ГЪУЩI ГЪУЭГУХЭР КЪЫЩЕЖЬАР

Япэ гулъэф (рельс) гъуэгуу къалъытэ «Диолк»-р, ди эрэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм гухэр къыщралъэфэкIыу щытар. Ар мывэ сэхум дэтIыкIат. ИужькIэ зэралъэф гъуэгухэр Европэм къыщыунэхуащ. Пхъэм къыхэщIыкIа гулъэф гъуэгухэр куэду щыIэт шахтэхэм я деж. Абдеж къыщыщIах мывэ лIэужьыгъуэхэр кхъухьыр здэщыIэм нагъэсырт абыхэмкIэ.
Иджырей гъущI гъуэгум и тхыдэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, индустрием щаубла зэхъуэкIыныгъэхэм я деж, къыщожьэ.
1698 гъэм Севери Томас къыдихащ бахъэкIэ лажьэ япэ двигателым и патент. Илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIа нэужь ар нэхъри ирагъэфIэкIуащ. I769 гъэм Шотландием щыщ Уатт Джеймс бахъэкIэ лажьэ автомобиль хьэлъэм и патент къыдихащ. Ари I782 гъэм ар паровозхэм къыщыбгъэсэбэп хъууэ ирагъэфIэкIуэжащ.
БахъэкIэ лажьэ двигателым папщIэ гу цIыкIу япэу иухуащ франджы IэщIагъэлI Кюнью Николя. I797 гъэм Третивик Ричард ищIащ бахъэкIэ лажьэ, гулъэфкIэ зекIуэ гу цIыкIу егъэфIэкIуар. I80I гъэм абы ищIащ аттракцион гъущI гъуэгум тет паровозым и модель.
Къапщтэмэ, гъущI гъуэгу зэпыщIэныгъэхэм заужьыным хэлIыфIыхьауэ щытащ франджы пащтыхь Наполеон. Европей къэралыгъуэхэм япэщIэтыху, ерыскъыхэкI куэдыр лъапIэ хъурт. Псом хуэмыдэу хуэныкъуэ хъухэрт шыхэм ират хьэцэпэцэхэм. Абы щыгъуэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэм псоми шы зэщIэщIа къагъэсэбэпырт. Арати, шым и къарур паровозкIэ зэрахъуэкIыным пэрыувахэщ.
Япэу апхуэдэу къагъэсэбэпауэ щытащ Мидлтон гъущI гъуэгур. Абы лэжьэн щIидзащ I758 гъэм икIи япэщIыкIэ шызэкъуэгут щызекIуэр. I8I2 гъэм Мидлтоным папщIэ «Саламанка» зыфIаща япэ паровозыр зэфIагъэуващ. Ауэ абы зэхуэмыхъу куэд хэлът.
1825 гъэм фокIадэм и 27-м Инджылызым, Стоктон-он-Тис, Дарлингтон къалэхэм я зэхуакум цIыхубэм папщIэ километр 40 хъу гъущI гъуэгу къыщызэIуахащ. Абы трагъэуващ Стефенсон Джордж иухуа Locomotion №I паровозыр. I830 гъэм Инджылызым къыщызэIуахащ Манчестеррэ Ливерпулрэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгу. Ар километр 56-рэ хъурт, вокзалхэри иIэт. Илъэс 20 дэкIа нэужь, абы щыIэт къэралыр зэщIэлъэзыгъэIэс гъущI гъуэгушхуэ, километр II 000 и кIыхьагъыу.
XIX лIэщIыгъуэм Америкэм щыщ полковник Стивенс Джон гъущI гъуэгу компание иухуэну хуит зыкъригъэщIащ къэралым. I826 гъэм абы бахъэкIэ лажьэ и япэ локомотивыр игъэлъэгъуащ.
Урысейм гъущI гъуэгухэр яухуэн щыщIадзар нэхъ иужькIэщ, I830 гъэхэрщ. I788 гъэм Петрозаводск къалэм «Чугунный колесопровод» зыфIаща япэ гъущI гъуэгум лэжьэн щыщIидзащ. I836 гъэм пащтыхь Николай I унафэ ищIащ Царскосельскэ гъуэгур яухуэну. Илъэс дэкIри, ар къызэIуахащ, япэ дыдэуи езы пащтыхьыр ирызекIуащ. I89I гъэм яухуа Транссыбыр гъущI гъуэгум и кIыхьагъыр километр мини 9,2-рэ мэхъу. Ар дунейм щынэхъ кIыхь дыдэщ.
СССР-м гъущI гъуэгухэм зыщаужьыным и гуащIэ хилъхьащ Бещев Борис. I948 гъэм къулыкъум пэрыувэри, ар гъуэгу зэпыщIэныгъэхэмкIэ министру лэжьащ илъэс 29-кIэ.
Иджыпсту гъущI гъуэгухэм мафIэгухэр щызокIуэ электрическэ къарукIэ. А Iэмалыр япэу къигупсысауэ щытащ Сименс Вернет - I879 гъэм километр 300 хъу гъущI гъуэгу, электричествэкIэ лажьэу, игъэлъэгъуауэ щытащ абы.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.