СЫТ ЛЪЭПКЪЫМ И ДЕЖКIЭ НАСЫПЫР?

Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщщ. ИкIи, псалъэ дыгъэлу щымыту, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ар ябгъэдэлъхьэным, ягъэджыным зи гуащIэ езыхьэлIэхэм я лэжьыгъэр уасэншэщ. Анэдэлъхубзэр къалэм дэс сабийхэм языгъэджхэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр зыхащIэу я IэнатIэм пэрытщ ди республикэм и егъэджакIуэхэр.
Мы гъэм илъэс 25-рэ ирикъуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езгъэджу IэнатIэ сызэрыуврэ. АтIэми, зы махуи сыхущIегъуэжакъым а IэщIагъэр къызэрыхэсхам. Ар зи фIыщIэр урысыбзэмкIэ си егъэджакIуэу щыта, фIыщэу слъагъу Хьэщпакъ Любэщ. ЕгъэджакIуэ сыхъуну зэрыфIэфIыр къызиубыдылIэу зэи къызжимыIами, а IэщIагъэм абы сыхуиунэтIауэ къэплъытэ хъунущ. 
ЕгъэджакIуэу улэжьэныр хьэлъэщ. Нэхъ гугъужщ бзэр, псом хуэмыдэу, лъэпкъыбзэр къалэдэс сабийхэм ебгъэджыныр, ахэр бзэм щIэбгъэхъуэпсыныр. Адыгэбзэ закъуэракъым а гузэвэгъуэм хэтыр. НэгъуэщI лъэпкъхэми я Iуэхур аращ зыIутыр. Сыту жыпIэмэ, къалэм дэс сабийхэр я унагъуэхэм нэхъыбэу зэрыщызэпсалъэр урысыбзэщ. Адыгэбзэр игъэшэрыуэу, ирипсалъэу къакIуэ сабийхэр гъэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, мы гъэм япэ классым адыгэ сабийуэ си дерсыр зыджыну къэкIуа нэрыбгэ 16-м ящыщу 2 къудейращ сыкъызыгурыIуэр, урысыбзэкIэ зэзмыдзэкIыу, зэпкърызмыхыу, IэпэкIэ сымыгъэлъагъуэу жысIэр зэхэзыщIыкIыр! Ар хуабжьу дызыгъэгузавэ Iуэхущ.
Адыгэбзэр зыджыну къэкIуа сабийр бзэм дебгъэхьэхын, и гур и лъэпкъыбзэм къыхуэбгъэушыфын хуейщ. Абы ехьэлIауэ егъэджакIуэм жэуаплыныгъэ къызэрымыкIуэ бгъэдэлъщ. Iэмал имыIэу дерсхэр гъэщIэгъуэну зэхэгъэувауэ щытын хуейщ. ДжэгукIэ Iэмалхэр хуабжьу щхьэпэ мэхъу сабийм и къэухьым зиубгъунымкIэ, бзэр зыхищIэнымкIэ, фIэгъэщIэгъуэнынымкIэ. Я лъэпкъыбзэр - адыгэбзэр - зэрыбзэ шэрыуэр, зэрыдахэр едгъэлъагъун папщIэ, дерсхэм куэду къыщыдогъэсэбэп псалъэжьхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, къуажэхьхэр. Апхуэдэ Iэмал зэхуэмыдэхэр къыхыумыгъэхьэу сабийр бзэм пхудегъэхьэхыркъым. 
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъри зэредгъэфIэкIуэным, ар иджырей мардэхэм изагъэу къызэрызэдгъэпэщыным догугъу. ЩIэ гуэр къыхэтлъхьэу еджакIуэхэм я дежкIэ щIэщыгъуэ зэрытщIыным дыпылъщ.
Бзэри хабзэри къыщежьэр унагъуэрауэ щыщыткIэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, дэтхэнэ адэ-анэми я пщэрылъщ сабийм и анэдэлъхубзэр иригъэщIэну, абы папщIэ хузэфIэкI ищIэну. ЦIыкIу щIыкIэ бзэр къэзыщтам ар иужькIэ IэщIыб ищIынукъым. ИкIи нэхъыжьхэм я къалэнщ сабийм и анэдэлъхубзэр хэутэн иримыщIу къигъэтэджыныр, иритхэфу, ирипсэлъэфу балигъ гъащIэм хигъэхьэныр. 
Адыгэбзэм срилажьэу щыщыткIэ, сримыгузавэу хъуркъым я бынхэм анэдэлъхубзэр ямыджмэ нэхъ къэзыщтэ адэ-анэхэм къазэрыхэкIым. Адрей дерсхэм зэран хуэхъуну щхьэусыгъуэ ящIри, анэдэлъхубзэ дерсыр IэщIыб зыщI куэд щыIэщ. Жагъуэ зэрыхъущи, къалэдэсхэм нэмыщIауи, адыгэ къуажэхэм щыщ унагъуэхэми апхуэдэ хьэдыгъуэдахэ щащIэу зэхыбох. Абдежми дыщрохьэлIэ урысыбзэкIэ фIэкIа щымыIу унагъуэхэм. АтIэ, абы къыхэкIкIэ, дызыдэлэжьэн хуейуэ къытхудэхуэр сабийхэм я закъуэкъым. Ди анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтынымкIэ, балигъми сабийми абы хуащI гулъытэм хэгъэхъуэнымкIэ ди лэжьыгъэр узыфIэмыкIыжыну куущ. 
Къалэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм диIэ методикэ зэгухьэныгъэм и зэхуэсхэм куэдрэ къыщыдоIэт а Iуэхугъуэхэр. Зэгухьэныгъэм егъэджакIуэ 19 дыхэтщи, дызэщIыгъуу методикэ программэхэр, пособиехэр къызэрыдгъэсэбэпыным, егъэджэныгъэ планым дызэрытетыным, лэжьыгъэм IэмалыщIэхэр къызэрыхэдгъэхьэным дыхущIокъу, абыхэмкIэ дызэдэгуашэ зэпытщ. АдыгэбзэмкIэ екIуэкI муниципальнэ, хэгъэгу зэпеуэхэм сыт щыгъуи дыхэтщ, ди сабийхэм увыпIэфIхэр къыщахьу. 
ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым (РИПКРО) егъэджэныгъэ программэхэмрэ методикэ пособиехэмкIэ зыкъытщIагъакъуэ. Абы щылажьэ Къантемыр Баблюстэ адыгэбзэ езыгъэджхэр щIыгъуу тхылъхэр, пособиехэр къыдегъэкI. Ахэр зэхэгъэувэнымкIэ Баблюстэ дэлэжьащ ди къалэ школхэм я егъэджакIуэхэри. Хэлэжьыхьыжу бзэмкIи литературэмкIи къыдагъэкIа тхылъхэм арэзы дытохъуэ. Методикэ пособиефIхэр зыIэрыдгъэхьауэ къыдогъэсэбэпри, фIыщIэ яхудощI абыхэм елэжьахэм. КъинэмыщIауэ, Баблюстэ тхузэхигъэува егъэджэныгъэ планымкIи зэгъэуIуауэ долажьэ.
Ди IэнатIэм къыхыхьэ мардэщIэхэм къытхуагъэув къалэнхэр дгъэзэщIэну яужь дитщ. Сабийм и гупсысэм зэрызиужьым, зэманым дэхъуу зэрыкIуатэм, дэри зыдэтщIын хуейщ. Абы къыхэкIыу анэдэлъхубзэр щедгъэджкIи къэдмыгъэсэбэпу хъуркъым инновацэ Iэмалхэр. Адрей дерсхэм хуэдэ къабзэу, технологиехэр, джэгукIэхэр къыщыдогъэсэбэп дерсхэм. ЕджакIуэ цIыкIухэр гупу щызэдэбгъэлажьэкIэ, болъагъу нэхъыфIу къазэрыгурыIуэр. Апхуэдэм деж сабийхэм дерсыр яфIэщIэщыгъуэу йокIуэкI.
Адыгэбзэр хъумэнымкIэ, ар егъэджынымкIэ щыIэ ныкъусаныгъэхэр гъэмэщIа хъун папщIэ, зэрыжысIауэ, унагъуэхэм дадэлэжьэну къытхудокI. Адэ-анэхэр, сабийхэми яхуэдэу, я анэдэлъхубзэм дедгъэхьэхыжын хуейщ. Къыхэтшэн хуейщ ахэр классщIыб лэжьыгъэхэм, едгъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм. Мыбдежращ нэхъыбэу ди бзэр, ди хабзэхэр утыку къыщитхьэфыр. 
Ди блэкIамрэ ди къэкIуэнумрэ, дунейм ехыжамрэ абы къытехъуэнухэмрэ зэкIэрызышхэнур бзэращ. Ди бзэр - ди псэщ. Зы лъэпкъ псэуфынукъым псэ Iумыту, бзэр Iурымылъыжу. Дэтхэнэ егъэджакIуэм дежкIи нэхъыщхьэр ди лъэпкъ щIэблэм бзэр хъумэным пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэр зыхедгъэщIэнырщ. ДэркIэ насыпышхуэщ, бзэр зыIурылъу лъэпкъым и къэкIуэнум хэбакъуэ щIэблэр куэду къытщIэтаджэмэ.
 ДАГУЭ Муминат.
Къэрэшей-Шэрджэс,
Черкесск къалэ. 

Тхыгъэр зейм теухуауэ

Дагуэ Муминат Али-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетыр къиуха нэужь, республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ №13-м лэжьэн щыщIидзауэ, илъэс 25-м щIигъуауэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрегъэдж. КъинэмыщIауэ, Дагуэ Муминат Черкесск къалэм дэт курыт школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методическэ зэгухьэныгъэм илъэс зыбжанэ лъандэрэ и унафэщIщ. ЕгъэджакIуэ гумызагъэр и лэжьыгъэм хуэIэижьщ, и гъэсэнхэми мымащIэу къахокI анэдэлъхубзэмкIэ щIыпIэ, щIыналъэпсо олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэхэм увыпIэфIхэр къыщызыхьхэр, щIэныгъэ куу къагъэлъагъуэу. 
 

 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз