ЛАГЪУЭ-НАКЪЭ

Лагъуэнакъэ щIыпIэр бгыщхьэ тафэ хъупIэщ, «къущхьэхъущ». Абдеж къыщожьэ Ищхъэрэ - КъухьэпIэ Кавказым и псыщхьэ куэд. Зыпэгъунэгъу хы ФIыцIэм ар метр 2000-м нэблагъэкIэ щхьэщыIэтыкIащ. Шытх Нэхъыщхьэм и уанэгу щхьэнтэр зыфIэзыубыда Лагъуэнакъэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым и псыщхьэ куэдым и къыщIэдзапIэщ.

ЩIыпIэ дахэкIейм зэреджэ хъуам хуэгъэзауэ адыгэхэм хъыбар зыбжанэ яIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ «фIыуэ плъагъум мафIэми удыпэрыхьэнщ!» - жыхуиIэ кIахэ адыгэ псалъэжьым пэджэж IуэрыIуатэ кIэщIри. Ар, къагупсыса шыпсэу щыт пэтми, фIылъагъуныгъэ къабзэ зи зэхуаку дэлъа, гурэ псэкIэ зэбгъэдэта ныбжьыщIитIым - Лагъуэрэ Накъэрэ - ятеухуащ.

Лагъуэ щIалэ цIыкIуу и анэм дэщIыгъуу гъэрыпIэ къихутащ. Бзылъхугъэм хамэ щIыпIэм зэшыр куэдрэ къыщытеуэрт. АпщIондэхукIи пэIэщIэ зыхуащIа и хэкум ехьэлIа хъыбархэм къуэр щIигъэдэIурт. Абыхэм, псом хуэмыдэжу, къахэщырт зи дахагъэм зыри пэмыхъун адэжь щIыналъэмрэ уэс мыткIужыр зи щыгу телъ Фыщт бгыжьымрэ ятеухуаухэр.

Гъэхэр блэкIащ. Лагъуэ ин хъуащ, и Iэпкълъэпкъыр зэрыубыдащ, лIыпIэ иуващ. Ауэрэ здекIуэкIым, хэхэсу зыхэс бысымхэр зэгуэрым игъэхутыкъуэри, щIалэр къыщIэпхъуэжащ. Здигъэзэнур щимыщIэм, и анэм зи гугъу къыхуищIу щыта Фыщт бгыжьым лъыхъуэри, абы и Iэхэлъахэр егъэзыпIэ ищIащ. Апхуэдэ щIыкIэм иту зыбжанэрэ псэуа Лагъуэ бгыщхьэ хъупIэхэм ит Iэщыхъуэхэр кърихьэлIащ икIи ар абы гъусэ зыхуащIащ.

   ИхъуреягъкIэ къэлъагъуэ бгыхэм, зыпэгъунэгъу къуэладжэхэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэм, адэкIэ–мыдэкIэ къыщыщIэж псынэпс жьгъырухэм я макъым итхьэкъуа ныбжьыщIэм усэ зэхилъхьэн щIидзащ. Абыхэм макъамэ щIигъэувэжурэ, дзапэ уэрэдхэр къришырт.

   Лагъуэ и пшыналъэр Накъэ зэхихащ. Хъыбарым зэрыжиIэжымкIэ, а пщащэр дахащэт, езыри пщы лъэпкъ къыхэкIат. Накъэ и адэр бейт, хъупIэхэри, ахэр зыуфэбгъуа Iэщ бжыгъэшхуэхэри абы ейт.

   Лагъуэрэ Накъэрэ фIыуэ щызэрылъагъум, щхьэгъусэ зэхуэхъуну зэгурыIуащ. АрщхьэкIэ абыхэм я хъуэпсапIэм пэрыуэн цIыху къыкъуэкIащ - ар пщащэм и адэрат...

   НэгъуэщI хэкIыпIэ щамыгъуэтыжым, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэдэкIуэсащ. Ауэ абыи фIы къикIакъым… И пхъум и жыIэмыдэIуагъэм къигъэгубжьа пщым и блыгущIэтхэр пхъэру иутIыпщащ. Я лъэужь зыхухэр къащыкIэлъыс дыдэм ирихьэлIэу, Лагъуэрэ Накъэрэ бгым и нэзым къыIухутащ. Сыт иджы ящIэжынур?.. Я щIыбагъым пхъэрыр дэтщ, ипэкIэ щыхупIэщ. Куэдрэ гупсысакъым фIыуэ зэрылъэгъуаитIыр: щыхупIэм зэгъусэу зэдепкIащ...

Абы лъандэрэ гурыщIэ къабзэмрэ щыпкъагъэ нэсымрэ я фэеплъу мы щIыпIэ дахащэм «ЛагъуэнакъэкIэ» йоджэ.

Аращ зи гугъу ныфхуэтщIа хъыбарым къиIуатэр. Ар, ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, къагупсыса шыпсэу къыщIидзынри зыми хуэIуакъым. Ауэ, итIани, щIыпIэцIэ телъыджэр къызытехъукIам ехьэлIауэ иджырей туристхэм къыздрахьэкI Iуэху еплъыкIэхэм ящыщ зыщ…

                                                                         

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз