САНИТАР ТРАНСПОРТХЭР КЪАХУОКIУЭ«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ школыщIэ къыщызэIуаха Прохладнэ, Сэрмакъ къуажэхэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 1958 гъэм яухуа, сабии 175-рэ фIэкIа зыщIэмыхуэ школым еджакIуэ 250-рэ екIуалIэу щытащ нобэр къыздэсым. ШколыщIэм щIэхуэнущ еджакIуэ 275-рэ. Прохладнэм дащIыхьа, Пушкиным и цIэр зезыхьэ школ №8-р яухуэну унафэ щащIар 2021 гъэрщ, КIуэкIуэ Казбек Прохладнэм щыщыIам щыгъуэ. УхуэныгъэщIэр 1960 гъэм ящIауэ щыта школыжьыр здэщы-там деж щызэфIагъэуващ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|