ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ПАЛАТЭМ ХЭТЫНУХЭР КЪЫХАХ

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэ­гъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм. 

ЩIалэгъуалэм я зэфIэкIыр здынэсыр къапщытащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ­комитетымрэ КъэпщытакIуэ гупым хэтхэмрэ. Ма­хуищкIэ екIуэкIа къэпщытэныгъэ лэжьыгъэм зригъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ КъБР-м и Парламентым псом япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм щIалэгъуалэм теухуар зэ­рыхиубыдэр, къэралым щыяпэу ЩIа­лэгъуалэ палатэ ди деж къызэрыщызэIуахар абы щыхьэт зэрытехъуэр. 
- Хуабжьу си гуапэ хъуащ махуищым къриубы­­-дэу дызыхуэза, дызэпсэлъа щIалэгъуалэр Iуэхум зэрыдихьэхыр. Иджыри лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ: абыхэм я зэфIэкIым дыхэплъэжу, Iуэ­хум нэхъ хэзыщIыкIхэр, жэрдэмщIакIуэхэр, жы­джэрхэр къыхэтхын хуейщ, - къыхигъэщащ Егоровэм. 
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и коми­тетым и унафэщI Емуз Нинэ зэрыжиIамкIэ, ЩIа­лэгъуалэ палатэ зэхэшэным теухуа хабзэм къызэ­ригъэувым тету, щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я дэф­тэрхэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, ­районхэмрэ къалэхэмрэ я щIыпIэ самоуправ­ленэхэм, политикэ партхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэхэм, университетхэмрэ кол­леджхэмрэ я студент зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIащ. 
Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми Iэмал иIащ и зэфIэ­кIыр къэпщытакIуэ гупым я пащхьэ ирихьэну, абыхэм я упщIэхэм жэуап яритыну, жылагъуэ гъащIэм щигъэзащIэ къалэнхэм тепсэлъыхьыну. ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм ягъэзэщIэну зыхуей ­проектхэм, щыIэ гугъуехьхэм я хэкIыпIэу ялъа­гъу­хэм, щIэблэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэр нэхъ­ри зэрегъэфIэкIуапхъэ Iэмалхэм ятеухуауэ къэп­сэлъащ зэпеуэм хэтыну Парламентым къе­кIуэ­лIахэр. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэну зыхуэфащэхэр къыхахащ. Абы теу­хуа унафэр КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэ­IущIэм къыщащтэнущ. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.04.2025 - 10:22

Къэралым цIыхухэм защIегъакъуэ

Хуэныкъуэхэм е уна­гъуэ хуэмыщIахэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ къэралым зэ­ры­защIигъакъуэ Iэмалыр зэ­рырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х

22.04.2025 - 09:14

ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.

22.04.2025 - 09:13

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

21.04.2025 - 12:00

Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

21.04.2025 - 09:01

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ