Урысей телевиденэм и каналхэм къызэрагъэпэщ творческэ зэхьэзэхуэхэмрэ шоу зэмылIэужьыгъуэхэмрэ нэхъыбэ хъуху ди лъэпкъэгъухэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ федеральнэ каналхэм щыдолъагъу. Иджы «Адыгэхэр» къафэмкIэ цIыхубэ ансамблым НТВ каналымкIэ екIуэкI «Страна талантов» нэтыным зыкъыщигъэлъэгъуащ. Къэрал псом щыщ уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, ансамблхэр, творческэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэт телепроектым я зэфIэкI утыку къыщрахьащ Адыгейм икIа къэфакIуэхэми. Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэсипщI ирикъу къэфакIуэ ансамблым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а Iуэхум.
- Апхуэдэ нэтыным ухэтыныр Iэмал гъуэзэджэщ къэралым укъыщацIыхунымкIэ. Абы зыщыхуэдгъэхьэзырым, репетицэхэмрэ прогонхэмрэ дыщыхэтым дызэрыгузэвам хуэдэ дыдэт унэм дыщIэсу нэтыным дыщеплъыжми. Псом хуэмыдэу гухэхъуэщ къэпщытакIуэ гупым уакъызэрыщыхъуам уедэIуэныр. Абыхэм куэд ялъэгъуащ, куэдым щыгъуазэщи, я пащхьэ щIэщыгъуэ гуэр ипхьэну тыншкъым. Дыщымыгугъауэ гуапагъэ куэд зэхыдагъэхащ Дружинин Егор, Бабкинэ Надеждэ сымэ. НыбжьыщIэхэм я дежкIэ къызэрыгуэкIтэкъым «Мосфильм» утыкушхуэм укъыщыфэну, ауэ сэ арэзы сыкъащIащ. Проектри сигу дыхьащ, абы и фIыгъэкIэ адыгэ щэнхабзэр иджыри зэ утыкушхуэ итхьащ. Мы гъэм ди ансамблыр къызэрызэдгъэпэщрэ илъэси 10 зэрырикъум и щIыхькIэ, концерт зыбжанэ ттыну ди мурадщи, НТВ-м и проектыр абыхэм я щIэдзапIэу къэплъытэ хъунущ, - жиIащ ансамблым и унафэщI Мэремыкъуэ Артур.
«Адыгэхэр» къэфакIуэ гупыр 2013 гъэм и щэкIуэгъуэм къызэрагъэпэщауэ щытащ, АР-м и Тэхъутэмыкъуей районым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Азмэт и жэрдэмкIэ. Ансамблым и къалэн нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэр адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм дегъэхьэхынырщ, щIэпIыкIынырщ, хуэгъэсэнырщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр утыку ишэнырщ, я зэфIэкIым зегъэужьынырщ, къызыхэкIа лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр ягъэлъапIэу гъэсэнырщ.
Зи гугъу тщIы къэфакIуэ гупыр щыуэ зэщхьэщыхащ: «Адыгэхэр» - нэхъыжь гупырщ, «Къафэ» - курыт ныбжь зиIэхэрщ, нэхъыщIэ цIыкIухэр «Нэхулъэщ». Псори зэхэту сабии 192-м иджыпсту зыщагъасэ ансамблым. Нэхъыжьхэр цIыху 40 мэхъу. КъэфакIуэ нэхъыщIэ дыдэу ансамблым хэтым и ныбжьыр илъэсиплI хъууэ аращ, нэхъыжь дыдэр илъэс 35-рэ ирикъуащ. Гупхэм Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я къафэхэр ягъэзащIэ, псори зэхэту къапщтэмэ, лъэпкъ къафэу 20 хэтщ я репертуарым.
Адыгэ хабзэм хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ, псэемыблэжу лъэпкъым зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ «Адыгэхэр» гупым 2015 гъэм «цIыхубэ ансамбль» цIэр къыфIащащ, Адыгэ Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ. 2014 гъэм къэфакIуэ гупыр щIэх-щIэхыурэ утыку ихьэу, зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ хэту хуежьащ. «Нальчик - подкова счастья» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ икIи абы хэта псоми елъытауэ, Кавказ Ищхъэрэм хореографиемкIэ гуп нэхъыфIу къыщалъытауэ щытащ. Апхуэдэуи «Адыгэхэр» хэтащ Тыркум щекIуэкIа Кавказ щэнхабзэхэм я дунейпсо фестивалым.
Мейкъуапэ, Сочэ, Дон Iус Ростов, Москва, нэгъуэщI щIыпIэхэми щекIуэкIа зэхьэзэхуэ куэдым пашэ щыхъуащ ансамблыр, Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и къэфакIуэ ансамбль нэхъыфIу къалъытащ.
А псом къадэкIуэу гупыр щIэх-щIэхыурэ гастроль йожьэ. Адыгейм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ зэрызыкъыщагъэлъэгъуам нэмыщIу, ныбжьыщIэхэм концерт щхьэхуэ щатащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз куейм, езыхэм ягъэпса этнопроектыр ягъэлъагъуэу ахэр щыIащ Москва, Краснодар, Черкесск, Сочэ, Владикавказ, Ставрополь, Тыркум и Бурсэ, Инегёль къалэхэм, Абхъаз Республикэм. Уеблэмэ ахэр хэтащ Беларусь Республикэм щекIуэкIа «Къафэм и лэгъупыкъу» хореографие гъуазджэмкIэ дунейпсо фестивалым.
- Сэ мы гупым къэфакIуэу сыхэтащ, иужькIэ къафэмкIэ згъасэу сыщылэжьащ, иджы сриунафэщIщ. Сабийхэр къафэм хуэбгъасэ къудейкIэ хъуркъым, атIэ я зэфIэкIым нэхъри зиужьын, я зэчийм зыкъызэкъуихын папщIэ зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ хэгъэхьэныр Iэмал зимыIэщ. Апхуэдэ утыкушхуэхэм ущихьэм деж зи ужь уит Iуэхум нэхъ утогушхуэ, уи лъэпкъ щэнхабзэр уогъэлъагъуэ, адрейхэм ейм зыщыбогъэгъуазэ, - жеIэ Мэремыкъуэм.
Дызэрыт илъэсым и бжьыхьэм ансамблым илъэсипщI зэрырикъур игъэлъэпIэнущ. Абы щыгъуэм утыку кърихьэнущ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэу щIэ куэд.
ШЫПШ Даянэ.