Пэжу пIэрэ?

Дунейм щыцIэрыIуэ цIыхушхуэ гуэрым ады­гэлъ зэрыщIэтым теухуа къэхутэныгъэхэр сыт хуэ­дэ зэмани гъэщIэгъуэнщ. Ди фIэщ тщIыну ди жа­гъуэкъым, ауэ шэчыр щы­нэхъыби къытхуохуэ. Сы­ту пIэрэ и пэжыпIэр аргуэру зытепсэлъыхьын щIа­дзэжа, «Да Винчи Леонардэ и анэр адыгэщ» хъыбарыщIэм? Зи макъ зэхэтхыр и хэкуэгъу щэджащэр «итальян ны­къуэу» къызэрыщIэкIар къэ­зыгъэнаIуэ урым профессор Вечче Карлэщ. 

Гъатхэпэм и 15-м Италием къыщыдэкIащ Неа­поль дэт КъуэкIыпIэ уни­верситетым и профессор, КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм и тхыдэм елэжь,   Да Винчи Леонардэ и гъащIэр илъэс 20 хъуауэ зыдж Вечче Карлэ и тхылъыщIэ. «Катеринэ и гуфIэкIэр» ­къэ­хутэныгъэкъым, атIэ тхылъ зэхэлъхьащ. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, дэф­­тэрхэр зи тегъэщIапIэ лэжьыгъэри куэд дэмыкIыу хьэзыр хъунущ. Ауэ тхы­лъитIри зытеухуар зыщ: Да Винчи Леонардэ и анэр ­КъухьэпIэ  Кавказым, Адыгэ Хэкужьым щыщ хъыджэбзщ. 
Да Винчи и анэр адыгэу хуагъэфэщэн щыщIадзар иджыкъым. 2012 гъэм Инджылызым щыщ нэгъуэщI щIэныгъэлI, Пеппер Кур-тис «Леонардэ» зыфIища новеллэм щытепсэлъы­хьауэ щытащ Катеринэ зи цIэ абы и анэр адыгэнкIи зэ­рыхъунум. 2018 гъэм «Адыгэ псалъэм» тетащ Хьэ­ту Пётр зэридзэкIа а ­новеллэм щыщ пычыгъуэ. Адыгэ щIалэхэмрэ хъы­джэбзхэмрэ дуней хъурейм щызэбгрызыгъэкIхэм ­ящыщт Кърым хытIыгуныкъуэр а лъэхъэнэм зыIыгъа Генуем щыщ сатуущIэхэр. КъарууфIэхэр Мысырым яшэрти, мамлюкыдзэм ­хагъэхьэрт, хъыджэбзхэм шаххэмрэ сулътIанхэмрэ я хьэрэмхэр ягъэщIэра-щIэрт. ЦIыхухэр ящэу щы­щыта а лъэхъэнэм адыгэ пщащэр Италием къы­щы­хутэныр мыфIэщщIыгъуейми, Пеппер и хуэгъэ­фэ­щэныгъэм дзыхь хуэпщIыну гугъут. Сыту жыпIэмэ, зи уасэр лъагэ адыгэ пщащэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщу хагъэзэрыхьри мащIэтэкъым. Чыристаныгъэ кърагъащтэу, Катеринэ зыфIаща ныбжьыщIэр Сэ­тэнейуэ щытауэ, и адэм и цIэр Бланэшууэ, ар монгол-тэтэрхэм хахуэу зэрезауэм щхьэкIэ къыфIащауэ, езы хъыджэбзыр и анэнэпIэс бзаджэм урым щэхуа­кIуэ­хэм ярищэу, зэры­ху­жьым, зэрыдахэм, дэкIэ зэ­рищIэм щхьэкIэ, Генуем щыщ щэ­хуакIуэхэм къыхахауэ зы­Iуатэ хъыбарым къагупсысаифэ тетт. 
Ардыдэр игу къэкIри, Адыгейм щыщ журналист, АГУ-м урымыбзэр щезыгъэдж, гъэкIэ студентхэр Италием зышэ Панеш Саи­дэ, Пеппер жиIэм и пэ­жыпIэр зэхигъэкIыну, езыми интервью къыIихын и мураду, гъуэгу техьэри, щIэ­ныгъэлIыр дунейм ехыжауэ къыщIэкIащ. Саидэ зыхуэзэфар Да Винчи и ­музейм и унафэщIырщ. Абыи шэчышхуэ къытрихьэрт сурэтыщI щэджащэм и анэм епха «адыгэ вер­сием». 
Я лъэпкъэгъу цIэрыIуэм  и гъащIэ гъуэгур зыдж щIэ­ныгъэлI щымащIэкъым Ита­лием. Апхуэдэ зыбжа­нэм Леонардэ и анэр ­къа­щэхуа пщылIу зэрыжа­Iэм игу зригъэбгъэжырти, ар зэрыпцIыр къыщIигъэ­щыну арат нобэ дызы­теп­сэлъыхь Вечче Карлэ ерыщу дэфтэрхэм щIыхэплъэр. «Лэжьыгъэм иужь сыщIихьар Катеринэ зи цIэу жы­хуаIэ Да Винчи и анэр зэ­рыурымыр, зэрымып­щы­лIыр наIуэ къэсщIын пап­щIэт, арщхьэкIэ си пащхьэм къихута щыхьэтхэм срагъэкIуэтащ», - жеIэ къэ­хутакIуэм. Леонардэ хуэ­дэ цIыхушхуэм и анэр пщылI мыхьэнэншэм къилъхуауэ зи гум имыдэ щIэныгъэ­лIым уэри щIыри зэригъэ­дзэкIа нэужь, Катеринэ ­Екъуб зи цIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ адыгэпщым зэрипхъур къищIауэ жеIэ. 
 Вечче Карлэ Флорен­цием и къэрал архивым къыщигъуэтащ Да Винчи и анэр гъэрыпIэм къизыша, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и уасэр щIату, хуитыныгъэ зэрырата дэфтэрыр. 1452 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м ятха а тхылъымпIэм нотариусу, хабзэзехьэу щыта щIалэ цIыкIум и адэм и IэщIэ-дзыр щIэлъщ. Мэлыжьы­хьым и 15-м дунейм къы­техьа Леонардэ абы щы­гъуэ илъэс ныкъуэ хъуми арат. Вечче зэрыжиIэмкIэ, IэнатIэфI зыIыгъ Да Винчи Пьеро хабзэкIэ щхьэгъусэ хуэхъуа нэгъуэщI цIыхубзым бын щыдимыгъуэтым, илъэсищкIэ и анэм ипIа ­Леонардэ езым и деж ишэжри, и унэцIэри иритащ. Да Винчи и щIэныгъэ куури, бгъэдэлъ Iэзагъри къызыбгъэдихар и адэм къыхуигъуэта егъэджа­кIуэ­хэрщ. 
Леонардэ теухуауэ но­бэ­рей цIыхум и нэгум псом япэ къыщIэувэр ар цIэры-Iуэ зыщIа «Монэ Лизэ» сурэтырщ. Ауэ ар сурэтыщI къудейуэ щымыту, куэдым хуэIэзэ цIыху гъэщIэгъуэнт. Да Винчи и цIэм ирапх цIыху цIыкIум нобэ имыIэу къыхузыфIэмыгъэщIыж Iэмэпсымэхэр: бжьыны­ху­пIытIыр, лъакъуэрыгъажэр, хы­щIагъ кхъухьхэр, лэ­ныс­тэр, танкыр, парашютыр, лъэмыж зэгуэкIыр, иджы-ри нэгъуэщI куэд. Да Винчищ япэу уэгум ихьэф кхъухь­лъати, жьыхулъати, мывэ­рыдзи къэзыгупсысар. Езыр-езыру къэзыжы-хьыф, шэрхъиплI зыщIэт   гури абы и нэгум япэу къы­щIыхьагъэнщ. Куэд щIакъым къызэрахутэрэ, и       су­рэтхэр зэмыкIуэкIын пап­­щIэ, Леонардэ абыхэм джэ­дыкIэ уда ящихуэу зэ­ры­щытар. Абыхэм узэ­ры­зыщIашэ къарури физикэ IэмалкIэ абы ирихьэлIа щэхум и фIыгъэщ. 
Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, ЩоджэнцIыкIу Алий е ­КIыщокъуэ Алим «адыгэ ны­­къуэщ», и адэр е и анэр адыгэкъым хужаIэмэ, дэ зэрызытщIынкIи хъунур. Апхуэдэ гуэрщ мы махуэхэм Италием щекIуэ-кIыр. Нэхъ лъапIэ дыдэу ­къалъытэ я хэкуэгъухэм яз, къызэрыщIэкIымкIэ, «и ныкъуэм нэс фIэкIа итальянкъым». 
ХъыбарыщIэр дунейм щызэIэпызых журналистхэм ди къэралым щыщхэри къакIэрыхуркъым. «Да Винчи Леонардэ и анэр Урысейм щыщ лъэпкъым къы­хэкIауэ къыщIэкIащ», - ятх абыхэм, къащIам иригушхуэу. 
«Сыт дэ абы къытхуихьыр?» - жызыIэхэми жэуап гуэр яхуэфащэу къыдолъытэ. Тхыдэр щIаджыр зацIыхужын папщIэщ. Сыт хуэдэ цIыху лъэпкъыгъуэ дыкъызытехъукIар? Сыт хуэдиз ди лъым «къыхуэгъэпкIынур?» А упщIэхэрщ зи жэуап къэтлъыхъуэр, ­армыхъумэ урымхэм «закIэрытцIэлъын» хъуэп­са­пIэ диIэкъым, дызэ­ры­щытуи дызрокъуж. «Дэ ап­хуэдэу дыхъуфынукъым» жыдмыIэу, тхузэфIэкIым дытегушхуэн папщIэщ а псори къыщIэдулъэпхъэ­щыр. «Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым лъэхъэнэ псо ехъуэжыф» жезыгъэIа ди япэ итахэм я мэ гуэр иджырейхэм къыткIэрихыжу пIэрэ?! Дывгъэлъыхъуэ, къэдвгъащIэ, зыдвгъэужь! 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.