ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ![]() Урысейм универсальнэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 - 17-хэм ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 18-20 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ. Къэралым и щIыналъэ 45-м я лIыкIуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху 600-м щIигъурт. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, «Лайт» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр къихьащ. Япэ хъуар Мэзкуу областым и спортсменхэрщ, етIуанэр мэзкуудэсхэрщ. «Классика» зэпеуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр иубыдащ. ЕтIуанэр Иркутск областым къикIахэрщ, ещанэр – Кемеровэ областым и лIыкIуэхэрщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ универсальнэ зэуэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым хэтыну. БАТОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|