Абы щыгъуэщ дыкъыщызэтенэнур

«Адыгэ макъ» республикэ газетым и лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ Адыгейм и мызакъуэу, гъунэгъу хэгъэгухэми къыщацIыху, и тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр ­къуэш республикэхэми щызэIэпах, хамэ къэрал куэдым адыгэ щIэджы­кIакIуэхэр щиIэщ. 
Лъэпкъ газетым къыдэкIын зэры­щIидзэрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и редактор нэхъыщхьэ, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист МэшлIокъуэ Саидэ. «Адыгэ макъым» къикIуа гъуэгуанэм, нобэ и Iуэху зыIутым, щылажьэхэм я зэфIэкIым, газетымрэ Интернетымрэ я къызэдекIуэкIыкIэм теухуа и гупсы­сэхэмкIэ къыддэгуэшащ ди лэжьэгъур. 

- Саидэ, 1923 гъэм гъатхэпэм и 8-м дунейм къытехьауэ щытащ япэ адыгэ газетыр. А лъэхъэнэм ар лъэпкъым дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэт. Нобэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ республикэм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым икIи сыт хуэдэ пщIэ щиIэ щIэджыкIакIуэхэм я деж? 
- Илъэси 100-кIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэ лъэпкъым газет иIэ зэрэхъуар и мыхьэ­нэм къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. «Адыгэ макъым» япэ редактор нэхъы­щхьэ хуэ­хъуар Къэрал саугъэтыр зыхуа­гъэфэща тхакIуэ КIэрашэ Темботт. 
Къэрал унафэкIэ газетым къыдэкIын щIидзащ икIи зы лIэщIыгъуэ хъуауэ ди лъэпкъым, и тхыдэм и гъуджэу къогъуэгурыкIуэ. Ди зэманми газетым и мы­хьэнэр хэхъуэ зэпытщ. Республикэм, къэралым къыщыхъухэм, ехъулIэныгъэхэм тетхыхьым и мыза­къуэу, адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр ­хъумэным, зегъэужьыным ар хуолажьэ. Тхыгъэхэр адыгэбзэ къабзэкIэ, лъэпкъ нэщэнэхэр къыхэщу, пэжыр я лъабжьэу къытохуэ. Хъыбар нэпцI куэд къыщекIуэкI иджырей дунейм абы мыхьэнэшхуэ щиIэу къызолъытэ. 
- Фи газетым и зэхэлъыкIэм и гугъу къытхуэщIыт. Сыт нэхъыбэу фи нэIэ зытетыр?
- «Адыгэ макъыр» тхьэмахуэм 5 къы­докI, напэкIуэцIий хъууэ. Бэрэжьейхэм телевиденэм и программэр урысыбзэкIэ тхауэ дэлъу къыдыдогъэкI. ЗэрыжысIауэ, лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэм гулъытэ хэха хуищIу, адыгэм и дунейм епхауэ сыт щыIэми ди нэIэ тету, республикэм и цIыху пэрытхэм, Адыгейр къызэрацIыхун хъугъуэфIыгъуэхэм, ди IэпэIэсэхэм, зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм, республикэм и зыужьыныгъэм ятеухуахэр тыдодзэ. 
Ди лэжьыгъэр къытщегъэпсынщIэ ­нэхъ гъэщIэгъуэн ящI ди республикэм къыщыхъухэм. Ди лъахэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр иужьрей илъэсхэм хэхъуащ, хамэ къэрал куэдым цIыхухэр зэрамыгъакIуэм къыхэкIыу. Абыхэм ди хэгъэгур къыхах, зэ къэкIуам иджыри къытезгъэзэжарэт жаIэ. 
Адыгэ Республикэм и унафэщIхэм мы Iуэхум теухуауэ куэд зэфIагъэкI - зыгъэ­псэ­хупIэу диIэхэм щIэхэр къахохъуэ, Лагъуэнакъэ зыхуей хуагъэзащ. Апхуэдэу лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэ­хэмрэ республикэм жыджэру щагъэзащIэ, абыхэм епха къалэн пыухыкIахэр ­АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат сыт щыгъуи къегъэув. Мис а псоми дытотхыхь дэ. 
НапэкIуэцI хэхауэ къыдэдгъэкIхэм я ­гугъу пщIымэ, «Дыгъэ нэбзийхэр» сабийхэм папщIэ диIэщ, псэукIэм епха хъыбар гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэса напэ­кIуэцIщ «Упсэуну ухуеймэ» жыхуиIэри. КъищынэмыщIауэ, илъэсым щэ напэкIуэцIиплI хъууэ «Парламент хъыбархэр» ди газетым и гуэдзэну къыдыдогъэкI. Ар теухуащ Адыгэ Республикэм и Къэралыгъуэ Совет - Хасэм и лэжьыгъэм, хабзэщIэу къищтэхэм. 
«Адыгэ макъым» и еянэ нэкIубгъуэр сыт щыгъуи спорт хъыбархэм хухэхащ. Ди республикэм спортым зэрызыщиужьымкIэ куэдым къахощ, спорт IуэхущIапIэхэм илъэс къэс къахохъуэ, спортым дихьэххэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Абы ипкъ иткIэ, дызытетхыхьын дызэрыгушхуэн Iуэху сыт щыгъуи диIэщ. Зы Iуэхугъуэ хэха гуэр япэ идгъэщу хабзэщ жысIэфынукъым, псоми зэхуэдэу ди нэIэ ятетщи.
- Саидэ, а псоми къадэкIуэу, «Адыгэ макъым» и лъэпIагъ нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэр адыгэбзэкIэ къызэрыдэкIращ. Сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуищIрэ газетым анэдэлъхубзэр хъумэным, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэным?
- Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ лъэпкъ газетым и мыхьэнэр уасэ зыхуэщIыгъуей Iуэхущ. Пэж дыдэу жыпIащ, псом нэхърэ нэхъыщхьэр ди газетыр адыгэбзэкIэ къызэрыдэкIращ. Бзэр тэмэму ящIэным, абы зиужьыным и щапхъэу щытщ «Адыгэ макъыр». Иужьрей зэманым куэд дыдэ къыхыхьащ ди псэукIэм, адыгэбзэ жыIэкIэ къыхуэбгъуэтын хуейуэ, ди бзэм къигъэзэгъапхъэу. Ахэр псори зэрызэддзэкIыным, урысыбзэр, хамэ къэралыбзэхэр нэхъ мащIэу къызэрыдгъэсэ­бэпыным иужь дитщ. Аращи, иджырей адыгэбзэр, къэбгъэIурыщIэн щыплъэ­кIынур ди газетым уеджэмэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, еджапIэ нэхъы­щ­хьэхэм щрагъэдж «современный русский язык» дерсыр, абы къыдэкIуэу щыIэщ «иджырей адыгэбзи». 
Зэманым дыдэбакъуэурэ докIуэри, дэ дыщеджам щыгъуэ лъандэрэ иджыри псалъэщIэ куэд къыхыхьащ ди бзэм, зэрыжысIауэ, гъащIэм къыхыхьэ псори анэдэлъхубзэм къыдогъэзагъэри. Ап­хуэдэу щыхъукIэ, лъэпкъыбзэм зедгъэужьу аращ. Ди редакцэм куэд щIауэ щылажьэ IэщIагъэлIхэр диIэщ, ахэр куэдым чэнджэщэгъу ящI. АР-м и Конституцэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным хэ­лэжьыхьащ ди зэдзэкIакIуэхэри. ЕтIуанэ къэралыбзэу ди хэгъэгум къыщащтащ адыгэбзэр, абы ипкъ иткIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iуэху куэд адыгэбзэм кърагъэтIэсэн хуейуэ я пащхьэ къоувэ. Абыхэм дэIэпыкъуэгъу ящIыну дзыхь зыхуащIыр ди деж щылажьэхэращ. 
- «Адыгэ макъым» илъэсищэр щигъэлъапIэр уэ редактор нэхъыщхьэ ­къулыкъум упэрыхьагъащIэу ирихьэ­лIащ, Саидэ. Сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ абы уи дежкIэ? Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэр хэплъхьэну уи мурад фи лэжьыгъэм?
- Пэжщ, жэуаплыныгъэ ин пщэрылъ къыпщещI апхуэдиз гъуэгу къэзыкIуа газетым урипашэным. Тхыдэ бей иIэщ газетым, цIыху пэрыт цIэрыIуэ куэдым мыбы лэжьэн щыщIадзащ, къыдэкIыгъуэр зэтеубла хъунми я гуащIэшхуэ халъхьащ. Абыхэм сахуэдэу сэ зыслъытэжыным сыпэжыжьэщ, зезгъэпщэнуи сигу илъкъым. Ауэ срогушхуэ лъэхъэнэ куэдым къапхыкIа, бзэр зыгъэлъапIэ, лъэпкъ газетым и унафэщI къулыкъур къызэрыс­хуагъэфэщам. Шэч хэмылъу, къызагъэза дзыхьыр зэрызгъэпэжыным сыпылъынущ. 
Иджыпсту зыгуэрым хэпщIыкIыу зегъэхъуэжын хуейуэ къэслъытэркъым, ауэ и теплъэкIи, и купщIэкIи лъэхъэнэм декIуу щытын хуейщ, шэч хэмылъу. Псалъэм папщIэ, тхыгъэхэр я инагъкIэ нэхъ цIыкIуу, ауэ купщIэ хэлъу, сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ щытыпхъэщ. Дэ дыщы­псэур цIыхухэр куэд еджэну щыхуей зэманкъым. Иджыпсту нэхъ къыхахыр узэплъыныр нэхъыбэу, узэджэн хуейр ­нэхъ мащIэу щыт хъыбархэрщ. Дэри а жыпхъэхэм дыдекIун хуейщ. 
Мы гъэм, ди газетым къыдэкIын зэры­щIидзэрэ лIэщIыгъуэ щрикъум, хьэщIэщ зэхыхьэхэр едгъэкIуэкIыу щIэддзащ. ­АР-м и Адыгэ Хасэр ди дэIэпыкъуэгъуу идогъэкIуэкI ахэр. Зэхыхьэхэр чэзууэ тыдоухуэ лъэпкъ Iуэхухэм, республикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм. Мазэм зэ ды­зэIуощIэ, дызытепсэлъыхьынухэм елъытащ къедгъэблагъэхэри. Иджыри къэс зэхыхьитI диIащ, ахэр адыгэ усэхэм, пасэрей лIыхъужъ уэрэдхэм теухуауэ щытащ. Мы Iуэху дахэр зи гукъэкIыр редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щIэуэ къытхыхьа Тау Замирэщ. Ар нэхъапэми къытхуэтхэу щытащ, ауэ иджы къытхыхьэпащ. Замирэ илъэс 28-рэ хъуауэ журналистикэм хэтщ, «Адыгей» телерадиокомпанием щылэжьащ. «Редакцэм и хьэщIэ» Iуэхур дяпэкIэ абы и къалэну щытынущ. ЦIыхухэр къригъэблагъэурэ зи чэзу Iуэхухэм тригъэпсэлъыхьынущ.
- Ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэ­гъуу укъезгъэцIыхумэ си гуапэу, сыноупщIынут: куэд щIауэ ухэт журналистикэм, а IэщIагъэра узыхуеджар?
- Сызыхуеджар журналистикэракъым, атIэ Адыгэ къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр щызэзгъэгъуэтащ. А лъэхъэ­нэм ди хэгъэгум журналистикэм щыхурагъаджэртэкъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым ирихьэлIэу Адыгейм телевиденэ къыщызэIуахауэ щытащ, абы щылэжьэнухэр къащтэу щызэхэсхым, си зэфIэкIыр згъэунэхумэ, сфIэигъуэу, сыкIуащ. ПцIы хэмылъу, сыдихьэхащ журналист IэщIагъэм. Илъэс 18-кIэ сы­щылэжьащ абы, еджапIэ дэгъуэ схуэ­хъуащ. Иджыпсту журналистикэм зыгуэр хэсщIыкIыу щытмэ, телевиденэращ щызэзгъэщIар - хъыбарыр псынщIэу, эфирым ехъулIэу къэбгъуэтын, птхын, уеплъыжын, зэхэбгъэувэжын хуейт. А псори иджыпсту тынш хъуащ, продюсерхэр щыIэщи, псори къагъуэт, зыпащIэ, уэ укIуэн къудейуэ аращ уи къалэныр. Дэ ди зэманым а псори уэр-уэру зэфIэбгъэкIын хуейт, ауэ абы дипсыхьащ. Иджы илъэси 10-м нэблэгъауэ газетым сыщыIэщ. Редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур дзыхь къысхуищIри, и къуэдзэу сыкъригъэблэгъат. Пэжыр жыпIэмэ, гуитI-щхьитI сы­хъуат, газет лэжьыгъэм сызэрыщымы­гъуазэм щхьэкIэ, ауэ мыбыи куэд щызэзгъэщIэжащ. 
Къэппсэлъым нэхърэ нэхъ жэуаплыныгъэ ин пылъщ птхым. Ар лIэужьхэм къахуэнэнущ, тхылъеджапIэхэм щIэлъынущ, мытэрэзу тебдза щыIэмэ, пхутегъэ­кIыжынукъым. Птхым хуабжьу ухуэсакъын зэрыхуейм лъэщу ухуегъасэ. Си лэжьэгъухэми абыкIэ сахуэарэзыщ, адыгэбзэм и жыпхъэ лъагэхэм тету ­утхэфмэ, газетыр зыхуэбгъадэ хъун щы­Iэкъым. 
- Уи унафэм щIэту лажьэ а гупым я ­гугъу уэзгъэщIынут. Журналист щIалэгъуалэ къыфхыхьа иужьрей илъэсхэм? 
- Газетым нобэ щылажьэхэр пщIэ ин зыхуащI журналистхэщ, зи зэфIэкIкIэ щытхъу къэзылэжьахэщ. Илъэс 40, 50-м нэблэгъауэ Iутхэри диIэщ. Ди нэхъыжхэм ящыщщ жэуап зыхь секретарь ЖьакIэ­мыкъуэ Iэминат, зэдзэкIакIуэ къудамэм и пашэ Тхьэркъуахъуэ Сафиет, обозревателхэу Мамырыкъуэ Нуриет, ЕмтIылъ Нурбый, зэдзэкIакIуэ ЛIышэ Санет, сурэттех Iэщын Аслъэн. Апхуэдэу журналистхэм я Iэрытххэр тезыдзэ Нэшэ Светлани илъэс 40-м нэблэгъауэ мыбы щолажьэ, газет напэкIуэцIхэр зэзыгъэзахуэ Сет Фатими илъэсипщI бжыгъэ мэхъу и IэнатIэм зэрыпэрытрэ.
Нэхъ ныбжьыщIэу ди лэжьакIуэхэм яхэтхэри къызэрыуврэ илъэсипщIым щIигъуащ, ахэр - Тхьэркъуахъуэ Адэм, Хъут Нэфсэт, Iэщын Сусан, КIарэ Фатим, Делэкъуэ Анет. НыбжьыщIэхэм дахуэныкъуэщ иджыпстукIэ, интернетым щыдиIэ напэкIуэцIхэм зедгъэубгъуу, щIалэ­гъуалэ зытIущ лэжьакIуэ къэтщтэну ди мураду даходэ мы махуэхэм. 
- Къытебдзэ тхыгъэхэм къыпэджэж­хэр щыIэмэ, зи гупсысэр газет напэкIуэ­цIым къыщызыгъэлъэгъуэну хуейхэм зыкъыпащIэмэ, пщIэ лэжьыгъэм мы­хьэнэ зэриIэр къыбгуроIуэ, цIыхухэр зэрыхуэныкъуэр зыхыбощIэ. Фи журналистхэмрэ щIэджыкIакIуэхэмрэ зэ­пыщIауэ зэдэлажьэрэ нобэ, къыфхуэ­тхэ авторхэр фиIэ?
- Пэж дыдэщ. Газетым еджэхэр къатхэ щыхъукIэ, пщIэ Iуэхур зэрымыпсыхэ­кIуадэр къыбгуроIуэ. Апхуэдэхэр диIэщ, ди жылэхэм тхыгъэхэр къытхурагъэх, щIэх-щIэхыурэ къатхэу зи унэцIэр щIэ­джы­кIакIуэхэм фIыуэ яцIыхухэри диIэщи, дахуэарэзыщ. Щыпсэу щIыналъэхэм щыхъыбархэм ятеухуауэ езыхэм къытху­рагъэхь тхыгъэхэм нэмыщIи, дэ къы­тед­дзахэм теухуауэ я гупсысэхэр къыщатх куэдрэ къохъу. Абыхэм ди газет напэкIуэцIхэр ягъэбей, уеблэмэ дыщы­зэпсалъэ утыку хуэдэу мэхъу. 
КъищынэмыщIауэ, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэу зэфIэкI ин зиIэхэр къызэрытхуэтхэм дегъэгушхуэ. УФ-м Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Ис­хьэкъ, АР-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ ГъукIэлI Нурбий сымэ къытхуо­тхэ, щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэри, усакIуэ­хэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри къытохуэ ди газет напэкIуэцIхэм. Абы папщIэ ли­тературэ нэкIубгъуэ хэха диIэщ. 
Псоми зэуэ я гугъу тхуэщIынкъым. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ сытым дежи къытхуэтхэхэр дызэриIэр. Псалъэм папщIэ, Красногвардейскэ районым щыпсэу Пщыкъан Майе, Краснодар крайм и ТIуапсэ районым дэс Ныбэ Анзор (хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я хъыбархэр къытхуетх), Теувэж районми илъэс 50 хуэдизрэ къитхыкIащ Нэхей Рэмэзан. 
- Ар хъарзынэщ, абы нэмыщIи, фи газетым и зэпыщIэныгъэхэр абдеж къыщыувыIэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес Хэку», «Адыгэ макъ» адыгэ ­газетищыр илъэс 30-м щIигъуауэ зэдолажьэ, номер зэхэтхэр къыдагъэкI. Абы адэкIи къыпыфщэну фи мурад? Сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъ а къы­дэкIыгъуэ зэхэтхэм?
- Мыхьэнэшхуэ иIэщ республикищым ди газетхэр зэрызэдэлажьэм. Абы нэхъ зэпэблагъэ дещI, зы лъэпкъыу дызэ­рыщытым щыхьэт тохъуэ, ди щэнхабзэр, бзэр зэдыдоIэт, хэгъэгухэми щыпсэу цIыхухэр нэхъ зэрыщIэнымкIэ сэбэп ­мэхъу. Ар Iуэху дахэу ди япэкIэ зэдащIащ «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Черкес Хэку» (КъШР), «Адыгэ макъ» (АР) газетхэм я редактору щыта ХьэфыцIэ Мухьэмэд, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Дербэ Тимур сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я газетхэм я илъэси 100-ри гъэ къакIуэ ягъэлъэпIэнущ. Абы щыщу илъэс 30-м дызэпыщIащ, ди мурадщ абы къыпытщэну. КъэкIуэн диIэн папщIэ, ар Iэмал ­хъарзынэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ: республикитIми къикIыу номер зэхэтхэм папщIэ къытIэрыхьэ тхыгъэхэр зэдмы­дзэкIыу къытыдодзэ. Ар Дербэ Тимур къыхилъхьа унафэхэм ящыщщ, адыгэбзэм и беигъэр къигъэ­лъагъуэу, ди лъэпкъым и цIыхухэр нэхъ зэгурыIуэным къыхуэсэбэпу. Ар сэри къыдызощтэ, дяпэкIи апхуэ­дэу едгъэ­кIуэкIынущ. 
- Зэманым зехъуэж, ди гъащIэм IэмалыщIэ куэд къыхохьэ. Интернетыр къы­зэрежьэрэ газетым и щыIэкIэм дауэ зихъуэжа?
- Интернет Iэмалхэр къызэрежьар нэхъ зэгуэуар газету традзэм и бжыгъэращ. Абы пощтым къигъэув уасэр зэрыиныр къыхыхьэжри, ди щIэкIыджакIуэхэм яхэщIащ. Гугъуехь хэмылъу, тыншу хъы­бар­хэр къаIэрыхьэмэ ядэу, газет хуэмы­ныкъуэу къэзылъытэ куэд щыIэщ. Ауэ тхылъымпIэм тетыр нэхъ къыхэзыхыу, абы есахэри яхэтщ ди щIэджыкIакIуэхэм. Ахэр нэхъ ныбжь зиIэхэрауэ жыпIэ хъунущ. 
Интернетым Iэмал къыует нобэ къэ­хъуар нобэ зэбгъэщIэну. Газетым къып­хуиIуатэр дыгъуасэ къэхъуаращ. Ауэ мыбдежым къыхэгъэщын хуейщ: газетыр тхыдэщ, ар архивым къыхэнэнущ, ари щыIэн хуейщ. 
Мыри дыщIызгъуну сыхуейт: Адыгейм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат ди лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ ирет, и нэIэ къыттет зэпытщ. Абы и щыхьэтщ илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дыщылажьэ унэр зыхуей зэрыхуагъэзар, унэлъащIэ къэтщэхунымкIэ и сэбэп къызэрыдигъэкIар. Мы илъэсыр къыщыблагъэм ди лэжьапщIэр зыхэпщIэу хигъэхъуащ, ди махуэшхуэм ирихьэлIэу автомобилыщIэ къытхуригъэщэхуащ, газетыр къыдэгъэкIынымкIэ къытхуэсэбэпыну Iэмэпсы­мэщIэхэр къритщэхуну респуб­ликэ бюд­жетым мылъку къыхагъэ­кIащ. КъумпIыл Мурат къалэн къытщищIащ газетхэр цIыхухэм и чэзум яIэрыхьэн щхьэкIэ, ­пощтым дызэрыдэлажьэр нэхъри едгъэфIэкIуэну. Абы иджыпсту иужь дитщ. Газетым техуэ уасэр дгъэмэщIэн папщIэ районхэм ар зэраIэрыдгъэхьэнур доубзыху. А псомкIи сэбэп къытхуохъу ди унафэщIхэр. Газетым и Iэ тедзэгъуэм цIыху нэхъыбэм ар яIэрыхьэнымкIэ сэбэп къытхуэхъуу диIэщ Адыгейм и тхьэмадэу щыта, псапащIэ цIэрыIуэ Щэумэн Хьэзрэт, сенатору Хъупсрокъуэ Мурат, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм Адыгейм къыбгъэдэкIыу депутату щыIэ Резник Владислав сымэ. 
- Уэ узэреплъымкIэ, хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зэмылIэужьыгъуэ куэд щыхъуа лъэхъэнэм, тхылъымпIэм тету къыдэкI газетым сыт къыпэплъэр? 
- Пщэдейрей махуэ диIэн щхьэкIэ, тхы­лъымпIэм тету къыдэкIхэр тхъумэн, социальнэ сетхэми жыджэру дитын ­хуейщ, ди бзэм, ди хабзэм теухуахэр ­тIуатэу, лъэпкъым дахагъэу бгъэдэлъыр дгъэбагъуэу. Мы лъэхъэнэм Интернетыр куууэ къыхыхьащ ди гъащIэм, ар хуабжьу къагъэсэбэп.
Илъэс зыкъом хъуауэ, «Адыгэ макъым» и сайтым нэмыщI, социальнэ напэкIуэцIхэр дыщиIэщ Телеграм-каналым, Одноклассники, ВКонтакте сетхэм, абы нэмыщI иджыри зы канал щIэуэ Телеграмым къыщызэдгъэпэщащ - «Хэкум и макъ». Газетымрэ электрон хъыбаре­гъащIэ Iэмалу диIэхэмрэ зэзыпх QR-кодхэр «Адыгэ макъым» и япэ напэкIуэцIым тетщ, зыфIэгъэщIэгъуэн псори абы занщIэу ихьэфынущ, телефон камерэр трагъапсэ къудеймэ. Абыхэм урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, тыркубзэкIи хъыбархэр дгъэхьэзырурэ къыдолъхьэ. 
«Хэкум и макъым» адыгэбзэмрэ тыркубзэмрэ къыщыдогъэсэбэп. Ар нэхъы­бэу зыхуэлажьэр хамэ къэралхэм щы­псэу ди лъэпкъэгъухэращ. Нэхъыщхьэу республикэм и зыужьыныгъэм, лъэпкъ Iуэхухэм, къэхъукъащIэхэм, ди цIыху пэрытхэм ятеухуащ абы къитлъхьэхэр. Адрей напэкIуэцIхэм урысыбзэр нэхъ идогъэбэкI, адыгэбзэри хыдогъэхьэ. НэгъуэщI лъэпкъхэри ди хъыбархэм еджэн, ди газетыр яцIыхун папщIэ едгъэкIуэкI Iуэхущ ар. 
Дызэрыс къэралым къытхуигъэув къалэнхэм елъытауэ, Адыгейм щызэфIах Iуэхухэм, ди лъэпкъым и дахагъэм, и хабзэхэм, республикэм и зыужьыныгъэхэм, ди цIыху цIэрыIуэхэм, нэгъуэщIхэми ды­щытопсэлъыхь ди напэкIуэцIхэм. А псор нэгъуэщIхэми едгъэщIэн хуейкъэ?! Аращ социальнэ сетхэм урысыбзэкIэ дыщIитхыхьыр. ТхылъымпIэм тедзари интер­нетри зэхуэдэу къэгъэсэбпын хуейуэ соплъ. ИтIанэ кIуэдыжынукъым апхуэдиз мыхьэнэ зиIэ газетыр. Илъэси 100-р - гъунапкъэкъым.
- СыткIэ захуэбгъэзэнт газетеджэхэм?
- Газетеджэхэм захуэзгъазэмэ, жысIэну сфIэигъуэр мыращ: фи анэдэлъхубзэр щыIэну, ар хъума хъуну, фи щэнхабзэр, хабзэр, тхыдэр къыдэкIуэтей щIэблэм ящIэну фыхуеймэ, лъэпкъ газетым Iэ тевдзэ. 
Унагъуэм, еджапIэм анэдэлъхубзэр, шэч хэмылъу, щIэлъын, щызэрагъэщIэн хуейщ, ауэ абыкIэ ирикъуркъым. Тхылъ­хэр, газетхэр диIэн, телевиденэр, радиор лэжьэн хуейщ ди бзэмкIэ. Мис абы щы­гъуэщ лъэпкъыр лъэпкъыу къыщызэтенэнур. 
Епсэлъар  НэщIэпыджэ  Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.