СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Ваннах Михаил Александр и къуэм и IэдакъэщIэкIхэр. «Россия - родина моя» зи фIэщыгъэ выставкэр къызэIуахащ ТекIуэныгъэ Иныр мы гъэм илъэс 78-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ, езы сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэси 115-рэ щыхъум ирихьэлIэу.
Живопись, графикэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэну пщIы бжыгъэхэр утыку къыщрахьащ музейм и пэшхэм. Ахэр сурэты-щIым и IэдакъэщIэкIхэм я зы Iыхьэ мащIэщ. Дэтхэнэми къытощ Михаил и нэкIэ илъэгъуа, и псэр дэзыхьэха, гупсысэ гъэщIэгъуэн и гущIэм къыщызыгъэуша зы щIыпIэ гуэр. Ар бгыуэ е къуршу, тафэу е джабэу, унэу е псэущхьэ гуэру, цIыхуу е хьэпщхупщу щрет. НаIуэщ, щхъуэкIэплъыкIэщ, хуабагъэ гуэр къызыпкърымыкIыу зы яхэткъым. Нэхъыщхьэращи, зэманри пэмылъэщауэ, теплъафIэхэщ, телъыджэхэщ. Ахэр псори музейм игъэлъэгъуэн папщIэ къезытар Ваннах Михаил ипхъу Натальещ.
Япэу къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис.
- Михаил сэ фIыуэ сцIыхуу щытащ, зы унэм дыщыпсэуащ. Абы щIэх-щIэхыурэ сыхуэзэрт, мольбертыр иIыгъыу щIыуэп-сым и дахагъэ гуэр къиубыдын папщIэ пщэдджыжьым жьыуэ е пщыхьэщхьэ хуегъэзэкIыу щIэкIыу. Сэ сщIэркъым иджыпсту зэрыщытыр, ауэ нэхъ пасэм щыгъуэ СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэхэр гуащIэу екIуэкIыу щытащ. А IуэхущIапIэм къулыкъушхуэ щызэрихьакъым Михаил, ауэ си нэгу щIэкIащ зэщыхьэпэным нэсауэ зэдауэ сурэтыщIхэр и псэлъэкIэ щабэмкIэ зэрытриуIэфIэжыфыр. ПщIэшхуэ къызэрыхуащIым и зы щыхьэтщ ар, - игу къигъэкIыжащ Зумакуловым. - Сэ слъэгъуащ ар школхэм кIуэуэрэ сабийхэм яхуэзэу зэрыщытар. ЗэрызэчиифIэм къыдэкIуэу ар икIи гуапэт, цIыхугъэшхуэ хэлът, и Iэр къызыпекIуэкIыну сыт хуэдэ IуэхукIи къыбдэIэпыкъунут.
Ваннах Михаил и гъащIэм, и гуащIэм, и дуней тетыкIэм, и хьэл-щэным, нэгъуэщI куэдми я гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, лъахэхутэ цIэрыIуэ Котляров Виктор, музейм гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэзыгъэпэщ и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ.
ЗэIущIэм и кIэухыу псалъэ иратащ Ваннах Наталье. Абы адэм и гуащIэм и гугъу ищIакъым, ар къэзылъытэу зэIущIэм къэкIуахэм фIыщIэшхуэ яхуищIа мыхъумэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.