ЦIыхубзхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ ЦIыхубз­хэм я дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэ ­гуапэ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру ­КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав министерствэм щылажьэ цIыхубзхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Ар къеджащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир къыбгъэдэкI хъуэхъум.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Крючков Вячеслав къыхигъэщащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къалэныр щезыхьэкI цIыхубзхэм мыхьэнэшхуэ зыпылъ къалэн зэ­рагъэзащIэр икIи хабзэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр. Ведомст­вэм и унафэщIыр махуэшхуэмкIэ ехъуэхъури, къыхаха Iуэхум, я лэжьыгъэмрэ IэщIагъэмрэ зэрахуэпэжым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. 
- Хэхауэ фIыщIэ фхузощI IэнатIэм щыла-жьэ цIыхухъухэм я щхьэгъусэхэм, сыт хуэдэ ­гугъуехьри абыхэм зэрадэфIыгъым папщIэ. Фэ унагъуэм къыщызывогъэпэщ зэIузэпэ-щыгъэр, ахэр ехъулIэныгъэщIэхэм тывогъэгушхуэ, - къыхигъэщащ Крючков В.
Бзылъхугъэхэм апхуэдэу ехъуэхъуащ ­КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ. 
Министерствэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуи­щIащ, гуфIэгъуэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ унагъуэ зэIузэпэщыгъэрэ яIэну зэри­гуапэр жиIащ къэрал кIуэцI къулыкъум и ­полковник Истепан Мадинэ. 
Полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIа цIы­хубзхэм щIыхь тхылъхэмрэ удз гъэгъахэмрэ яритащ. 
Махуэшхуэ зэIущIэм кърагъэблэгъахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м ЩэнхабзэмкIэ  и центрым и лэжьакIуэ Ды­щэкI ФатIимэрэ макъамэ театрым и солист Абаев Рустамрэ ягъэзэщIа уэрэдхэм.
ДЫГУЛЫБГЪУ  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 12:25

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ