ХАБЗЭЖЬ ХЭКУЖЬ КЪРАНЭРКЪЫМ«Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ», жеIэ псалъэжьым. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хабзэ дахэхэм я хъыбарыфIхэмкIэ цIэрыIуэщ ди лъэпкъыр. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIысынуи, тэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым. Тхьэмадэм ижьырабгъукIэ хьэщIэхэм я нэхъыжьыр ягъэтIысырт, сэмэгумкIэ — хэгъэрейхэм яйр. Адрей къеблэгъахэр нэхъыжьыгъуэкIэ Iэнэм тIысынут. Я ныбжьым емылъытауэ, анэм, гуащэм и лъэныкъуэкIэ къикIа хьэщIэхэм, пщIэ кIэлъызэрахьэу, тIысыпIэ нэхъыфI дыдэхэр хуагъэфащэрт. Адыгэм и закъуэ мыхъуу, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж сыт хуэдэ лъэпкъми хьэщIэм хабзэ, нэмыс, гулъытэ кIэлъызэрахьэу къокIуэкI. Уи унэ къихьа хьэщIэм укъызэрыпекIуэкIар уи напэу аращ. Ар уи унэ икIыжмэ, цIыхум уазэрыхэIуэжынур а хъыбархэращ. Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, абдежым хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. Тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэм зэреджэр «бгъуэщIэсщ». Ар ныбжькIэ тхьэмадэм нэхърэ нэхъ щIалэт. БгъуэщIэсым и жыIэр ягъэзащIэу ныбжькIэ щIалэщIэу «щхьэгъэрыт» зыбжанэ иIэт. Абыхэм фадэ, ерыскъы къыщIахьэ-щIахыжу арат. Щхьэгъэрытхэр щыхуейм деж щIэкI-щIыхьэжу щыттэкъым, ар къекIуртэкъым икIи апхуэдэ нэмысыншагъэ яIэщIэкIыныр напэтехт. Iэнэм Iусхэм пщIэ, нэмыс кIэлъызэрахьэу, зыхуейр хуагъэзащIэу ящхьэщытыну я къалэнт абыхэм. Адыгэхэм ерыскъым пщIэ лей хуащIырт. Ар хыфIэбдзэным, уелъэпэуэным гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэрт. Уи ныбэр изми, хэгъэрейм къыпхуиIэта ерыскъым зэ ухэIэбэн хуейт. Ар гъэсэныгъэ дахэм и нэщэнэт. Ерыскъым хуащIу щыта пщIэм и щыхьэту къыщIэкIынщ иджыри къыздэсым абыкIэ тхьэ Iуэныр адыгэхэм къазэрыхуэнар. Хабзэ дахэу ди лъэпкъым къыдекIуэкIми щыщщ нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм яхь хьэщIэнышыр. Мы хабзэжьым теухуауэ хъыбар зэхуэмыдэ куэд къокIуэкI, ауэ ахэр щIэныгъэм лъабжьэншэу къелъытэ. Ар цIыхум и зыужьыныгъэм, и к1элъыплъыныгъэм къыдэкIуа хабзэщ, гупсысэщ. Къыщежьари, япэу къыхэзыхьари мыращ жиIэу, зыми жиIэфынукъым. НобэкIэ ди Iэнэм нэхъыжь Iыхьэу яхь щхьэ щIэлъэныкъуэмрэ блэгъумрэ. Нэхъыжьхэм щхьэ щIэлъэныкъуэм теухуа хъыбар дахэ къаIуэтэж, зэгуэр абы адыгэ зауэлI гуп къригъэлауэ… Зэгуэр ХьэтIохъущокъуэр кърым хъаным деж кIуат, жи, шыгъажэ. Бысымым хьэщIэхэм я шыр зэрыфIыр ищIэт, ятекIуэмэ, я мылъкури, шыхэри къахуу къэкIуэжынурати, зыгуэркIэ къагъэгубжьу, псалъэмакъ къаIэту, ахэр яукIыну мурад ящIащ. Арати, Iэнэ къыхуащтэн хуей щыхъум, ар къыхуаузэдащ ныкъуэшх защIэ фIэкIа темылъу. Псэууэ, Iэ лъэмыIэсауэ телъыр щхьэ щIэлъэныкъуэрат. Iуэхур зыIутыр къызыгурыIуа нэхъыжьым а щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтэри, тхьэкIумэр занщIэу тритхъри, щхьэгъэрытым иритащ, «уи тхьэкIумэр гъэжан, даIуэ» жыхуиIэу. Ар щак1уэбзэт. Iэбэри, пэнцIывыр пичащ, ар и ижьырабгъумкIэ щысым иритащ, «памэ, ерыскъым щхъухь хэлъынкIэ хъунущ, дагъэлIэну» къригъэкIыу. Нэкугъуэр зэрыс Iыхьэр пищIыкIри, и сэмэгумкIэ щысым иритащ, «уэ зыплъыхь, къэхъу псори зэгъэлъагъу», ириIуэкIыу. Езым щхьэкуцIыр зэрылъыр къызыхуигъэнащ, сэ хэкIыпIэ тхуэхъуным сегупсыснщ жыхуиIэу. Апхуэдэу, щIагъыбзэкIэ зэгурыIуа гупыр бэIутIэIуншэу, бысым бзаджэм къаIэщIэкIауэ, шыгъажэми текIуауэ яIуэтэж. ЕтIуанэ хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэ къупщхьэр зэрыбыдэм къыхэкIыу, я къару ягъэунэхуну щхьэр зэпащIыкIыу щытауэ жаIэ. Ар къэзыщти, абы арэзы техъуи щыIэщ, ауэ мы хабзэм и пэжыпIэр къэщIэгъуейщ, езы хабзэжьыр зэман жыжьэм къызэрыхэIукIымкIэ. Языныкъуэ нэхъыжьыфIхэм зэрыжаIэмкIэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр адыгэ хабзэм къыхыхьэн ипэIуэкIэ, блэгъур нэхъыжь Iыхьэ нэхъыщхьэу Iэнэм яхьу щытащ. Ди нэхъыжьыфIхэр блэгъум иплъэкIэрэ къэкIуэнур къащIэу щытащ. Апхуэдэ зэчий зыбгъэдэлъхэри нобэ ди мащIэкъым, ауэ пасэм дэтхэнэ нэхъыжьми хузэфIэкIырт блэгъум иплъэу пэж дыдэ къиIуэтэн. Дунейм лъэпкъыу тетым блэгъум иплъэныр я хабзэжьу къадокIуэкI. Гималайми, Африкэми, Европэми, Азиеми, уеблэмэ Америкэм и индейцхэми яIащ блэгъум иплъэн хабзэр. Апхуэдизу зэпэжыжьэу щыта лъэпкъхэм а хабзэр зэщхьу щхьэ яхэлъауэ пIэрэ? Блэгъум зэриплъэм теухуауэ мыпхуэдэ хъыбарыжьи щы1эщ… Еуэри, уэтэр пщыIэм зылI тести, хьэщIэ гуп къыхуеблэгъащ. ХьэщIэхэм хьэщIагъэ ирахащ, ягъэшхащ, ирагъэфащ, ауэрэ, хьэщIэнышми нэсащ. ХьэщIэм блэгъур и Iыхьэти, ишхщ, иупсыжщ, иплъэри, ди бысымым и унэм цIыхухъу пцIанэ исщ жиIащ. Бысымыр губжьауэ зричщ, унэм нэсыжри, и щхьэгъусэр уэндэгъути, щIалэ цIыкIу къыхуалъхуауэ ирихьэлIэжащ… Языныкъуэхэм зэрыжа1эмк1э, ар ди лъэпкъым къыдекIуэкI и хабзэ дахэхэм ящыщ зыуэ аркъудейщ, абы иплъэм зыхуейр кърихыу, е хуигъэфащэк1э 1энэм щысхэм я нэгу зригъэужьу.
Фырэ Анфисэ
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|