Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Инчы Иринэ Къэралбий и пхъур Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм щолажьэ. КъБКъУ-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и институтым Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджэнымкIэ, теориемрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу щытащ Иринэ. Адыгэбзэр зэрырагъаджэ методикэм куэду телэжьыхьащ. IэмалыщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ сабийхэр адыгэбзэм зэрыдебгъэхьэхыным егъэджакIуэхэр хуигъасэу Налшык щыIащ. Иджы щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэм адыгэбзэр зэрыщригъэджым, хэхэс адыгэхэм я лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ Иринэ къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- Иринэ, дэ фIыуэ удоцIыху Налшык щепхьэкIа лэжьыгъэмкIэ, дауэ утегушхуа Тыркум егъэджакIуэу укIуэну? Дапщэщ лъандэрэ ущылажьэрэ?
- Тыркум адыгэ нэхъыбэ хэхэсу зэрыщыпсэур псоми дощIэ. Адрей къалэхэм хуэмыдэжу, Къайсэр адыгэ куэд дэсщ. Абы къыхэкIыу, мы къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмкIэ кафедрэ къыщызэIуахыну илъэс зыбжанэ хъуауэ загъэхьэзырырт. Сэ абы сыщылэжьэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Си лэжьыгъэм сфIэфIу сыпэрытт, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ щэныфIэхэм, гуапэхэм, губзыгъэхэм, псэемыблэжхэм садэлажьэрт, курсхэр езгъэкIуэкIырт, федеральнэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтт, абыхэм ди егъэджакIуэхэр зэрыхэсшэным иужь ситу.
Дызэримыгугъэу гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт. Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ кафедрэр къыщызэIуахым, доценту срагъэблэгъащ, 2018 гъэ лъандэрэ абы сыщолажьэ.
- ЦIыху дапщэ къыщIэтIысхьэрэ ущылажьэ къудамэм? Дапщэм къауха нобэкIэ, иджыпсту щеджэм я бжыгъэр къыджепIэн?
- 2018 гъэм и бжьыхьэм япэ курсыр къэтщтащ. Адыгэбзэр яджыну университетым цIыху 31-рэ къыщIэтIысхьат, абыхэм ящыщу цIыхуиблыр тыркут, адрейхэр адыгэт. Апхуэдиз студент дызэриIэр хуабжьу гуапэ тщыхъуат, дыщыгуфIыкIат. 2021 гъэм япэ гупым, цIыху 15-м, еджэныр къаухащ. ИужькIэ къыщIэтIысхьахэми я бжыгъэр а 30-м нэсырт, ауэ коронавирусым и зэманым цIыху 17-м хуэкIуащ.
2022 - 2023 гъэ еджэгъуэми цIыху 29-рэ къэтщтащ. Иджыпсту псори зэхэту курсиплIым студент 60 щыдогъаджэ. Ди студентхэм ящыщ куэдым щIэныгъэ етIуанэ зрагъэгъуэтыну къыщIэтIысхьэу аращи, ныбжь нэхъ зиIэхэри, лэжьыгъэ IэнатIэ Iутхэри яхэтщ. Ауэ лъэкI къамыгъанэу йогугъу, еджапIэр зэрыхыфIамыдзэжыным иужь итхэщ.
- АдыгэбзэмкIэ кафедрэм и лэжьыгъэм, абы Iуэху щызыщIэхэм, хэхэсхэм я бзэр яджыжыным теухуауэ университетым щыIэ хабзэхэм укъытхутепсэлъыхьамэ арат, Иринэ.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейщ университетым адыгэбзэ кафедрэр къыщызэIуахын папщIэ зи гуащIэ хэзылъхьа адыгэ профессорхэу доктор Озтюрк (Лэнкъуэж) Илъхьан (а зэманым щIэныгъэмкIэ факультетым и декант), инженерхэмрэ машинэухуэхэмрэ щагъэхьэзыр факультетым и профессор доктор Озден (Къущхьэ) Седат. Мыхэр мыхъуамэ, кафедрэр иджыри щIэх къызэIуахынтэкъым. Лэнкъуэж Илъхьан Налшык фIыуэ къыщацIыху. ИнформатизацэмкIэ институтым къызэригъэпэщу щыта конференцхэм щыIащ, абы и унафэщIу щыта Нэхущ Iэдэм дэлэжьащ, уеблэмэ и цIэкIэ ятхыжа тхылъым Илъхьан и гукъэкIыжхэр ихуащ.
Ди кафедрэр къыщызэIутхым псом япэу программэр дгъэхьэзыращ. Абы къызэщIеубыдэ еджэныгъэр, тхыгъэр, псэлъэнымрэ едэIуэнымрэ, урысыбзэр, морфологиер, синтаксисыр, мифологиер, адыгэ сабий литературэр, адыгэ литературэр, адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ, зэдзэкIыныр, нэгъуэщIхэри. Тырку хабзэмкIэ кафедрэм и унафэщIу щытын хуейр къэралым и цIыхущ. Ди кафедрэм и тхьэмадэ Илдырым Ариф тырку щIалэщ, илъэси 10-кIэ Москва къэрал университетым щылэжьащ, урысыбзэмкIэ щIэныгъэлIщ. Ар бзэмкIэ хуабжьу къыддоIэпыкъу, цIыху хъарзынэщ, щэныфIэщ, гу къабзэщ, гъэсэныгъэ зыбгъэдэлъщ. Сэ Алыхьым фIыщIэшхуэ хузощI, мыбы сызыщрихьэлIэ цIыхуфIхэм щхьэкIэ.
Езы Эрджиес университетым теухуауэ интернетым гъэщIэгъуэн куэд фыкъыщеджэфынущ. Абы и литературэ факультетыр лъэщщ. Ар къыхокI бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэджым: адыгэбзэ, тыркубзэ, урысыбзэ, ермэлыбзэ, иврит, китаибзэ, кореибзэ, хинди, японыбзэ, нэгъуэщIхэри. Тырку къэралыгъуэм зэрызиужь программэм ипкъ иткIэ, хэхэсхэм я бзэр яджыжыну хуит ящI, абы папщIэ программэхэри ягъэхьэзыр. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэхэм адыгэ сабийхэр пщыкIуий щызэрыгъэхъурэ, «адыгэбзэ деджэну дыхуейщ», - жаIэмэ, ар къыхузэрагъэпэщынущ. Апхуэдэу ди анэдэлъхубзэр курыт еджапIэ куэдым щадж.
- Дэ зэрытщIэмкIэ, Къайсэррэ Дюзджэрэ дэт университетхэм щолажьэ адыгэ къудамэхэр. НэгъуэщI къалэхэми къыщызэIуахауэ пIэрэ? Школхэм бзэр зэрыщрагъэджыр узыщыгуфIыкIынщ.
- Школхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр методикэ лъэщым тету зэхалъхьащ, щхъуэкIэплъыкIэ дахэурэ ягъэхьэзыращ. Гупхэм хэтщ ныбжькIэ, щIэныгъэкIэ зэхуэмыдэхэр. Псалъэм папщIэ, бзэмкIэ мыпсэлъэфхэри екIуу псалъэхэри, илъэсибл фIэкIа мыхъухэри, зи ныбжьыр илъэс 12 е нэхъыбэ хъухэри зэхэсщ. Апхуэдэ лэжьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми сыщрихьэлIауэ щытащ. Тырныауз къалэ Отаровым и цIэр зэрихьэу дэт лицей №1-м щолажьэ егъэджакIуэ бэлыхь, зи цIэр ину пIэт хъуну КIэмыргуей Тосэ. Абы и лэжьыгъэр къэтпщытэну еджапIэм дыщыкIуам, гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуауэ щытащ: адыгэбзэ дерсым щызэхуэсат еджакIуэ нэхъыщIэхэри нэхъыжьхэри. Сабийхэри сыхьэт бжыгъэри зэрымащIэм къыхэкIкIэ, апхуэдэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхэс егъэджэкIэм хуэкIуэн хуей хъуахэт. Апхуэдэ гупым егъэджакIуэм и пщэм къыдилъхьэ къалэн гугъухэм Тосэ зэрыпэлъэщар сигу икIыжкъым. А гуп зэхэшэкIэм и лъэныкъуэ хъарзынэщ адыгэбзэр практикэ щIыкIэм тету зэрырагъэджыр. ДжэгукIэхэр, зэпсэлъэкIэхэр, социально-коммуникативнэ технологиехэр щыкуэдщ, грамматикэр щымащIэщ.
Иджыпсту адыгэбзэр щаджыр зи гугъу пщIа университетитIращ. Дюзджэ - хьэтыкъуеибзэр, Къайсэр къэбэрдеибзэр щадж. Университетым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтам Хасэхэми адыгэбзэр щригъэдж хъунущ, къэрал лэжьапIэ ув, полицэм щылажьэ хъунущ.
- Факультетым къыщIэтIысхьэхэм бзэр ящIэрэ? Хьэмэрэ алыфбейм щыщIэдзауэ фадэлажьэрэ?
- Ди студентхэр гупищу зэхэтщ: бзэр зыщIэ, тхэф, еджэф, тхылъхэр, статьяхэр зытхыф; бзэр зымыщIэ, ауэ къызыгурыIуэ; бзэр зэи зэхэзымыхахэр. Нэхъыбэм бзэр ящIэркъым, кириллицэр яцIыхуркъым. Абы къыхэкIыу адыгэбзэр алыфбейм къыщыщIэдзауэ идогъэдж.
- Хэхэс адыгэхэм я щIалэгъуалэм фащыдэлажьэкIэ, фолъагъу абыхэм я дуней тетыкIэр, хьэл-щэнхэр, зэхэтыкIэр. Сыт хуэдэ ахэр? Тыркухэм ещхь хъуа, хьэмэрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр, хабзэр, лъэпкъ зыхэщIыкIыр ядэфлъагъурэ, яхэлъыж? НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэу къызэтена?
- Сэ ди студентхэм ядэслъагъур цIыхугъэщ, гуапагъэщ, бзэ IэфIагъэщ, гъэсэныгъэщ, хуитыныгъэщ, щIалэгъуалэр зэIухащ. ЗэрыжысIащи, дэ адыги тыркуи идогъаджэ. ЦIыхугъэр дэни щыцIыхугъэщ. Тыркум щыпсэу адыгэхэр тыркухэм ещхь хъуарэ мыхъуарэ сэ жысIэфынукъым, ауэ Хэкум щыпсэу адыгэхэм къазэрыщхьэщыкIыр нэрылъагъущ. НэгъуэщIуи хъункъым. Мыр нэгъуэщI къэралщ, щызекIуэр нэгъуэщI бзэщ, нэгъуэщI хабзэщ. Ауэ адыгэхэр зы зыщIу, лъым хэлъу гу зылъыстэр, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIырщ, щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэрщ, адыгэгу зэракIуэцIылъырщ. Лъэпкъ зыхэщIыкIыр дэтхэнэми къыдокIуэкI.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, щIалэгъуалэм бзэр ямыщIэми, адыгэну хуейщ.
- Дэ дызрихьэлIэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу ди студентхэращи, ахэр адыгэбзэ къудамэм къыщIыщIэтIысхьар бзэр, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр ящIэну хуейуэ аращ. Аракъэ адыгэну хуейм къикIыр?! Зы мащIэми хуабжьу щогуфIыкI, яфIэгъэщIэгъуэну махуэхэм я цIэр зэрагъащIэ, адыгэ нэщэнэхэр, псалъэжьхэр телъыджэ къащохъу. Псалъэжьхэм я мыхьэнэр зэрыкуур, купщIэшхуэ зэраIэр езыхэм жаIэ. ЯфIэфIу адыгэ псалъэжьхэр тырку псалъэжьхэм ирагъапщэ. Тхыдэри, хабзэри, бзэри хъарзынэу къащтэ, я унагъуэхэм ар щаIуэтэж. Апхуэдэу щыхъукIэ, ди студентхэм нэмыщI, абыхэм я унагъуэми дыщылажьэу жытIэ хъунущ.
- Иринэ, уэ илъэс зыбжанэ хъуауэ Тыркум ущопсэу, ущолажьэ. ЩIалэгъуалэм и закъуэ мыхъуу, абы щыIэ адыгэхэм нобэ я псэукIэм, гупсысэкIэм утезгъэпсэлъыхьынут. Уэ пцIыху балигъхэм, унагъуэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр сыт хуэдэ? Бзэр зыщIэр куэд хъууэ пхужыIэну?
- ГуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэкIэ, благъагъэкIэ унагъуэ куэдым сихьащ сэ. Мыбы щыIэ нэхъыжьхэр къуажэхэм къыщыхъуащи, адыгэбзэр фIыуэ ящIэ, адыгэ гушыIэкIэ дахэ яхэлъщ. Дахащэу зохъурджауэхэр. ЕмыкIумрэ екIумрэ зэхащIыкI, сэркIэ ар лъапIэщ. Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я тIысыпIэхэр ящIэ, унагъуэ хабзэр яIыгъщ. Дауи, абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри игъуэтащ. СэркIэ ари тэмэмщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хабзэр ижыхьакъым, ар лантIэщ, зэманымрэ узыхэт дунеймрэ епхащ. Псом нэхъыщхьэр пкъыращ, ар псэумэ, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэнэ-нущ.
Псалъэм папщIэ, си пщыпхъум и унагъуэм ис сабийхэр псори адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Илъэс пщыкIубгъу хъууэ зы пхъурылъху щIалэ яIэщи, ар, езым зригъэсэжауэ, адыгэ пшынэ йоуэ, уэрсэру мэпсалъэ, адыгэ нэтынхэм интернетымкIэ йоплъ, уэрэдхэм йодаIуэ. Абы и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIур екIуу къофэ, ари мэпсалъэ, йоджэ. Мы унагъуэм адыгэбзэкIэ псори щопсалъэ, я сабийхэр Хасэм макIуэ.
Хасэхэм мыхьэнэшхуэ щаIэщ Тыркум, ахэр щэнхабзэ центр хъуащ. ЩIалэгъуалэ куэд зэхуашэсыф, адыгэ щэнхабзэм ирашэлIэф. Лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI абыхэм. КIэщIу жыпIэмэ, сэ сызрихьэлIа цIыхухэм я нэхъыбэм бзэр ящIэ, иропсалъэ. Зыгуэрхэм къагуроIуэ, ауэ псэлъэфыркъым.
- Къайсэр щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм нэхъ убгъуауэ утезгъэпсэлъыхьынут.
- Къайсэр ХаситI дэтщ. Зыр щэнхабзэм, бзэм, щIалэгъуалэ Iуэхум нэхъ епхащ, адрейр нэхъыжьхэмрэ динымрэ нэхъ толажьэ. ТIуми я нэIэ къыттет зэпытщ. Кафедрэр къызэIухыным иужь итахэм ящыщщ Хасэхэр, икIи ялъэкI къамыгъанэу студентхэр адыгэбзэ къудамэм кърашалIэ. Хэхэс адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ абыхэм. Сэ сызэреплъымкIэ, Къайсэр и Хасэхэм я къудамэхэр нэхъыбэу къалэм дэтын хуейт, сабийхэр нэхъ тыншу адыгэ унэм кърашэлIэфын папщIэ. Хасэм адыгэбзэмкIэ курсхэр щокIуэкI, сабийхэм, щIалэгъуалэм къэфэкIэ щрагъасэ, бзэм зиужьыным йолэжь. «Зы бзэ - Адыгэбзэ» гуп щыIэщи, ахэр бзэм кIэлъоплъ. Этимологие и лъэныкъуэкIэ псалъэхэр зэпкърах. Токъмакъ Айдын и еплъыкIэр щитхыжащ «ЩIы, уэ, псы, бзэ. Ди бзэ - Адыгэбзэ» тхылъ гъэщIэгъуэным.
Хасэм кърихьэжьа IуэхущIэхэм ящыщу къыхэзгъэщынут адыгэ кхъуейм и патентыр къызэрыIахар. Иджы кхъуей щыхах завод зэрагъэпэщауэ, адыгэ кхъуей плъыжь ящI, ящэ. АбыкIэ Къайсэр и къалэ унафэщIыр хуабжьу къадэIэпыкъуащ. ЖыIэн хуейщ лъэпкъ IуэхухэмкIэ тырку къэралыгъуэр Хасэхэм фIыуэ зэрадэIэпыкъур.
Абыхэм къадэкIуэу адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIым щыхуагъасэ курс щыIэщ Хасэм. Абы папщIэ пщэфIапIэ зэгъэпэща яIэщ. КъБР-м щыщ Къущхьэ Оксани зыбжанэрэ кърагъэблагъэри, мастер-класс итащ.
ХаситIри университетым дыщихьэщIэщ. Сыт щыгъуи дызэпыщIащ, дызэрыIыгъщ. Адыгэбзэм Тыркум зыщиубгъунымкIэ, щэнхабзэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ, адыгэ лъэпкъ зыхэщIыкIыр лъым хэпщэнымкIэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр жысIэфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ хуэфащэщ.
- Уэ узэреплъымкIэ, сыт хуэдэ къэкIуэн яIэ Тыркум щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм? Ахэр хэшыпсыхьыжыну жызыIэхэм къадэпщтэрэ хьэмэрэ дызыхэпсэукI лъэхъэнэм ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ зэрефIэкIуам, лъэпкъ зэхэщIыкIыр нэхъ къэушыж зэрыхъуам я фIыгъэкIэ, къызэтенэну?
- Мыр упщIэ гъэщIэгъуэнщ. Си гугъэмкIэ, Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм гъуэгуитIри къапэщылъщ. Языныкъуэхэр я IуэхущIафэмрэ я фейдэмрэ хигъэшыпсыхьыжынущ, адрейхэр, е инэхъыбэр, я лъэпкъ зэхэщIыкIыр текIуэнурэ, адыгэу къызэтенэнущ.
Пэжщ, ди зэманым зэпыщIэныгъэхэр нэхъ ефIэкIуащ, ауэ ахэри сфIэмащIэщ. Хэкум кIуэн-къэкIуэжыныр нэхъ тынш, нэхъ пуд хъун хуейщ. Къэбэрдей, Шэрджэс, Адыгей щIыналъэхэм зэи щымыIа хэхэсым и нэгу къыхущIэгъэхьэнукъым адыгэ псэукIэр, гупсысэкIэр, зэхэтыкIэр. Ди студентхэр бзэмкIэ практикэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым нэтшэну дохъуапсэ, ар къыддэзыщтэн, къыддэзыIыгъынхэм дащощIэ. ФIы дыдэ хъунут Эрджиес университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэдэлэжьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIамэ.
Ди студентхэр Налшык накIуэмэ, хэкурыс студентхэм ядеджэмэ, къэрал псэукIэр ялъагъумэ, адыгэхэм яхыхьэмэ, адыгэбзэр нэхъ тыншу зэрагъэщIэнут, я адыгэпсэми «дамэ къытекIэнут».
Епсэлъар
НэщIэпыджэ Замирэщ.