IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ...

ЕгъэджакIуэмрэ унэ­тIа­кIуэмрэ я илъэ­сым ди гулъытэр нэхъыбэу, дауи, зыхуэгъэзар егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэ мы­тыншым хьэлэлу пэрытхэращ. Апхуэ­дэхэм ящыщщ къытщIэхъуэ щIэблэм илъэс 35-м нэсауэ яхэт, Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шы­бзыхъуэ Иннэщ) адыгэбзэмрэ литерату­рэм­рэ щезыгъэдж Къурашэ ­Эммэ. ЛэжьакIуэ гумызагъэм зэфIэкI­рэ къарууэ иIэр ирехьэлIэ ныбжьы­щIэ­хэм щIэныгъэ куурэ лъэпкъ гъэсэныгъэрэ егъэгъуэ­ты­ным. 

Аруан щIыналъэм хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэ жылэм дэт курыт школыр ехъулIэ­ныгъэкIэ 1987 гъэм къиухри, егъэджакIуэ IэщIагъэм ­хуе­джэну мурад зыщIа пща­щэ цIыкIур щIэтIысхьащ ­КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс ­литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ адыгэ лите­ратурэмкIэ и къудамэм. Студент илъэсхэр купщIафIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэн­щIауэ ирихьэкIащ Эммэ. Еджэныр хъар­зынэу зэ­фIэзыгъэкIа егъэджакIуэ ныб­жьы­щIэр, япэм къекIуэ­кIыу щыта хабзэм тету, ягъэ­кIуащ езым хуэдэ IэщIагъэлI хуэныкъуэу къалъыта Къэ­хъун къуажэм дэт курыт школ №2-м, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджыну. ИужькIэ Къурашэр зэман кIэщIкIэ щылэ­жьащ Псынабэ дэт курыт школми. 
Эммэ игу къызэригъэ­кIы­жымкIэ, а илъэс­хэр хуэ­хъуащ абы икIуну Тхьэм къы­хуиуха егъэджакIуэ гъуэгу кIыхьым икIи купщIа­фIэм, хьэлэмэтым икIи жэуаплы­ныгъэ зы­пылъым я пэщIэдзэ дахэ. ЕгъэджакIуэ ­ныб­жьы­щIэр хуэIэижь хъуащ зыпэ­рыхьа ­IэнатIэм хэлъ щхьэ­хуэ­ныгъэхэм, щIэхыу ­щы­­гъуазэ зыхуищIыфащ дерс­хэр зэ­мы­лIэу­жьыгъуэу, гу­ры­Iуэ­гъуэу зэраухуэ Iэмалхэм, лэ­жьыгъэми къыщигъэсэбэпу хуежьащ егъэджэныгъэм къыхыхьэ технологие пэ­рытхэр. А псоми, дауи, я лъабжьэт Къурашэм и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэ къабзэр, щIэблэм ядэлэжьэнымкIэ хэлъ жыджэрагъыр, иIэ гукъыдэжыр. ЖыпIэнурамэ, абы къищIыкIащ зи IэщIагъэм хуэIэзэ лэжьакIуэ IэкIуэ­лъакIуэ. 
Нарткъалэ дэт курыт школым Къурашэр зэрыщы­ла­жьэрэ илъэс 25-м нэсащ. А зэманым къриубыдэу абы зыкъигъэлъэгъуащ IэщIагъэлI гумызагъэу, зыпэрыт IэнатIэр егъэ­фIэкIуэным, лэ­жьэкIэ мардэщIэхэр Iуэху ­зехьэкIэм хэгъэхьэным гурэ псэкIэ хущIэкъу егъэджа­кIуэу, щIэблэм я унэтIакIуэу. Бгъэ­дэлъ щIэныгъэм, зэ­фIэкI­хэм адэкIи хигъэ­хъуэн мурадкIэ, Эммэ зэкъым-тIэукъым зэ­рыщыIар а Iуэху­гъуэхэм хуэгъэпса курсхэм. Нобэ ар квалификацэ лъагэ зиIэ егъэджа­кIуэщ, зи лэ­жьэкIэр куэдым щапхъэ ­яхуэхъу нэхъыжьыфIщ.
- Къурашэ Эммэ ящыщщ ди анэдэлъхуб­-зэр хъумэным, и IэфIыр зыхащIэу, ар яIу­рылъу щIэблэр къэгъэ­тэ­джыным гурэ псэкIэ ху­щIэкъухэм. Абы и щыхьэтщ ари и нэIэм щIэт еджакIуэ цIыкIухэри адыгэбзэмкIэ, лъэпкъ литературэмкIэ Нарткъалэ, Аруан щIыналъэм, республикэм къыщызэрагъэ­пэщ олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэ зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм жыджэру дапщэщи зэ­рыхэтыр, ехъулIэныгъэфIхэр къы­зэ­ры­ща­хьыр, - жеIэ школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жыласэ Заремэ. - Я IэнатIэмкIэ зыхащIэ жэуаплыныгъэ лъагэмкIэ, IэщIагъэм хуаIэ лъагъуныгъэ къабзэмкIэ ди егъэджакIуэхэм къапэхъун куэд щымыIэу къызолъытэ. Лэжьыгъэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ ди нэхъыжьыфIхэм дрогушхуэ, дро­пагэ. 
ЕгъэджакIуэм и дерсхэр, зэрихабзэу, еухуэ щIэщы­гъуагъ хэлъу, сабийхэр нэхъыфIу лэ­жьыгъэм езышэ­лIэн Iэмалхэр, технологиещIэхэр, техникэ пэрытым иIэ зэфIэкI къы­зэрымыкIуэхэр къигъэсэбэпурэ. Сабийм и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъунымкIэ егъэджакIуэм и пщэ жэуаплыныгъэшхуэ къы­зэ­рыдэхуэр фIыуэ къыгуроIуэ Къурашэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэр дерсхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным и за­къуэкъым, атIэ, анэдэлъхубзэмкIэ класс­щIыб лэжьыгъэхэри зэмылIэужьыгъуэу ­егъэ­кIуэкIыпхъэщ. Ап­хуэ­дэ­хэмкIи къулейщ Эммэ. Абы ирегъэкIуэкI лъэпкъ хабзэ­хэмкIэ факультатив курсыр. Апхуэдэу ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэм я махуэщIхэм, ма­хуэгъэпсым къы­щыгъэлъэгъуа лъэпкъ ма­хуэшхуэхэм ирихьэлIэу шко­лым къы­щызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм жыджэру хэтщ езыри и еджакIуэхэри. Дауи, егъэджакIуэ гумызагъэм иригъэкIуэкI апхуэдэ Iуэхухэм ныб­жьыщIэхэм яку дэ­лъыпхъэ зэхущы­тыкIэхэр, пщIэмрэ нэмысымрэ ирегъэ­фIа­кIуэ, абыхэм ягъуэт лъэпкъ гъэсэныгъэм и хэлъ­хьэныгъэ мэхъу. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ егъэджа­-кIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и гъэ­сэнхэм и предметым къы­хуащI гулъытэмрэ пщIэмрэ. АбыкIэ гурыфIыгъуэ щы­щIэр­къым Къурашэр. Абы и еджакIуэхэм яхэтщ район, республикэ олимпиадэхэм адыгэбзэмкIэ ­пашэ щыхъуахэр, «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым и лауреат ­хъуа­хэр.
- Сабийхэм яхэт дэтхэнэ лэ­жьакIуэми ­илъагъуну зыщIэхъуэпс фIыгъуэ нэхъыщ­хьэ­хэм ящыщщ иригъаджэхэм езыми и пред­метми пщIэ къыхуащIыныр. Сэри сыху­щIокъу си бзэм, си IэщIагъэм хузиIэ лъагъуныгъэ иныр щIэблэми зэрызыхезгъэ­щIэ­ным, ахэри анэдэлъхубзэм, щалъхуа я щIыналъэм гуры­щIэ къабзэ хуаIэу къэгъэтэджыным, - жеIэ егъэджакIуэм. - Си гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэращ си лэжьыгъэм нэхъыбэу джэлэс ­хуэ­хъур, си лъэр нэхъ жану щIэ­зыгъэкIыр. 
Апхуэдэу, и гуи и пси етауэ, лэжьыгъэр ире­хьэкI Къурашэ Эммэ. Абы къыщыдэхуэ зэманым щыщ бзылъхугъэм хухех фIыуэ ­илъагъу лите­ратурэм. Къыхэдгъэщынщи, Къу­рашэм къыдэкIыным ­хуигъэхьэзыращ и ­къалэмыпэм къыпыкIа тхылъитI: «Анэм и нэпс», «ГъащIэм и тезыр». Абыхэм авторыр шэщIауэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и телевиденэм къыщыхузэрагъэпэща нэтын щхьэ­хуэм. Эммэ и тхыгъэхэр щIэх-щIэ­хыурэ къытохуэ республикэм къыщыдэкI газетхэм. 
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ехъу­лIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ, къыт­щIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэфIрэ гъэсэныгъэ тэмэмрэ егъэгъуэтыным гулъы­тэшхуэ хуэ­зыщI, ди щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ гъа­щIэм жыджэру хэт лэ­жьакIуэ пашэм бгъэ­дэлъ зэфIэкIхэм гулъытэ лъаги ягъуэтащ. Къурашэм къы­фIа­щащ «УФ-м и егъэджэ­ныгъэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ» цIэ лъапIэр, къы­хуагъэфэщащ КъБР-м и Пар­ламентым, Аруан район администрацэм, ­Дунейпсо Адыгэ Хасэм, нэгъуэщI къэ­рал, жылагъуэ IэнатIэхэми къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. 
И лэжьыгъэм къыпэкIуэ апхуэдэ ехъу­лIэныгъэфI­хэм, и гъэсэнхэм я текIуэныгъэ­хэм, жылагъуэм щиIэ пщIэм, дауи, ирогуш­хуэ егъэджакIуэр. АтIэми гъащIэм щиIэ гурыфIэгъуэ нэхъ ин дыдэщ абы и бынитIыр: Му­хьэмэдрэ Дианэрэ. Ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысым­рэ зыхэлъ цIыху гъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIа­гъэ дахэрэ яIэщ, цIыху­хэм екIуу яхэтщ.
Уи IэщIагъэр фIыуэ плъа­гъумэ, пхузэ­фIэ­мыкIын ­хэлъкъым, куэди пхузэгъэ­хъулIэнущ. Абы и щыхьэтщ Къурашэ Эммэ и Iуэху зехьэкIэ дахэр. Аращ абы егъэджакIуэм и къалэн нэхъыщхьэм - щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, цIыхугъэ ин, хабзэ, нэмыс зыхэлъ цIыху тэрэз ­хэкум хуэгъэхьэзырыным - хуэгъэпса и мурадхэр къы­щIехъулIэр. ЩIэблэм анэ­дэлъ­хубзэр егъэджыным, хэкупсэу гъэсэным псэ хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэ Iэзэм, гъа­щIэм жыджэру хэт бзылъ­хугъэм ехъулIэныгъэ­щIэхэр иIэну ди гуапэщ. Угъурлы хурехъу Егъэ­джакIуэмрэ унэ­тIакIуэмрэ я илъэсыр. 
ТАМБИЙ  Линэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.