ИСПЫ-УНЭМ КЪЫЩIАГЪУЭТАЩ

ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Нэрылъагъу (материальнэ) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ и институтым иджыблагъэ хъыбар гъэщIэгъуэн зэбгригъэхащ. Ар ехьэлIащ Санкт-Петербург щыщ археологхэм домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ укъызэмыджэжыф хъуа тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ зыщIэлъ испы-унэ телъыджэ КъухьэпIэ Кавказым къызэрыщагъуэтам.

- Апхуэдэ къызэрыдэхъулIар гъэщIэгъуэнщ, - жеIэ Трифонов Виктор. - ЩIытI лэжьыгъэхэр щедгъэкIуэкIым нэхъыбэу дызыщыгугъар зэман жыжьэм псэуа цIыхухэм я гъащIэм ехьэлIауэ дапщэщи дызрихьэлIэ хабзэ хьэпшып къызэрыгуэкIхэр къэдгъуэтынрат. Нагъыщэ мыгурыIуэгъуэхэр зыпхыгъэмба мывэ пхъэбгъу хъурейр телъыджэщ. АрщхьэкIэ, дызыщымыгъуазэ лъэпкъым къызэринэкIа, алыфбей мыгурыIуэгъуэкIэ зэхэухуэна тхыпхъэщIыпхъэхэм къарыкIыр зэхэбгъэкIыну тыншкъым.

Зи гугъу тщIы мывэ хъурейр дунейм къыщытехьэжар ТIуапсы районым хыхьэ Агуий-Шапсыгъ къуажэм и Iэгъуэблагъэрщ. Мывэрэ пшахъуэ-ятIагъуэу зэхэлъ, метри 3 зи Iувагъ щIыр зэбгратхъуу къыщIагъэщыжа испы-унэ цIыкIум и кIуэцIым ар щIэлъащ. Тхыдэм и щIэин апхуэдэ хьэпшып лъапIэр, цIыху емыIусэу, ди лъэхъэнэм къызэрысар гъэщIэгъуэнщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, илъэс мини 4 ипэкIэ мы щIыпIэм щIыр щыхъеягъэнущ. Абы и фIыгъэщ испы-унэр щIэхъумауэ зэрыщытари, цIыхуцIэ зиIэ лъэмыIэсу къыщIызэтенари.

- Дэ къызэрытлъытэмкIэ, языныкъуэ нагъыщэхэм дыгъэмрэ мазэмрэщ къарыкIыр, езы мывэ пхъэбгъури гъуазэрыплъэ (астральнэ) хьэпшыпу щытагъэнущ, - къыпещэ и псалъэм Трифоновым. - Ар нэгъэсауэ гурыIуэгъуэ щыхъунур, тхыпхъэщIыпхъэ псоми деджэф хъуа иужькIэщ. Абы папщIэ, дэ къэдгъэсэбэпыну ди мурадщ мы щIыпIэр ижькIэрэ зи хэщIапIэ абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я бзэхэри.

Тхыдэм и щIэин хьэпшыпым сантиметр 27-рэ и бгъуагъщ. Абы тещIыхьа нагъыщэхэм къарыкIыр зэхэгъэкIыным щIэныгъэлIхэр ди нобэми йолэжь.

Абы ипэкIэ, 2007 гъэм фокIадэм и 12-м, ТIуапсы и Iэхэлъахэм археологие щIытIхэр щезыгъэкIуэкI гупым къахыхьат абдежым пэгъунэгъуу щыс Агуий-Шапсыгъ къуажэм дэс Махуэджалэ Дамир.

Абы зэрыжиIэмкIэ, Кхъуэлоухъуэ (Колихо) псы цIыкIур щежэх щIыпIэм къыщешха гъатхэ уэшхым гуилъэсыкIа щIы щхьэфэм и лъабжьэм къыщилъэгъуащ алъандэрэ щыIэми-щымыIэми зыхимыщIыкIа испы-унэ телъыджэ.

Ар зэхэзыха археологхэр а щIыпIэм нызэрыхьэсащ: хъунщIакIуэхэр зэмыIэба испы унэм ярихьэлIэныр археолог куэдым я хъуапсапIэщ.

Абы щыгъуэ а дольменым и кIуэцIым къыщIагъуэтат хьэдэкъупщхьэу 70-м нэблагъэ, зейуэ щытахэр цIыхухъу, бзылъхугъэ, сабийуэ. Углерод къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, дунейм ехыжахэм я хьэдэхэр а мывэ дум илъэс 500-м къриубыдэу «щIыщIалъхьэжащ» ди лъэхъэнэр (эрэр) къэунэхуным илъэс 2000 - 3000 и пэ къихуэу.

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.