КЪЭЗАН КЪЫЩЫХЭЖАНЫКIАХЭР

Тэтэрстан Республикэм и щыхьэр Къэзан къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ «Ак Барс и Кубок» дунейпсо зэхьэзэхуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ мыбы спортсмен 31-рэ хэтащ. Зэпеуэм цIыху минитIым щIигъу зэхуишэсащ, Урысейм и щIыналъэ 49-м нэмыщI, Азербайджаным, Таджикистаным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Ираным, ­Белоруссием къикIахэу. Зэхьэзэхуахэр илъэс 12 - 17  ныбжьым ит хъыджэбзхэмрэ  щIалэхэмрэщ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьащ: Къэзанш Артур (килограмм 32-рэ), Яхуэмыгъуэт Аслъэн (килограмм 30), Блий Iэмир (ки­лограмм 34-рэ), Гуэбэшы Аскэр (килограмм 38-рэ), Гуэбэшы Арнеллэ (килограмм 47-рэ), КIэбышэ Ислъам (килог­рамм ­57-рэ).
ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ: Сыдакъ Имран (килограмм 25-рэ), Битокъу Булат (килограмм 28-рэ), Сыжажэ Дамир (килограмм 30), Махъсидэ ­Миланэ (килограмм 42-рэ), Глашев Муслъим (килограмм 45-рэ).
Ещанэ увыпIэр: Темукуев Хъалид (килограмм 36-рэ), Байсиев ­СулътIан (килограмм 34-рэ), Мэз Идар (килог­рамм 55-рэ).
КъищынэмыщIауэ, Гуэбэшы Ас­кэррэ КIэбышэ Ислъамрэ нэхъ спортсмен Iэмалшыуэ къалъытащ икIи абы къыхэкIыу саугъэт щхьэхуэ къратащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг