МОНОМАХ И ПЫIЭ ХЬЭЛЪЭР

Мономах и пыIэр Кремлым Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъыжь дыдэщ. Урыс пащтыхьхэм хабзэм тету ар зыщхьэратIагъэрт тетыгъуэр къащылъысым деж. ПыIэм и хьэлъагъщ грамм 993,66-рэ. КъыздикIар IупщI дыдэкъым, щIэныгъэлIхэм абы теухуауэ гупсысэ щхьэхуэхэр яIэми. Хуагъэфащэ Византием, Азие Курытым е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыщэкIхэм ящIауэ. Языныкъуэхэм къалъытэ Iуэ дыщэм и хъану щыта Узбек Москва тыгъэ къыхуищIауэ. Мономах и пыIэр гъэщIэрэщIащ дыщэкIэ, мывэ лъапIэхэмкIэ, къунфэхъум (соболь) ицкIэ.

Пётр I пащтыхьыгъуэм щытеувэм Мономах и пыIэр зыщхьэритIэгъакъым. Пащтыхьхэм илъэси I78-кIэ къагъэсэбэпа пыIэр Москва Кремлым и Успенскэ чэщанэм иратыжащ. Мономах и пыIэм нэмыщI, абы тращIыкIауэ нэгъуэщIхэри щыIэт. Псалъэм папщIэ, налмэс (алмаз) пыIэр Иван V - м папщIэ Москва IэщэхэмкIэ и заводым и дыщэкIхэм ящIауэ щытащ. Ар налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIащ.

Пушкин Сергей и «Борис Годунов» тхыгъэм хэт псалъэхэр: «Сыту ухьэлъэт Мономах и пыIэр!» ди зэманми мыхьэнэ иIэу къагъэсэбэп жыIэгъуэ хъуащ. АбыкIэ къагъэлъагъуэ къулыкъу пэрыувэм и пщэм жэуаплыныгъэ хьэлъэ къызэрыдэхуэр.

2016 гъэм Кремлым IэщэхэмкIэ и пэшым и щIыхькIэ банк Нэхъыщхьэм къыдигъэкIащ соми 3 хъу дыжьын ахъшэр. 3000 бжыгъэр иIэу къыщIагъэкIа ахъшэм тетщ Мономах и пыIэм и теплъэр.

Мономах и пыIэр Калита Иван и цIэм ирапх. 1328 гъэм абы итхауэ щыта «духовнэ грамотэкIэ» зэджэм къыщыхьащ «дыщэ пыIэ» псалъэр. Ар Мономах и пыIэрауэ хуагъэфащэ.

XVI-нэ лIэщIыгъуэм къыдэкIауэ щытащ «Сказания о князьях Владимирских» трактатыр. Абы зэритымкIэ, Византием и пащтыхь Мономах Константин IX-м и хьэпшыпхэр и къуэрылъху Мономах Владимир Iэрагъэхьауэ щытащ, пыIэри яхэту. Япэу Мономах и пыIэр летописым къыхэщащ 1518 гъэм, Иван III - ми къуэрылъху Дмитрий тетыгъуэр къыщыIэрыхьэм щыгъуэ.

Пётр I - м папщIэ ягъэхьэзырауэ щытащ «Мономах и пыIэм и етIуанэ лIэужьыгъуэ» зыфIащар. Абы грамм 600 и хьэлъагът. Пётр I - м и щIэблэм Мономах и пыIэр яIэригъэхьакъым, езыр пащтыхь щыхъунум щхьэритIэгъар нэгъуэщIти. И ужь къиувэхэм папщIэ абы иригъэщIащ европей щIыкIэу гъэпса таж (корона).

1762 гъэм, Екатеринэ II - м пащтыхьыгъуэр щиубыдым щхьэритIэгъауэ щытащ пащтыхь таж ин. А зэманым ирихьэлIэу Мономах и пыIитIри Успенскэ чэщанэм (собор) щахъумэрт.

Мономах и пыIэр Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Мылъкуу абы пэхъункIэ хъунур къэплъытэфынукъым. Ауэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым, пэшым хьэпшыпу щIэлъым я уасэр къыщыхьа дэфтэрым пыIэр къыщылъытат сом 1992-кIэ. ГъэщIэгъуэнщ, дэфтэрым зэритымкIэ, Пётр I - м хурагъэщIауэ щыта пыIэр хуэдитIкIэ нэхъ лъапIэу къалъытат - сом 4250-рэ.

Мономах и пыIэр тхыдэм теухуа фильмхэм щыболъагъу. Езы пыIэр зыIэрыбгъэхьэфынкIэ Iэмал иIэкъым, кино щытепхкIэ. «Мосфильмым» и киностудием щахъумэ Мономах и пыIэм Маланчук Юлие трищIыкIар.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.