ХЭКУПСЭ ГЪЭСЭНЫГЪЭР ЗИ КЪЕЖЬАПIЭХэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, къэралым и щIыналъэ псоми щызэхашэ зэIущIэ, зэпеуэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщ зыуэ Налшык щекIуэкIащ зауэлI-интернационалистхэм яхуэгъэза пшыхь гукъинэж. КIыщ Мухьэдин и цIэр зезыхьэ «Kishev Art Home» унэ-музейм къыщызэхуэсат цIыху куэд: къалэдэсхэр, Налшык и хьэщIэхэр, студентхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ. Апхуэ-дэуи абы зыкърагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Союз боевое братство» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм, а IуэхущIапIэм и унафэщI Джылахъстэн Барэсбий я пашэу.
Налшык къалэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|