ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ПОЖЬЭ

НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэ Мечиев Кязым и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ усэ къеджэнымкIэ «Сегодня славим мы учителей» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым и щIыхькIэ.
 Я ныбжькIэ зэхуэмыдэу еджакIуэ 45-р мы зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ. Ахэр къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей усакIуэ пажэхэм, лъэпкъ литературэхэм я классикхэм адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ ятха усэхэм.
- Дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи егъэджакIуэр щыIащ, щыIэщ икIи щыIэнущ. А IэщIагъэр зэи мыкIуэдыжыну дыщогугъ. А лэжьыгъэ мытыншым пэрытхэрщ ди зэпеуэр зытедухуар, - жиIащ НыбжьыщIэхэм я библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Мечиевэ Ларисэ. – ЕгъэджакIуэ нэсым Iэмал имыIэу лъэужь къыщигъэнэнущ еджакIуэм и гумрэ и гупсысэхэмрэ.
Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Болэт Юруслан, КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ советым и унафэщI Шинкарёвэ Наталье, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ, журналистхэу Бэрбэч Борисрэ Щэрдан Юлианэрэ. Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжащ. Абы щытекIуахэр щагъэлъэпIэнущ Сабий тхылъым и тхьэмахуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну гуфIэгъуэ зэхыхьэм. ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэри абы щагъэпэжэнущ.

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.