Гуапагъэмрэ хьэщIагъэмрэ дахьэх

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ гуманитар Iуэ­хухэмкIэ проект куэд зи гъусэу ягъэзэщIа, Дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ Санкт-Петербург ассоциацэм - Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и дэлэжьэ­гъум - и лIыкIуэ гуп. Абыхэм яхэ-тащ судыщIэ IэнатIэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, туризмэм, щэнхабзэм, Къэ­рал Эрмитажым я лэжьа­кIуэ­хэр, хьэрычэтыщIэхэр.

Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ КъБР-м и Парламентымрэ зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, депутатхэмрэ республикэм и хьэщIэхэмрэ я зэIущIэр екIуэкIащ.
- Санкт-Петербургрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэхущытыкIэфIхэр куэд щIауэ яку дэлъщ. Хабзэубзыху IэнатIэхэр зэрызэдэлэжьэнум теу­хуа зэгурыIуэныгъэм илъэси 10 ипэкIэ Iэ щIадзауэ щытащ. А илъэс­хэм къриубыдэу къэралми щIыналъэхэми зэхъуэкIыныгъэ хъарзы­нэхэр зэрыщекIуэкIам къыхэкIыу, нобэрей зэманым къытхуигъэув жыпхъэхэмрэ иджырей Iэмалхэмрэ зи лъабжьэ ЗэгурыIуэныгъэщIэм дыхуэкIуэныр игъуэу къэтлъытащ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - Хабзэубзыху IэнатIэхэм я зэгурыIуэ­ныгъэм къахуигъэувхэр жыджэру ягъэ­­­защIэ, абы и щыхьэтщ ассоциацэм хэтхэр къызэрытхуеблэгъар.
Лъэпкъыр нэхъыфIу къызэ­рыпцIыхунур и щэнхабзэмкIэщ. Абы ипкъ иткIэ щэнхабзэ проектхэр зэ­гъусэу дгъэзэщIэным Iэмал имыIэу дыхущIэкъунущ. Апхуэдэуи, хуей ­хъумэ, гулъытэ яхуэтщIынущ къэрал унафэхэм я зэхэтыкIэм теухуа еп­лъыкIэ щхьэхуэхэм, дэтхэнэми куууэ зыщыдгъэгъуэзэнурэ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ щыIэ гугъуехьхэр зэгъусэу зэрызэфIэтхыным иужь дитынущ.
Егоровэм хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м и Парламентым и IуэхущIафэхэм, УФ-м и Къэрал Думэм хабзэ и лъэныкъуэкIэ къыщыхалъ­хьэ я жэрдэмхэм, къэралым и щIыналъэхэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэм, республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и деж къыщызэрагъэпэща ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэм, нэ­гъуэщIхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэ­щIэ­­хэм зрагъэлъэгъуащ щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр. Дунейпсо зэпы­щIэ­ныгъэхэмкIэ Санкт-Петербург ассоциацэм и щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и правленэм и уна­фэ­щIым и къуэдзэ Фроловэ Екатеринэ жиIащ республикэм и щIыуэпсым, абы и цIыхухэм я гуа­пагъэм, къраха хьэщIагъэм зэрыдихьэхар.
- Дэ дахуэзащ зи хабзэхэмрэ тхыдэмрэ пщIэ хуэзыщI цIыху псэ къабзэхэм. Ди ассоциацэм гулъытэ нэхъыбэ хуищI хъуащ къэралым и хэгъэгухэм, абыхэм я гъусэу егъэ­джэныгъэ, турист программэхэр къы­зэ­гъэпэщыным. Къалэш­хуэ­хэмрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ щыпсэухэр, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, абыхэм я фIыгъэкIэ нэхъ зэрыщIэ мэхъу, къалэдэсхэм хэгъэгухэр къацIыху, - жиIащ абы.
Апхуэдэу Фроловэ Екатеринэ тепсэлъыхьащ Санкт-Петербург щыIэ, «Къару зыхэлъыр зэныбжьэгъугъэрщ» гуманитар зэпыщIэныгъэмкIэ дунейпсо клубым и лэжьыгъэм, абы и унэтIыныгъэхэм, къэ­кIуэнум хуэгъэпса и IуэхущIафэ-хэм.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ щэнхабзэмкIэ, туризмэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, хьэрычэтыщIэ IуэхухэмкIэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум. Къи­щы­нэмыщIауэ, хьэщIэхэм къагъэлъэгъуащ республикэм щэн­хабзэ, творческэ фестивалхэр, ­нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри зэгъусэу ­ще­гъэкIуэкIыным  теухуа я еп­­лъыкIэхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2025 - 09:19

ЛIы щыпкъэм и къекIуэкIыкIэр

Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс ­нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ.

28.04.2025 - 09:18

Лышхыр зэрагъэхъуж IэмалыщIэхэр

Лышх узыфэхэмкIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэ­ны­гъэлIхэм Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм и дохутырхэр щагъэгъуэзащ рентгенохирургием теухуауэ яIэ иужьрей къэхутэныгъэхэм.

28.04.2025 - 09:05

Блий Iэюб и анэм иджыри зы медаль къыхуешэ

Черногорием и къалащхьэ Подгорицэ къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ мы махуэхэм.

27.04.2025 - 13:25

ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр

Урысей парламентаризмэм и махуэм ирихьэлIэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» уры­сейпсо щIалэгъуалэ зэхьэ­зэхуэм и етIощIанэ щIыналъэ Iыхьэр.

27.04.2025 - 09:05

Анэмрэ бынымрэ

Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн.