ветеранхэмрэ нобэрей лэжьакIуэхэмрэ. Сыт хуэдэ зэманми ди IэнатIэр гугъуу щытащ. Iуэхум гудзакъэ хэлъу бгъэдыхьэным и мызакъуэу, псори IэщIагъэм зэрыхуэщIам Iэмал къыдет ­ехъу­лIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэну. Мы махуэшхуэм дэтхэ­нэми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, гъащIэ кIыхь яIэну.
Зыгъэхьэзырар  УЭРДОКЪУЭ  Женящ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.