«ДИНАМО»-Р ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 18-м «Динамо» урысей-псо физкультурэ-спорт зэгу­хьэныгъэр илъэ­­сищэ зэрырикъум теу­хуауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьы­гъуэхэр къызэрагъэпэщ. «Ди­намо»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм  и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым къызэ­рыджиIамкIэ, Урысейм абы егъэ­щIылIауэ щекIуэкIыну спорт зэхьэзэхуэ 13-м  хэтынущ ди лIыкIуэхэр.

Куэд мыщIэу мы махуэр Мэзкуу щагъэ­лъэпIэнущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр ири­гъэ­кIуэ­кIы­нущ «Динамо» спорт зэгу­хьэ­ныгъэм и унафэщI Гулевс­кий Анатолий. Абы щыIэну ди спортсмен, тренер пажэхэм фэеплъ дамыгъэхэр, саугъэт лъапIэхэр, щытхъу тхылъхэр иратынущ.
«Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэ­хугъуэщ ар. «Динамо» зэгухьэныгъэм и спортсмену Урысейм и командэ къыхэхахэм процент 70-р зэ­пымыууэ хэтщ. Хэкумрэ спортымрэ нэ­хъуеиншэу фIыуэ зэралъагъум ар и щыхьэту къызолъытэ», - жиIащ Джэданэ Залым.
Ди псэлъэгъум къызэрыдигъэщIамкIэ, хабзэ зэрыхъуам тету, «Динамо» обществэм хэтхэу, ди республикэм ­къи­­щынэмыщIауэ, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Башкортостаным, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Удмуртием, Вологдэ, Белоруссием, нэгъуэщIхэми я лIыкIуэхэр гупышхуэу Iуащхьэмахуэ дэкIынущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 15:59

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ г

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.