Япэ гъэлъэгъуэныгъэ

Тэрч щIыналъэм щыщ сурэтыщI ­Къандрокъуэ Хъусен и Iэдакъэ­щIэкI­хэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Нарткъалэ Сабий гъуаз­джэ­хэмкIэ и «Радуга» школым.

СурэтыщI щIалэщIэм дежкIэ япэ гъэ­лъэгъуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Зэ­рыжаIэщи, Iуэхур зэребгъажьэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ школым и унафэщI Къардэн Равидэ. Ар ­Къандрокъуэ Хъусен и лэжьыгъэхэм щытхъуа, езым къызэрилъытэмкIэ абыхэм яхэлъ фIагъым, щIагъыбзэм я гугъу ищIа иужькIэ, апхуэдэ лъэбакъуэ дахэкIэ гъуазджэм и дунейм хэбэкъуа щIалэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ зыу­жьыныгъэрэ щымы­щIэну. СурэтыщIым и анэ Альбинэ (выс­тавкэм кърагъэблэгъат) и къуэм и зэ­фIэкIым зэрызригъэужьам, зэ­радэIэпыкъуам папщIэ фIы­щIэ хуищIащ къэпсалъэм.
Хъусен и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуауэ а зэхыхьэм къыщыпсэлъащ усакIуэ, драматург «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
Къандрокъуэм и лэжьыгъэхэр нэ­гъуэщIхэм къахэзыгъэщщ плъыфэ зэ­хэлъхьэкIэр, абыхэм ящIэлъ гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр. Зэ еплъыгъуэкIи нэ­рылъагъущ яхэлъ псэ хуабагъыр, лъа­гъуныгъэр, гурыфIыгъуэр.
Хъусен къыщыпсалъэм фIыщIэ ­хуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр щигъэ­хьэзырым къыдэIэпыкъуа егъэджа­кIуэхэм, школакIуэхэм, Аруан щIыналъэм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Хьэпэ Залинэ сымэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIат сурэтыщIым и благъэхэм, Iыхьлыхэм, абы къыдеджахэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. ЩIалэм и зэфIэкI хигъахъуэу ипэкIэ кIуэтэну ехъуэхъуащ ахэр.
Тэрчокъуэ  Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.