ИНТЕРНЕТЫМ ДЫКЪЫЩОДЖЭЩхьэж иIэр егуэш ЛIы гуэрым унэщIэ къищэхури Iэпхъуэжат. Лъапсэ къищэхуам хадэ иIэт, пхъэщхьэмыщхьэ IэфIыр куэду къапIыкIэрт абы ит жыгхэм. ЛIым иIэт зы гъунэгъу фыгъуэнэд. Ар сыт щыгъуи и ужь итт хьэблэм къыдэтIысхьагъащIэ лIым Iей гуэрхэр ирищIэну, зэгуигъэпыну. Зэм и куэбжэм пхъэнкIий къыкIэщIикIутэрт, зэм псы фIей къыкIэщIикIэрт, зэми и бжыхьыр икъутэрт. Махуэ гуэрым лIыр куэбжэм къыдэкIри къилъэгъуащ и гъунэгъум абдеж къигъэува пэгуныр. Абы пхъэнкIий изу илът. Пэгуныр къищтэщ, иунэщIщ, къабзэу итхьэщIри, хэплъыхьауэ нэхъ ину, нэхъ хъуауэ къыхищыпыкIыурэ мыIэрысэ из ищIащ. И гъунэгъум деж екIуэкIри, куэбжэм теуIуащ. Мо фыгъуэнэдым къэкIуар щилъагъум егупсысащ: «Сыту фIыт, икIэм-икIэжым къэзгъэгубжьащ. КъысфIэнэну къэкIуащи, сэри нэхъыбэж жесIэжынщ», - жиIэу. АрщхьэкIэ абы куэбжэр Iуиха нэужь, лIым мыIэрысэр зэрыз пэгуныр къыхуишиящ: «Хэт сыткIэ къулейми, ар егуэш», - жиIэри. Дыгъэм и тыгъэр Зэгуэр дыгъэм и бзийм жиIащ: - Сэ махуэ къэс щIылъэм сокIуэри, псори согъэхуабэ. Ауэ иджы сыхуейт цIыхугу згъэхуэбэну. - Хъунщ, сэ си хуабэм щыщ цIыхугум ептыну хуит узощI,- къыжриIащ абы дыгъэм, - а хуабэр зэпта цIыхур цIэрыIуэ хъунущ, куэд хузэфIэкIынущ. Ауэ сынолъэIу, си хуабэм щыщ зылъэбгъэIэсыну цIыхур нэхъыфIу къыхэпхыну, - жиIащ дыгъэм. Бзийр щIылъэм къехырт егупсысурэ, «дауэ къахэсцIыхукIыну цIыхум я нэхъыфIыр» … Абдежым зэхихащ зыгуэрым и макъ нэщхъей дыдэ. - Зы хъуапсапIэ зэзгъэхъулIэфыркъым. СурэтыщI сыхъуну сыхуейти, унэ зесхьэу сыдэувэжащ. Зы хъыджэбз фIыуэ слъэгъуати, ари къысхудэхьэхакъым, - жиIэурэ и щхьэм хуэпсэлъэжырт зы щIалэ. - Уэ зэфIэкI уиIэщ, уIэпщIэлъапщIэщ икIи ущIалэщ, - жиIэри, дыгъэ бзийр къэцIууащ, дыгъэм и хуабэм щыщи щIалэм и гум ирилъхьащ. ЩIалэм и щхьэр къиIэтри, дунейр зэрыдахэм гу лъитэу къызэхиплъыхьащ. Краскэхэр къищтэри, удз гъэгъа Iэрамэ дахэ хуищIащ фIыуэ илъагъум. Ар хъыджэбзым щригъэлъагъум игу ирихьащ икIи къыщыгуфIыкIащ. ЩIалэм пщIэкIэ унэ зэрихьэрти, дыгъэм и бзийр и гум къытепса нэужь зэрихьа зы унэ егъэлеяуэ екIу хъуат. Ар зейр гуфIащ: «Сэ си гугъат уэ унэ зепхьэу улажьэ къудейуэ. Хьэуэ, уэ усурэтыщI Iэзи!» - къыжриIащ абы. Бзийр къэкIуэжри, дыгъэм зыхуиумысыжащ, щIым кIуа нэужь, цIыхум я нэхъыфIыр къызэримылъыхъуамкIэ, атIэ япэу къилъэгъуам бзийр зэрыритар. - Уэ уи фIэщ хъуащ а узыIущIам хузэфIэкIынур зыхуэдизыр! А уи фIэщхъуныгъэми ар нэхъыфI ищIащ! – къыжриIащ дыгъэм. Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|