ЛIыхъужьыгъэ нэсрэ хахуагъэ инрэ зыхэлъ, захуагъэмрэ пэжымрэ зи гъуэгугъэлъагъуэ икIи абыхэм я телъхьэ лъэпкъ уардэущ адыгэхэр дуней псом игъащIэми къызэрыщацIыхур. Лъэпкъыр зэрыщыIэрэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ, гугъуехьрэ гуауэ куэдрэ игъэващ, иIащ дэрэжэгъуэ щигъуэт, гуфIэгъуэшхуэм щызэщIищтэ зэманхэри. Зыщыпсэу лъэхъэнэм емылъытауэ, адыгэхэр ноби цIэрыIуэщ яхэлъ хабзэ екIумкIэ, лъэпкъ хьэлкIэ зэджэ фIыгъуэхэмкIэ.
Адыгэхэм гушхуэ зэракIуэцIылъым и щыхьэт куэд хыдолъагъуэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм. Апхуэдэ щIалэ ахъырзэманхэм я щапхъэ мымащIэу хэтщ иджырей лъэхъэнэми. Абы и щыхьэт наIуэщ УФ-м и Президентым и унафэкIэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэ-хам ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэд хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэрэ къыщагъэлъагъуэу зэрыхэтыр. Щхьэмыгъазэу бийм пэщIэт зауэлIхэм захуагъэм папщIэ я псэр ят, хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щыту. Адыгэ щIалэщIэ Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэр апхуэдэт. ЛIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу зэуапIэ губгъуэм ита офицер хахуэр биишэм ихьащ 2023 гъэм и щIышылэ мазэм…
Зи гъащIэ кIэщIыр щIэблэ куэдым щапхъэ яхуэхъуну а щIалэщIэм хэлъа лIыгъэм, хахуагъэм, и цIэр уахътыншэ хъуным хуэгъэпса пэкIу иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Бахъсэн районым хыхьэ Кыщпэк къуажэм дэт курыт школым. Абы къыщызэIуахащ Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм и цIэ-унэцIэр зытет фэеплъ пхъэбгъу. Зэхуэсым хэтащ Бахъсэн район администрацэм и унафэщIхэр, щIыналъэ дзэ комиссариатым и лэжьакIуэхэр, щIыпIэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, щIалэ-лIыхъужьым и Iыхьлыхэр, ныбжьэгъуу иIахэр, КъБКъУ-м и адыгэбзэ кафедрэм, курыт школым я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ.
- Мы дунеишхуэм зы псалъэ закъуи теткъым зи бын, зи къуэрылъху-пхъурылъху зыфIэкIуэда адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм я псэм телъ бэлыхьыр ящхьэщихыну, я гум илъ гуауэр игъэткIуфыну. А псори нэхъ тынш пщищIыну щыIэр зы закъуэщ: дунейм ехыжам и фэеплъыр хъумэнырщ, абы пщIэ хуэщIынырщ, - жиIащ зэхуэсыр къыщызэIуихым Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Оганезовэ ФатIимэ. - Нобэ дызыхэтыр апхуэдэ Iуэхугъуэщ. Ди лъахэгъу, Кыщпэк къыщалъхуа, абы пэщIэдзэ школым щыкIуа Гъуэтыж Азэмэт и фэеплъыр уахътыншэ щIыным хуэгъэпса Iуэхугъуэщ. А щIалэ хахуэм и гъащIэр щIитащ Донбассым, ди къэралым я цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм, къэкIуэну щIэблэхэр мамыру псэун папщIэ. И ахърэтыр нэху ухъу.
Гъуэтыж Азэмэт Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм 1999 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школым еджэн щыщIэзыдза щIалэ цIыкIум япэщIыкIэ Налшык дэт «Солнышко» школ-сабий садым, иужькIэ курыт школ №4-м еджэным щыпищащ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтынми ихъуреягъкIэ щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэми хуэжы-джэр ныбжьыщIэм хъарзынэу къехъулIэрт предмет зэмылIэужьыгъуэхэр, техникэми, спортми дихьэхырт. БалигъыпIэ иува нэужь, Азэмэт мурад ищIащ дзэ къулыкъум епха IэщIагъэ зригъэгъуэтыну икIи 2014 гъэм щIэтIысхьащ Сухой Павел и цIэр зэрихьэу Актюбинск къалэм кадетхэр щагъэхьэзыру дэт школ-интернатым. 2016 - 2021 гъэхэм Гъуэтыжыр щеджащ командирхэр щагъэхьэзыр, Совет Союзым и ЛIыхъужь Маргелов Василий и цIэр зэрихьэу Рязань къалэм дэт Дзэ-десант училищэ нэхъыщхьэм. Зэрихабзэу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу студент илъэсхэр ирихьэкIащ адыгэ щIалэм. ПщIэ хуащIу ар 2020 гъэм хэтащ Москва Утыку Плъыжьым накъыгъэм и 9-м щызэхаша ТекIуэныгъэм и пэкIу иным. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм, зэрытщIэщи, хэтыну дзыхь зыхуащIыр фIым я фIыжхэрат. Апхуэдэт Гъуэтыж Азэмэт.
Лейтенант Гъуэтыжыр 2022 гъэм и мазаем езым и фIэфIыныгъэкIэ Украинэм кIуащ, абы ди къэралым щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтыну. Куэд дэмыкIыу абы къыфIащащ Гвардием и лейтенант нэхъыжь цIэ лъагэр икIи ягъэуващ 108-нэ десант-ебгъэрыкIуэныгъэ Кубань полкым и 3-нэ парашют-десант ротэм и унафэщIым и къуэдзэу. Зауэ IэнатIэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Гъуэтыж Азэмэт полкым и командованием и унафэкIэ къратауэ щытащ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр. УIэгъэ хъуами, сымаджэщым куэдрэ щIэмылъу зауэ IэнатIэм пэрыхьэжат ар. 2023 гъэм и щIышылэм и 19-м Гъуэтыж Азэмэт зэуапIэм икIуэдащ, бийм къытридза уIэгъэ хьэлъэм къемылу.
Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэнхэр къикIуэт зымыщIэу зыгъэзэщIа Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ, УФ-м и Президентым ищIа Унафэм ипкъ иткIэ хуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэм и орден» лъапIэр.
ЕджакIуэхэм зэхуэсым къекIуэлIахэр а псоми щыгъуазэ хуащIа нэужь, школым и унафэщI Балъкъэр Дадуся псалъэ гуапэ яхужиIащ апхуэдэ щIалэ пэж, хахуэ, ди щIыналъэри Кыщпэк жылэри зэрыгушхуэ зауэлI-лIыхъужь зыгъэса нэхъыжьхэм.
- Кыщпэкдэсхэм ящыщу цIыху 59-рэ мы зэманым хэтщ гъунэгъу щIыналъэм ди къэралым щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам. МащIэкъым абы зи псэр щызытахэри. Ди еджапIэм и тхыдэ-хэкурыдж музейм къыщызэдгъэпэща «ГъащIэмрэ лIыгъэмрэ» плIанэпэщIэм я фэеплъ пхъэбгъухэр щыфIэддзакIэщ ди школым и гъэсэну щытахэу, зи къулыкъум епха къалэнхэр щагъэзащIэм зи псэр зыта щIалэщIэхэу полицэм и лейтенант нэхъыжь Балъкъэр Аслъэн Артур и къуэм (1991 - 2019), Украинэм ще-кIуэкI зэпэщIэувэныгъэм щыхэкIуэдахэу Гъуэщокъуэ Темыркъан Заур и къуэм (1998 - 2022), Гъуэщокъуэ Мурат Руслан и къуэм (1979 - 2022), Абазокъуэ Мурат Хьэсанш и къуэм (1986 - 2022). Апхуэдэ щIалэ хахуэхэм я фэеплъхэр хъумэным тедухуа плIанэпэм иджы фIэлъщ Гъуэтыж Азэмэт Мурат и къуэм и сурэтри, - жиIащ еджапIэм и унафэ-щIым. - Хэт ищIэнт Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зи гъащIэр зытауэ щыта лIыхъужьхэм я унэцIэхэм иджыри къащыхэхъуэн зэман къэралыр иувэну?.. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и гъащIэр итащ ди хэкум и щхьэхуитыныгъэм, зэпIэзэрытыныгъэм папщIэ. АхърэткIэ гуфIауэ Алыхьым къыщIигъэкI ди щIалэ-лIыхъужьхэм я псэхэр.
Абдежым къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэлI хахуэхэм, абыхэм я фэеплъхэм удз гъэгъахэри хуагъэтIылъащ.
Азэмэт и адэшхуэ-анэшхуэу Хьэпэхъухэ Хьэсэнрэ Нинэрэ курыт школым и унафэщIым фIыщIэ ин хуащIащ я пхъурылъхум щIэныгъэ зэгъуэтынымкIэ япэ лъэбакъуэр щича школым фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIухыным ехьэлIа я жэрдэмыр къазэрыдиIыгъам папщIэ. ЩIалэ хахуэр зыфIэкIуэда зэщхьэгъусэхэу Гъуэтыжхэ Муратрэ Марьянэрэ зэхуэсым кърихьэлIа псоми ехъуэхъуащ я бын я гуфIэгъуэ ялъагъуу куэдрэ я узыншагъэкIэ, насыпкIэ якIэлъыплъыну. Абыхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ школым и унафэщI-хэм, Азэмэт и япэ егъэджакIуэм. Зэщхьэгъусэхэм ягъэуващ Гъуэтыж Азэмэт и цIэкIэ саугъэти. Ар иратынущ еджэным, жылагъуэ Iуэхум къыхэжаныкI еджакIуэхэм. Сом мин тхурытху хъу апхуэдэ ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ мызыгъуэгукIэ нэхъыфIу къалъыта ныбжьыщIищым. А саугъэтхэр илъэс къэс Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу ятыну траухуащ. КъинэмыщIауэ, Муратрэ Марьянэрэ еджапIэм щIэс сабий псоми яхуэгуэпащ IэфIыкIэ зэрылъ хъуржын цIыкIухэмкIэ.
Зи фэеплъыр къуажэдэсхэм Iэтауэ ягъэлъэпIа Гъуэтыж Азэмэт къигъэлъэгъуа хахуагъэр, быдагъэр, зэпIэзэрытыгъэр щапхъэ яхурырехъу къытщIэхъуэ щIэблэхэм. Апхуэдиз лIыгъэ зыхэлъа щIалэщIэр езыр гъащIэ мащIэт: псэужамэ, гъатхэпэм и 15-м илъэс 25-рэ ирикъуну арат…
КЪАРДЭН Маритэ.