Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр ди къэралым и армэмрэ флотымрэ я хахуагъэм и тхыдэм и нэщэнэщ. А махуэм дэ гушхуэныгъэ тхэлъу, пщIэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ лIэщIыгъуэкIэрэ щIэзэуа ди зауэлIхэр.
ФIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым ди къэралри дуней псори бий гущIэгъуэншэм къезыгъэла ди нэхъыжьыфIхэр. Абыхэм я лIыгъэр, лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр Хэкум худиIэн хуей лъагъуныгъэ гъунэншэм, дэтхэнэри хэкупсэ нэсу зэрыщытыпхъэм и щапхъэ сытым дежи тхуэхъунущ.
Нобэ дзэ къулыкъур щIыхь пылъу езыхьэкIхэми пщIэшхуэ яхудощI. Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкум и шынагъуэншагъэр, абы и къэкIуэнур лIыхъужьыгъэ яхэлъу зыхъумэ зауэлIхэм. Абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ хахуэхэр.
Дэ дрогушхуэ абыхэм я зэфIэкIым икIи догугъэ ТекIуэныгъэр къахьауэ зэман гъунэгъум къагъэгъэзэжыну.
Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.