ЩIэблэр яущий

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» мазэ лэжьыгъэр иухащ. А зэманым къриубыдэу абы хэтащ класс нэхъыжьхэм щIэс 7000-м щIигъу.
 
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэ­ры­зэ­рагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управ­ленэмрэ Налшык къалэм и УМВД-м ба­лигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэ­хэмрэ, Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментымрэ ЩIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэмрэ республикэм Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм и Наркологие дис­пансерымрэ ящIыгъуу, Налшык дэт курыт еджапIэ №№ 21, 33-хэмрэ «Успех» егъэджэныгъэмкIэ центрымрэ адэ-анэ­хэм­рэ школакIуэхэмрэ я зэхуэсхэр щрагъэ­кIуэкIащ акцэм ипкъ иткIэ. Зэпкърыхауэ абыхэм щытепсэлъыхьащ наркотикхэкI-хэр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр игъэ­кIыным зэрыпэщIэтыпхъэм, террориз­мэмрэ экстремизмэмрэ, балигъ мыхъуа­хэр хабзэншагъэ Iуэхухэм хашэныр къэбгъэхъу зэрымыхъунум. 
Iуэхухэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым хэт, Налшык къалэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылёв Валентин, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ, спортсмен, тренер цIэрыIуэхэр, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, къагъэлъэгъуащ Хэкум хуэпэжыным теу­хуа документальнэ фильмхэр. Езы школа­кIуэхэр жыджэру хэтащ къаIэта Iуэхухэм. 
АдэкIэ хьэщIэхэм школакIуэхэм ягу къа­гъэ­кIыжащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным ­административнэ, уголовнэ Iуэхум узэ­ры­хуишэр, зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ ­ап­­­хуэдэ пкъыгъуэхэр Iэпкълъэпкъым зэ­­регуауэм, гулъытэншэу къэнакъым фа­дэмрэ туты­нымрэ япылъ зэраныгъэри. 
УАРДЭ Жантинэ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто