Бгылъэ жылэхэм я Iуэху зыIутым зыщегъэгъуазэШэджэм щIыналъэм щыIащ икIи Шэджэм-2 - Булунгу гъуэгущIэм и ухуэныгъэр здынэсар зригъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Гъуэгур тезылъхьэхэм зэрыжаIамкIэ, иджыпсту зи ужь ит Iыхьэр и кIыхьагъкIэ зэрагъэпэщыжынущ. Абы щыщу километр 12,5-р 2022 гъэм зэфIагъэкIащ, километри 9-м иджырей уэздыгъэхэр фIадзащ. КъищынэмыщIауэ, метри 134- рэ зи кIыхьакъ лъэмыжи 5-р зыхуей хуагъэзэжащ. Иджыпсту Хъущтэ-Сырт къыщыщIэдзауэ Шэджэм псыкъелъэхэм нэс кIуэ гъуэгум йолэжь, ар километри 2 мэхъу. IэщIагъэлIхэм псы Iуфэхэр ягъэбыдэ, гъуэгубгъухэр шынагъуэншэ ящI. А псори 2026 гъэм и кIэм нагъэсыну я мурадщ. Гъуэгур нэхъ бгъуэ хъунущ, псым гуимылъэсыкIын хуэдэу быдэу щыты-нущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|