АБАЗЭ-АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Ди тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм и гугъу щытщIат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм къэрэшейхэр зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну лъахэхутэ гуэрхэр зэрыхущIэкъум.   

АтIэми, дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ  бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр ипэжыпIэкIэ зэрыщытар зэхэзыгъэкIыну зи щхьэ тезымылъхьэхэрщ.

 «Архъыз» псалъэм ехьэлIауэ

Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, XIX лIэщIыгъуэм икухэм хуэзэу Урысейм и унафэщIхэм къэрэшейхэр елъэIуат абазэ-беслъэней-къэбэрдей лIакъуэхэр зыдэса, яужькIэ нэщI хъуа псыхъуэхэм дэтIысхьэну хуит къащIыну. КъащехъулIэм, къэрэшейхэм, зыкърачри, зи гугъу ящIа къуэладжэхэм зыщаубгъуащ, гъунэгъу тIуащIэхэмкIи задзащ, Архъыз и Iэгъуэблагъэри къызэщIрагъэубыдэу. 

Абхъаз щIэныгъэлI Бгажбэ Хухут «Некоторые вопросы топонимики и этнонимии Абхазии» и тхылъ гъэщIэгъуэным зэрыщитхымкIэ, «Архъыз» фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр: «А-рхы», «А-рха»-р «псы Iуфэ тафэ», «ныджэ» мыхьэнэхэм хуэбгъакIуэ хъунущ. АтIэми, абдежым бгыхэр нэхъ щызэкIэщIэкIуэтащ, псыр щежэх тафэми сэтей теплъэ иIэщ.

Бгажбэ Хухут и Iуэху еплъыкIэм и телъхьэу, щIэныгъэлI Фёдоров Яков и лэжьыгъэхэм ящыщ зым щетх: «Зи гугъу тщIы щIыпIэр набдзэгубдзаплъэу къэзыплъыхь дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абы “псы Iуфэ тафэ” (“ныджэ бгъуфIэ”) хужыпIэ зэрыхъунуми. Къэхъуагъэнущ: Инжыдж и псыхъуащхьэхэм къэрэшейхэр дэтIысхьа иужь, “Архъыз” фIэщыгъэр, тюркхэм я бзэм хуахьу, “зэпэгъэщхьэхукIыпIэ жыжьэ”, «гъунапкъэ» мыхьэнэхэр кърагъэкIауэ.   

Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Фёдоров Яков «Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории» зыфIищам щетх: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщ зыщ Инжыджышхуэ псым зыкъыщызэщIикъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэтщ Архъыз хэлъэдэж Рычэпстэ псы цIыкIум зэреджэри. А цIэр абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ тхузэпкърыхынущ».

Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм Архъыз къедза тIуащIэм зэреджэу къадекIуэкIа «ХапIэжь» фIэщыгъэми куэдым урегъэгупсыс…

Рычэпстэ (Речепста)

Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ щIыпIэцIэхэм язщ.

ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ къыбгуроIуэ. Япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ»-м, зэхэту абхъазыбзэкIэ «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та»-р, тIууэ гуэшащи, япэр, «пс» («псы»)-р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та»-р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ.

Рычэпстэ цIэр зэрехьэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуршылъэхэр зэпызыщIэ «Абашира - Ахуба» бгы шытх екIуэкIым къыщIэж псы бгъунж цIыкIур зыбгъурылъадэ Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 3214-рэ и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псыхъуащхьэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. Рычэпстэ Архъыз хохуэж, Архъыз Псыш холъэдэж, Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ.

ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхутэ-щIэныгъэлI Твёрдый Александр «Словарь топонимики Кавказа» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, «Рычэпстэ» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псы бэкъу» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ.

Абашира-Ахуба

Кяфаррэ Инжыджышхуэрэ егъэщIылIа тIуащIэхэм я зэхуаку дэт шытхщ. Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр абхъазхэм я деж къыщекIуэкI Абышыр унагъуэцIэм къытехъукIащ, «Ахуба» пычыгъуэр адыгэбзэм хэт «хъупIэ» псалъэм хуэхьыпхъэщ. 

ИтIани, «Ахуба» псалъэр къызытепщIыкIам ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIи щыIэщ. Ар - абхъаз-абазэхэм я деж къыщекIуэкI цIыхухъуцIэу «Ахъубэ» - «Хъубэ» жыхуиIэм зэрыхуахьырщ. И телъхьэхэм абыкIэ щапхъэу къахьыфынущ абазэбзэм хэт нэгъуэщI псалъэхэри. Апхуэдэщ «Хвыба йдзыхь» («Хъубэ и псынэ») жыхуиIэ щIыпIэцIэмрэ а лъэпкъым я деж къыщекIуэкI Ахъбэ унагъуэцIэмрэ.

Агурипста - Агурибза

Апхуэдэу зэджэ псы къуэпсыр Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щежэх Лабэшхуэ хэлъэдэжхэм ящыщ зыщ.

ФIэщыгъэр «Агыраа», «бзы» Iыхьэхэу зэхэтщи, лъахэджхэм къызэралъытэмкIэ, япэр «Аджырэ» унагъуэцIэу ди нобэми абазэхэм я деж къыщекIуэкIым къытехъукIащ. ЕтIуанэр, «бзы» жыхуиIэр, зэрытщIэщи, убыххэм я бзэм зэрыхэтыр «псы» мыхьэнэр къикIыущ. Аращи, щIыпIэцIэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «Аджырэхэ япс» жыхуиIэущ. 

Адзэпш (Адзапш)

Апхуэдэу йоджэ Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро и псы къуэпсхэм ящыщ зыми, а щIыпIэм къыщыщIэж псы пщтыр хущхъуэхэми (псори зэхэту 20-м щIегъу), а Iэгъуэблагъэм къуршхэмкIэ къыщыпэгъунэгъу Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэу Абхъаз Республикэм зыщызыубгъуам  узэрыщхьэщыхьэфыну щхьэдэхыпIэ цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «адзэ» жыIэкIэу «пщтыр» мыхьэнэр къызэрыкIырщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ. 

Аджара

Лабэшхуэ и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ бгыхэм ящыщ зыщ.  

ЩIыпIэцIэр къызытехъукIа «аджарэ» псалъэр абхъазыбзэм къызэрыщыкIуэр жыг лъэпкъыгъуэу адыгэхэм «пхъэщабэ» зыхужытIэрщ.

Зи гугъу тщIы фIэщыгъэм ещхьу а лъэныкъуэмкIэ иджыри ущрохьэлIэ Лабэшхуэ и къежьапIэм зэрыпэжыжьэ щымыIэу, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъадэ «Аджарэ Ду» («Аджарэ Ин») зыхужаIэ къуэпсымрэ «Аджарэ ЧкIвын» («Аджарэ ЦIыкIу») псалъитI зэпхамкIэ зэджэ псынэ къыщIэжыпIэмрэ.

Дызэрыщыгъуазэщи, «Аджарэ» цIэр зэрехьэ Абхъазым щежэх Кодор псышхуэ абрагъуэм ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыс къуажэми.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ