ИСТАМБЫЛАКIУЭМ И ГУКЪЕУЭ

ХамэщI щIыпсэу адыгэхэм яхэтщ усыгъэкIэ бзэр зыхъумэ. Хэкум къыхуэпабгъэ гум зэшыгъэм и гуауэр щызэтрехьэри, ар усэбзэм щIогъуалъхьэ. Хэкурщ ахэр нэхъыбэу зыхуэусэр…

Хэкум и макъыр зэм щабэу, зэм губжьауэ къыхоIукI ЩIэжьокъуэ Зафэр и усыгъэм. Зафэр Хэкум хуиIэ гурыщIэхэр къыщигъэлъагъуэу итхащ усыгъэ тхылъитI. «Гум къыпыткIухэр» абы и усэ тхылъым къыкIэлъыкIуащ «Сэ иджыри сы - ИстамбылакIуэщ» зи фIэщыгъэр. «Хэкупсэу, зи гъащIэр хэку гъэзэжыным щIэзыта къуэш лъапIэ Тыжь Илкай и фэеплъу…» тритхащ етIуанэ тхылъым.

Тхылъым и купщIэр Хэкум, бзэм теухуа усэхэрщ. «Зывмыущэху», «ЩIэблэм и бзэр», «Хэку», «Анэбзэ», «ЛъэIу», «Губжь мызэгъэж», «Уз тIуащIэ», «Си лъэпкъ», «Хыр къызопсалъэ», «Сэ иджыри сы ИстамбылакIуэщ» усэхэм щыпхышащ усакIуэм Хэкум хуиIэ хуабагъэр. Ар мэдзыхэ абы зэрыпэIэщIэм щхьэкIэ, иронэщхъей лъэпкъым и гуауэм, ауэ гугъэри иутIыпщыркъым. Лъэпкъыр зэрыубыдыжынырщ и хъуапсапIэр. Зафэр и усэхэмкIэ лъэпкъыр къыхуреджэ бзэр яхъумэну - захъумэжыну:

Дегъэгушхуэ дэ зэрылъэпкъыу

Хэхъуэху бзэр зыщIэм и бжыгъэм.

(«Адыгэбзэр»)

Адыгэбзэр пщэдджыжь дыгъэщ,

ГъащIэр тхуегъэнэху.

Лъэпкъи хэкуи дэ диIэнущ,

А бзэр дэ диIэху.

(«Зывмыущэху»)

УсакIуэм и гум техуэркъым зи бзэ зэзымыпэсхэр. ЩIэблэм анэдэлъхубзэр яIурымылъыныр абы къелъытэ хьэдрыхэ гъуэгуу.

Иджырей щIэблэм «сагъэгушхуэ»,

ХамэбзэкIэ бзэ ятхыж.

Изогъэщхь ахэр сэ

Лъэпкъ уэсятыр тхуэзытхыж, - апхуэдэ гукъанэрэ щIагъыбзэрэ щIэлъщ «ЩIэблэм и бзэр» усэм.

Хэхэсым и гуауэр хьэлъэщ. Iэпкълъэпкъри псэри щымызагъэ хамэщIым гукъеуэр щыкуэдщ. «Уз тIуащIэ» жеIэ абы щхьэкIэ Зафэр:

Фыкъиплъэт нэгум,

Ифлъэгъуэнущ

Хамэ щIыналъэм

ЩырихьэкI гъащIэр.

Фыкъиплъэт нэгум,

Ифлъэгъуэнущ

Тыркубзэ защIэу

ИрихьэкI гъащIэри

Зэрыуз тIуащIэр.

Хэкужьым и щIыуэпсыр зыфIэтелъыджэ усакIуэм ИстамбылакIуэ гъуэгур егъей.

Гъуэгу лъэныкъуэр

Нартыху хадэщ,

Зы лъэныкъуэм

Укъыхэщкъым

Дыгъэгъазэм.

Уэ си лъэпкъ дыщэ,

Къэбгъанэу мы дахагъэр

Дэнэ уздишар

ТхьэгъэпцI гъуазэм…, - щыжеIэ абы «Си лъэпкъ» усэм.

Хэкумрэ лъэпкъымрэ теухуа тхыгъэхэр джэлэс хуэхъуами, тхылъым къыщыхьащ лъагъуныгъэ усэхэр, усэ шэрыуэхэр, сабийхэм папщIэ итхахэр, дунейм и къэхъукъащIэхэм, щIыуэпсым и дахагъэм, гъэм и зэманхэм теухуахэр, фIымрэ Iеймрэ, пцIымрэ пэжымрэ щызэпишачэхэр.  

Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам пщIэ лей хуэфащэщ хамэ щIыпIэм анэдэлъхубзэр щихъумэн, ар щIэблэм яIурилъхьэн Iуэху мытыншыр зэрыхузэфIэкIым щхьэкIэ. «Ныкъуэдыкъуэми, тIэкIу хуэныкъуэми, фи пащхьэ иджыри зы усэ тхылъ цIыкIу къызолъхьэ… Хамэ къэралыгъуэм щыпсэу Адыгэхэм хуэдэу тIэкIу ныкъуэу, хуэныкъуэу, ауэ гу ныкъуэу зы тхылъщ мыри», - щыжеIэ пэублэ псалъэм.

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и напэкIуэцI жагъуэхэр нэщхъейуэ къызэрыщ тхылъым и гъусэщ аудиотхыгъи. ЩIэжьокъуэм и усэхэм къоджэ абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр. Усэхэм щIагъэуващ адыгэ макъамэ щабэр.

«Сэ иджыри сы - ИстамбылакIуэщ» тхылъым ит усэхэм ящыщи ныщIыдогъу, хэхэсым и гупсысэр усэбзэм зэрыщIэувэфым и щапхъэу.

 

Щхьэмрэ гумрэ

ГъащIэм зыкъытрегъащIэ,

Гум ар нэхъри къохьэлъэкI.

КъеIущэщыр дзыхэу, гущIэм:

- ГъащIэ, блэкI, укъемыплъэкI.

 

Щхьэм хуимыдэ гум жиIахэр,

Ар гугъуехьым пимыкIуэт.

Къызэралъхурэ ишыIахэр

Хэхэс гъащIэм и Iумэтщ…

 

Махуэ псом зэхуилъ-зэрылIу,

Гумрэ щхьэмрэ зэпэщIэтщ.

ЖиIэр зым, адрейм имыщIэ,

ТIум я нэгуми зыгуэр щIэтщ.

 

Пщэдджыжь дыгъэ

 

ГъащIэм сыкъыкIэрыхуащи,

Пщэдджыжь дыгъэм игу ар къоуэ.

СыщIишыну къыслъихьащи,

Си бжэ дзакIэм щызэщоур.

 

Бжэр Iузмыхмэ, игу мызагъэу,

Ар щхьэгъубжэмкIэ къокIуэкIыр.

Дыгъэ бзийр къызделъэ щIагъуэу,

ПIалъэ мащIэр къызиIуэкIыу.

 

Гъуэгум

 

ЗыхущIэкъум гур нэмысу,

ГъащIэр псынщIэу макIуэ.

Щхьэм зы гугъи имыгъусэу,

Гъуэгум тетщ и закъуэ…

 

Гум хуэшэчкъыми къэхъуахэр,

Щхьэм зыхуещIыр гъуазэ.

КъызэфIоувэж ар пагэу,

Ещхьщ шыщхьэмыгъазэм.

 

Си лъэпкъ

Гъуэгу лъэныкъуэр

Нартыху хадэщ,

Зы лъэныкъуэм

Укъыхэщкъым

 дыгъэгъазэм.

Уэ си лъэпкъ дыщэ,

Къэбгъанэу мы дахагъэр

Дэнэ уздишар

ТхьэгъэпцI гъуазэм?

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.