НЫБЖЬЫЩIЭ ЗЭЧИИФIЭХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

КъБР-м щыIэ МВД-м щагъэлъэпIащ «Си адэ-анэр полицэм щолажьэ» зыфIаща, сабий сурэтхэм я Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василийрэ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ ныбжьыщIэхэм иратащ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. 
Министрыр текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэм фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, узыншэну, дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэхъуащ. Къыхигъэщащ мы гъэм иджы япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ныбжьыщIищ Урысейпсо зэпеуэу Москва щекIуэкIам зэрыщытекIуар. «Полицейский дядя Стёпэ» зэпеуэу мы гъэм и накъыгъэм екIуэкIам и саугъэт къихьащ Бозий Малик. Абрэдж Миленэ и IэдакъэщIэкIыр нэхъыфIу къыщалъытащ илъэс I2-I4 ныбжьым итхэм я зэхьэзэхуэм, Глок Виктор и лэжьыгъэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ илъэси 6-8 хъухэр зыхэта зэпеуэм. 
- Сабийхэм я IэдакъэщIэкI сурэтхэм дыкъощ дэ - полицейхэр - ди къулыкъур зэретхьэкIри, унагъуэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми дызэрыщытри. Фыпсэу, ныбжьыщIэхэ! Лэжьыгъэхэм деплъа иужь вбгъэдэлъ зэчийр гъэщIэгъуэн тщыхъуащ! - къыхигъэщащ министрым. 
Павлов Василий щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ адэ-анэхэм. 
- Фэ зэманрэ къарурэ къывогъуэт цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэ лъапIэныгъэхэр сабийхэм яхэфлъхьэну, лэжьыгъэмрэ творчествэмрэ, гъащIэр тэмэму къагурыIуэным хывошэ, - жиIащ Павлов Василий. 
Адэ-анэхэми министерствэм и унафэщIхэм фIыщIэ хуащIащ сабийхэм я творческэ зэфIэкIыр къызыкъуахынымкIэ Iэмал зэрыратым папщIэ. 
 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.04.2025 - 10:22

Къэралым цIыхухэм защIегъакъуэ

Хуэныкъуэхэм е уна­гъуэ хуэмыщIахэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ къэралым зэ­ры­защIигъакъуэ Iэмалыр зэ­рырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х

22.04.2025 - 09:14

ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.

22.04.2025 - 09:13

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

21.04.2025 - 12:00

Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

21.04.2025 - 09:01

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ