ГЪАЩIЭР ЛЪАПIЭНЫГЪЭ НЭХЪЫЩХЬЭЩ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщащ «Лъы ты – гъащIэ къегъэл!» псапэ зыпылъ Iуэху.    Лъы  щыхаш станцым  пщэдджыжьым жьыуэ екIуэлIащ  абы хэтыну гупыж зыщIа, щIыналъэ МЧС-м и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Къапщтэмэм, мыбыхэм ящыщ куэдым я дежкIэ ар япэкъым, яхэтщ иджы къахыхьахэри, къыхэдгъэщынщи «ЩIыхь зиIэ донор» хъуахэри  щыIэщ.         

- Лъы ятым хуэныкъуэщ ар и чэзум ягъуэтын-ямыгъуэтыным зи гъащIэр елъыта цIыхухэр.     Иужь зэманым къыхэхъуащ апхуэдэхэм.  Дэ тщыщу  лъы зыта дэтхэнэми   Iэмал  иIэщ  цIыху гъащIэ  къригъэлыну,- къыхигъэщащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил.        

Урысей МЧС-р илъэс 32-рэ щрикъум, дыгъэгъазэм и 27-м, ирихьэлIэу  къызэрагъэпэща  мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум хэтащ цIыху 95-рэ.   

         Гудзакъэ, гуапагъэ зыбгъэдэлъ щIыналъэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм, Iэмал имыIэу лъы тын зэрыхуейм  шэч къытезыхьэхэр  къыхураджэ     донор  ухъуныр    ипэжыпIэкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ  цIыхугъэу зэрыщытыр зыхащIэну.  ЖаIэ:  «ЦIыху гъащIэ къегъэлыныр   лъапIэныгъэшхуэщ!»  

 

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ                                                   

09.07.2025 - 09:03

Гъавэр кърахьэлIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэ­нэр щокIуэкI. Псом япэу ­Iуахыжыр бжьыхьэсэ гъавэрщ.

09.07.2025 - 09:03

Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщы­жы­ным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ.

09.07.2025 - 09:03

Лъэпкъ фIыгъуэхэр щахъумэ

Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ саби

08.07.2025 - 09:27

Республикэми къэралми къахуэщхьэпэнущ

КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм ды­гъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ.