СПОРТЫР НАРКОТИКЫМ И БИЙЩ

«Спортыр наркотикым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык щекIуэкIащ сумомкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ зэIуха. А зэпеуэм хэтащ щIыналъэхэм къикIа щIалэрэ хъыджэбзу спортсмен 70-м нэблагъэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ, зэхьэзэхуэм щытекIуахэщ Мусуков Карим, Тау Ибрэхьим, Алекперовэ Шарлоттэ, Вэрокъуэ Къантемыр, Алекперовэ Габриэллэ, Джанукуевэ Эллинэ, Петрунин Аскер, Вындыгъу Сабринэ, Ало Андемыр сымэ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ кубокхэмрэ медалхэмрэ,

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2025 - 09:03

ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ.

10.02.2025 - 09:03

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

10.02.2025 - 08:55

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 

10.02.2025 - 08:54

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

10.02.2025 - 08:53

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ.