КЪУАЖЭМ И ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ГУКIИ ПСЭКIИ ХУЭЛАЖЬЭ

ЦIыху псори къыщалъхуа жылэм къуэпс быдэкIэ епхащ. Дэнэ щIыпIэ ущыIами, абы ущекIуэлIэжкIэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжу апхуэдэщ. Уи гур хохъуэ уи къуажэжьым и цIэр фIыкIэ щыIукIэ, ар зэрефIакIуэр, зэрызиужьыр щыплъагъукIэ. Нобэ апхуэдэ гухэхъуэ къызет сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэм и псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжым. Псом япэу апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр зыдэслъагъур къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ ДзыхьмыщI Анзорщ. А IэнатIэм зэрыпэрыхьэрэ дэкIа зэманым къриубыдэу зэфIигъэкIахэр къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэ пщохъу ар къызыдэкIа жылэр фIыуэ зылъагъу, абы щыпсэухэм пщIэшхуэ яхуэзыщI цIыхуу зэрыщытыр.
Ди унагъуэр илъэс зыбжанэ хъуауэ дыщопсэу Налшык къалэ, ауэ ди псэм хэлъщ дыкъыщалъхуа жылэр. ЗэрытхузэфIэкIкIэ щIэх-щIэхыурэ докIуэж къуажэм, гъэмахуэ мазэхэр щыдогъакIуэ. Ди кIуэжыгъуэ къэси гу лъыдотэ абы щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм.
ГуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ и деж къуажэм цIыху куэд къыдохьэ. Апхуэдэм деж псом япэу гу зылъыптэр къуажэм и къабзагъырщ. А Iуэхум псынщIэу иужь ихьэри, уэрамхэр ягъэкъэбзащ, жыгхэр яухъуэнщIащ, къемызэгъ щIыпIэхэм щащIа пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэсеижащ.
Сэ сызэреплъымкIэ, къуажэм и «напэр» зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр кхъэрщ. Ар зыхуей хуэгъэзэнымкIэ ДзыхьмыщIым псапэ зыпылъ Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ. Жылэм дэс щIалэгъуалэр зыщIигъэуIуэри, ари ягъэкъэбзащ. Иджы сыт и лъэныкъуэкIи къабзагъэм и хабзэхэр къызэрызэпамыудыным ткIийуэ кIэлъоплъ. ЖыпIэнурамэ, къуажэм и теплъэр нэхъ екIуи дахи хъуащ.
Жылэдэсхэр псом хуэмыдэу гугъу езыгъэхьыр псыр тэмэму зэрамыгъуэтырти, иджы яIуэтэжа хуэдэщ. Абы и лъэныкъуэкIи Iуэхур зэтеубла зэрыхъуам хуэдэу екIуэкIмэ, къуажэдэсхэр зыIууэ гугъуехь нэхъыщхьэр зэфIэхауэ къэплъытэ хъунущ. А зым фIэкIа ДзыхьмыщI Анзор зэфIимыгъэкIатэми, и цIэр фIыкIэ жыпIэну къилэжьат.
Зи гугъу сщIахэр Анзор и лэжьыгъэм и щIэдзапIэу аращ. А псом къегъэлъагъуэ гукъыдэж иIэу щалъхуа жылэжьым и зыузэщIыныгъэм хуэлэжьэну ар IэнатIэм зэрыпэрыувар. Сэ шэч къытесхьэркъым, а щIалэ жыджэрым и лэжьыгъэкIэ мурад дахэхэр зэриIэм, зыхуигъэувэж сыт хуэдэ къалэнри ерыщу зэрызэфIихынум. ЗэрыжаIэу, узэкъуэтмэ, улъэщщ. Къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр и чэнджэщэгъурэ щIалэгъуалэр и жыIэ щIэту зэкъуигъэувэфмэ, Хьэтуей жылэм и Iуэху сытым дежи дэкIынущ.
ДзыхьмыщI Анзор къызыхэкIа лъэпкъым, къэзылъхуа и адэ-анэм яхуэфащэщи, Тхьэм адэкIи иригъэфIакIуэ. И зэфIэкIым хэхъуэу, узыншагъэ быдэ иIэу, и пщIэр лъагэу, и адэ Барэсбий и псэр игъэгуфIэу, и анэ Зенэ и жьауэм щIэту, и унагъуэ жьэгум гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ дэлъу псэуну сыхуохъуахъуэ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхущ, Анзор, узыпэрыувари, уи къарур Тхьэм пигъэлъэщ!

Тэрчокъуэ - Срыкъуэ Лидэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2025 - 15:02

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

15.11.2025 - 09:03

ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр

Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэм Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм я цIэкIэ щыIэ уэрамыр, зы километрым щIигъу зи кIыхьагъыр, зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

15.11.2025 - 09:03

Экономикэмрэ зыужьыныгъэмрэ

2025 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм хэхъуэфIхэр къагъэлъэ­гъуащ, щыжаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

14.11.2025 - 09:03

Уи щIыналъэм лъабжьэр хэкIэм, Уэ жылапхъи ухъужынщ…

КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къагъэнаIуэу къытщохъу мы тхыгъэм щIэлъ гупсысэри. Адыгэхэм я тхыдэр зыми ейм хыумыгъэ­гъуэщэну къулейщ.

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-