ЛЪЫМ ЕЩIЭЖ

«Ахърэти духьэти умыщIэжу», - жеIэрей си анэм. «Духьэт» псалъэм и мыхьэнэм сылъыхъуэу сыкъэгъуэгурыкIуащ, зищIысыр къысхуэмыщIэу. Уеблэмэ ар къэзыпсэлъ си анэм ищIэртэкъым абы къикIыр, псалъафэу къыдекIуэкI мыхъумэ. Адыгэр къызытехъукIа хьэтхэмрэ абыхэм я тхыдэмрэ нэхъ куууэ джын щIэздза нэужьщ си упщIэ бжыгъэншэхэм я жэуапхэр зэрытIэпIыкIыу къыщыкIэлъыкIуар. 
Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ духьэт псалъэр пасэрей мысырхэм я мифологием къызэрыхэщыжыр. 
Мыбдеж фигу къэдгъэкIыжынщ пасэрей мысырхэр нобэрейхэм зыкIи къазэрыгуэмыхьэр, я бзэкIи, теплъэкIи, фIэщхъуныгъэкIи зыкIи зэрызэмыкIуалIэр, уеблэмэ а къэралыгъуэм нэгъуэщIыцIэ иIэу зэрыщытар – КIушрэ Хьэнрэ жиIэу щIыналъитIу зэрызэхэтар. Хаттологхэм зэрыжаIэмкIэ, пасэрей мысырхэр япэ дыдэу къэунэхуа хьэт цивилизацэм щыщт, Африкэм ехыу, Нил и Iуфэ IутIысхьауэ.
АтIэ, пасэрей мысырыбзэмкIэ «dwȝt» жиIэмэ цIыхур лIа нэужькIэ и псэр здэкIуэ щIыпIэ, нобэ нэхъ къыдгурыIуэ хьэрыпыбзэкIэ жыпIэмэ, «ахърэт» къикIыу арат. Духьэтым и хъумакIуэу, абы и тхьэу щыIэт Осирис. ЛIахэм я псэр дунейм щехыжкIэ, мыгъуэщэн папщIэ, зыгъэIэпхъуэр Анубист. ДунеитIым я зэпылъыпIэм деж Тот тхьэр псэм къыпежьэрт, дыжьын кхъуафэжьейм исуи, духьэтым ишэрт. 
ЦIыхур лIа нэужькIэ, хьэдэр мыкIуэдын папщIэ, щхъухь зэмылIэужьыгъуэхэр ирахьэлIэрт, зэщIапхэжырти, тхьэ хуелъэIурт духьэтым еха нэужь мыгъуэщэну, абы зыщрихьэлIэну гъэунэхупIэхэм пэлъэщыну, Осирис и пащхьэ бэIутIэIуншэу ихьэжыну. А тхьэлъэIухэр нобэр къыздэсым тетщ щимэхэм (пирамидэхэм) я блынхэм, хьэдэр зыдалъхьэу щыта дыщэ бэнхэм, ЛIахэм я тхылъым. Осирис и пащхьэ ихьэжа нэужь, псэр зыIута цIыхум дунеягъэкIэ илэжьам теухуауэ тхьэм унафэ ищIырт: псэр Тхьэ Дыгъэу Ра хуэлажьэу нэхъ щIыпIэфIым игъэкIуэну е вагъуэ зэхуакуу кIэи пэи зимыIэ Уахэ жыжьэм хиутIыпщхьэну, абы игъуэщыхьауэ, гугъуехьыр телъу игъащIэ псокIэ итыну.
Зэ IуплъэгъуэкIэ, пасэрей фIэщхъуныгъэр нобэрейм зыкIи къыщхьэщыкIыркъым, тхьэмрэ бегъымбархэмрэ я цIэхэр нэгъуэщIщ жумыIэмэ. ЦIыхум и дуней тетыкIэм елъытауэ, лIа нэужь и унафэ зэращIынури къыпэщылъри зыщ – жэнэт е жыхьэрмэ. 
МысырыбзэкIэ, хьэтыбзэкIэ «духьэт» псалъэ зэпкърыпхмэ, Ду, Хьэ, Т (дэ) жиIэу пхуэгуэшынущ, дэтхэнэ пычыгъуэми мыхьэнэ иIэу. «Ду» - зыгуэр щахъумэ, зэхуэщIа ухуэныгъэ жытIэу доцIыху адыгэм, «Хьэ» - хьэтыбзэкIэ цIыху къикIыу аращ, «Т» - диалектым елъытауэ тралъэщIа, ягъэщэба «дэ», дия, жа къикIыу. Зэхуэпхьэсыжмэ, хьэ(цIыху) лIам (дэм хуэдэу быдэу диям) и хъумапIэ (ду) – Духьэт. 
Мыпхуэдэ хабзэм утету пхузэпкърыхынущ мыадыгэбзэу къалъытэ «дуней» псалъэри. Ду-Ней: Ду – жыхуэтIа щIыпIэ зэхуэщIарщ, Ней – е, губжь (зыгуэрым и ней къыпщыхуэн жыхуиIэм хуэдэу). КIэщIу жыпIэмэ, Iей щалэжь щIыпIэ. 
Мысыр мифологием къызэрыхэщыжымкIи, иужьыIуэкIэ къэунэхуа Библием зэритымкIи, Духьэтыр (Псэхэр зэкIуэлIэж дур) мы ЩIым тетщ. Мыбдежым си нэгу къыщIоувэ Гундэлэныпсыр Бахъсэныпсым къыщыхэлъадэм деж къыщыщIэдзауэ, Наужьыдзэ удэзыш Хьэдрыхэ лъагъуэмрэ, кхъуафэжьейм ещхьу (Анубис и кхъуафэжьейм ещхьу) жьэдэха абы и сыджхэмрэ. «Земля Ра» тхылъыр зытха лъахэхутэ Осташко Андрей зэритхымкIэ, Кавказ къуршхэрщ КIур хъужыр, пасэрей тхьэхэр щалъхуари лIахэм я псэхэр здекIуэлIэжри. Ар тхакIуэм нэхъ зэпкърыхауэ, дахэу, гухэхъуэу етх, ауэ ар хъыбар кIыхьщ, къэтIэта Iуэхугъуэм къегъэбыдылIами, мы тхыгъэм къыпхуимыгъэзэгъэнщ…
«Сыт духьэтым къибгъэкIыр?», - жысIэри, иджыри зэ сеупщIыжат ди анэм. «СщIэркъым, зыгуэрым жиIэуи зэхэсхакъым, тхьэм къысIурилъхьагъэнщ», - жи. Лъым ищIэжрэ?!
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2024 - 12:25

Къэралыр ядэIэпыкъунущ

«Агроэкспресс» пэхуэщIэр егъэжьэным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирегъэкIуэкI Узбекистаным и гъусэу, къитащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ

10.12.2024 - 09:09

Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

10.12.2024 - 09:03

ЛIыгъэр зыщагъэгъупщэркъым

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур.

10.12.2024 - 09:03

Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ

Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж

09.12.2024 - 15:59

Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м.