УЭШХЫМ И ХЬЭЛХЭР

Уэшхыр дызэсэжа къэхъукъащIэ пэтми, уегупсысмэ, абы бгъэщIэгъуэну куэди хэлъщ. И къешхыкIэм, къэхъукIэм, къызэрызэщIищIэм, къыщешх щIыпIэм теухуауэ щхьэхуэныгъэхэр иIэщ. Деплъынщ абы теухуа гупсысэ зыбжанэм:

- Илъэс къэс щIылъэм уэшхыу къытошхэ тонн мелуан 500,000-рэ.

- Дунейм нэхъыбэ дыдэрэ уэшх къыщошх Колумбием щыщ Бэнавентурэ къалэм.

- Португалием уэшх къызэрешхыр щхьэусыгъуэ щащI мэхъу цIыхухэр лэжьапIэм мыкIуэнымкIэ.

- Уэшхым мэ иIэкъым. Къыщешхым деж къыхих мэр бактериехэм яйщ - псыф хъуа нэужь къызэщIэрыуэу аращ.

- Уэшх къызыхэкIыну пшэхэр къыщыхъур хыхэмрэ тенджызхэмрэ я щхьэрщ.

- Антарктидэм уэшх къыщешхакъым илъэс мелуан зыбжанэ хъуауэ.

- Таиланд жэщу фIэкIа уэшх къыщешхыркъым.

- Америкэм и Вайнсберг къалэм илъэс къэс бадзэуэгъуэм и 29-м уэшх къыщошх. Метеорологхэм къахутэфакъым абы щхьэусыгъуэ хуэхъур.

- Дунейм и щытыкIэнур къахутэу ирагъэжьащ радиостанцэ гуэрым и унафэщIыр уэшхышхуэм зэгуэр хиубыда нэужь. Ар егупсысауэ щытащ радиомкIэ а хъыбарыр къэптмэ, цIыху нэхъыбэ къызэродэIуэнум.

- 1920 гъэм нэхъ уэшхышхуэ дыдэр къыщешхауэ щытащ Германием.

- Великобританием хабзэ щыIауэ щытащ дунейм и щытыкIэнур пэжу къэзымыхутэ метеорологым и судыр укIкIэ пщIэну хуит укъищIу. Ауэ ар зэи къагъэсэбэпакъым.

- Къум хуабэвэхым уэшх къыщешх хъужыкъуэми, ткIуэпсхэр щIым лъэмыIэс щIыкIэ, хьэуа хуабэм зыщIеф.

- Чилим, Атакамэ къумым, илъэс 400 хъуауэ уэшх къыщешхакъым.

- Бразилием, Парэ къалэм, уэшх къызэрыщешхыр зы зэманым техуэущ. Уеблэмэ уэшхым и къешхыгъуэхэмкIэ сыхьэтыр тебухуэфынущ.

- 1228 Новгород мазихым и кIуэцIкIэ зы махуи дэмыхуу уэшх къыщешхауэ щытащ.

- ЩыIэщ уэшхым хэлъ сабэмрэ (пыльца) пкъахуэ щхьэхуэхэмрэ аллергие къызырит цIыху.

- Уэшх ткIуэпс нэхъ ин дыдэхэр миллиметри 6 - 7 хуэдиз мэхъу. ТкIуэпс нэхъ инхэр жьыбгъэм ирихьэлIэмэ, зыбжанэ ирещIыкIыж. ТкIуэпсхэр пшэм къыхэкIыу щIым къос дакъикъиблкIэ.

- XI-нэ лIэщIыгъуэм жьауэр къыщагупсысам дыгъэм зыщахъумэн мыхьэнэщ иIар. Уэшх къыщешхым деж къагъэсэбэпу щIадзащ I750 гъэм.

- Ди зэманым IэрыщIу уэшх къыщрагъэшх щыIэщ, пшэм мыл гъущэ хадзэурэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.