ХЪУЭПСЫ - КХЪУЭПСЫ - ХЪУЭБЗЫ - ХОБЗА

Мы цIэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжыр Сочэ къалэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ пыIухащ. Абдежым щыIэ зыгъэпсэхупIэми апхуэдэущ зэреджэр.

Километр 14 зи кIыхьагъ псым фIащам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ.

«Хъуэ» псалъэр аптIэхъуэхэм (убыххэм) я бзэм къызэрыщыкIуэр дэ, адыгэхэм, «кхъуэ» зыхужытIэрщ. «Бзы» пычыгъуэр зыхуахьу щытыгъар, зэрынэрылъагъущи, «псы»-рщ. Аращи, Хобза - Хъуэбзы - Хъуэпсы. НэгъуэщIу жытIэмэ, «кхъуэпс» мыхьэнэращ фIэщыгъэр зэрыщыту зыхуэкIуэжыр. Хэт ищIэрэ, мэзыпс цIыкIум и Iэхэлъахэр, а цIэр щытрагъэIукIа лъэхъэнэхэм, кхъуэ пIащэ тIысыпIэу щытагъэнущ.

АрщхьэкIэ, щIыпIэцIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэри щыIэщ. Абыхэм язщ фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр шапсыгъхэм я бзэм хэт «хъуэ» псалъэу «хъуапсэ» - «хъуэпсэгъуэ» егупсысыкIэм хуэкIуэм зэрыхуахьыр. Аращи, а лъэныкъуэмкIэ дыкъыщеплъмэ, псыцIэм къикIыу ягъэувыр «Хъуэпсэпс» жыхуиIэрщ.

ГъэщIэгъуэнми къыхэгъэщыпхъэщ, фIэщыгъэр «хыбзу»-м (хы тхьэрыкъуэ, чайка) хуэзыхьхэри зэрыщыIэр.

Мы псым и гугъу щащIкIэ, «хъуэбзы»-р «къабзэ»-м хуэзыгъакIуэхэми уарихьэлIэнри хэлъщ...

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.05.2025 - 10:01

Къалэнышхуэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIам.

24.05.2025 - 09:03

Дызытес къудамэр пыдмыупщIу

ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэхэм ящыщщ «Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэ» жыхуаIэр.

24.05.2025 - 09:03

IэщIагъэм зыхагъэгъуазэ

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэ­ригъэпэща «МедиаПритяжение» урысейпсо проектым и щIыналъэ Iыхьэр Налшык къалэ щекIуэкIащ.

23.05.2025 - 09:14

ГущIэгъуншэт зауэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Васильев Борис и «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спек­таклыр.

23.05.2025 - 09:03

ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм.