РОЗЭХЭР

- Дунейм тетщ розэ лIэужьыгъуи 100. 

- Розэ нэхъ ин дыдэр къыщагъэкIауэ щытащ Калифорнием. Тхьэмбылыфэт, и диаметрыр сантиметр 83-рэ хъурт. 
- Розэ нэхъ лъагэ дыдэр метри 7-м нэс докIей.
- Розэ чыцэ нэхъ ин дыдэр Аризонэ штатым щогъагъэ, абы метр зэбгъузэнатIэ 2700 хъу гъэмахуэ уэршэрыпIэм зэрыщыту зыкърешыхьэкI.
- Дунейм нэхъыжь дыдэу тет розэр, ди зэманми гъагъэр, Германием, Хильдесхайм члисэм и блынхэм деж, къыщокI. А розэр зэрыщыIэр дэфтэрхэм итщ 815 гъэ лъандэрэ. 
- Розэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ щыIэщ. Илъэс мелуан 35-рэ зи ныбжь, мывэ хъужа рози къагъуэтыжащ.
- Розэ нэхъ лъапIэ дыдэм «Джульеттэ» фIащащ. Ар розэгъэкI Остин Дэвид 2006 гъэм къигъэкIыфа лIэужьыгъуэщ. Ар къигъэкIыным илъэс 15 ихьащ, доллар мелуанитхуи текIуэдащ. «Джульетэт» розэр Остин Дэвид 2006 гъэм аукционым доллар мелуан 15,8-кIэ щищащ.
- Италием щыIэщ «Cavriglia» розэ гъэкIыпIэ нэхъ ин дыдэр. Абы лIэужьыгъуэ 7500-рэ ущрихьэлIэнущ. 
- Розэ нэхъ цIыкIу дыдэр – прунж хьэдзэ хуэдиз хъур, Индием щагъэкI. Абы «Си»-кIэ йоджэ, «нытIэ» жиIэу къокI.
- Розэм дагъэ къыщIаху. Ар дыщэм, дыщэ хужьым нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Розэм дагъэ киллограмм къыщIэпхун папщIэ абы и тхьэмпэ тонни 3 ухуейщ. Розэм и дагъэр дыхухэм хакIэуи къагъэсэбэп. 
- Шекспир и тхыгъэхэм 50-рэ къыщигъэсэбэпащ «розэ» псалъэр. Уеблэмэ абы и цIэр зы розэ лIэужьыгъуэм зэрехьэ – «Уильям Шекспир».
- Урысейм розэр япэу щагъэкIащ 16-нэ лIэщIыгъуэм. Хадэхэр абыкIэ ягъэдахэу щIадзащ Пётр I-м и пащтыхьыгъуэм. Екатеринэ 11-м и тетыгъуэм розэр пащтыхь хадэхэм я гуащэ хъуащ. 
- Японием щагъэкI «Хамелион» розэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэн. Пщэдджыжьым абы и тхьэмпэхэр плъыжьыбзэщ, пщыхьэщхьэ хъуамэ – хужьщ. 
- 2004 гъэм япэу розэ щIыху ягъэкIауэ щытащ.
- Розэр гухэлъым дамыгъэу къалъытэ.
 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.