АРУАН ЩIЫНАЛЪЭМ КЪИКI ХЪЫБАРХЭР

Аруан щIыналъэм къыбгъэдэкI зи чэзу гуманитар дэIэпыкъуныгъэр иджыблагъэ яутIыпщащ Запорожье областым. Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ажий Валерэ зэрыжиIамкIэ, КъБР-м и щIыпIэ самоуправленэхэм я лэжьыгъэр къыщапщытэ зэпеуэм япэ увыпIэр къызэрыщахьам папщIэ кърата ахъшэ саугъэтымкIэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм щыIэ щIалэхэм зыщIагъакъуэмэ, нэхъ къащтащ. Абыхэм къыхуащэхуащ езыхэр зыщIэлъэIуа хьэпшыпхэр: нэрыплъэу I0, тепловизори 6, рацэу 30.
ЩIыналъэм ит къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм зэхуахьэсри, дыщIагъуащ лы гъэгъуа, пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, фIэIугъэхэр, кхъуей, IэфIыкIэ, тутын, медицинэ Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗауэлIхэм я гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ зрагъэIэтынущ сабийхэмрэ школакIуэхэмрэ хурагъэхьа сурэтхэмрэ открыткэхэмрэ. Абыхэм ярытщ щIэблэм дзэлIхэм ирагъэкIуэкI Iуэхур зэрыдаIыгъыр, текIуэныгъэкIэ зэрыхуэхъуапсэр, узыншэу, псэууэ къэкIуэжыным зэрыпэплъэр.
А псори щIалэхэр здэщыIэ щIыпIэм яшащ къуажэ унафэщIхэмрэ жэрдэмщIакIуэхэмрэ.
Нэхъ пасэу Къэхъун къуажэм щыщ гуп зэхыхьэри, фронтым Iутхэм хуашащ ерыскъыхэр, щыгъын хуабэхэр, зауэ губгъуэм къыщагъэсэбэпыну хьэпшыпхэр.
Псыгуэнсур нэхъ зыхуей хуэзауэ къалъытэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 зэрырикъум ирихьэлIэу ди хэгъэгум щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм ящыщщ Аруан щIыналъэри. Абы къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщу зэрыщытымрэ щхъуантIагъэкIэ зэрагъэдахэмрэ къыщапщытэу арати, Псыгуэнсу къуажэр нэхъыфIхэм хабжащ.
Псыгуэнсу администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Мухьэмэдин щIыхь тхылъыр къритыжащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым я япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед. ИкIи республикэ бюджетым къыхэкIыу жылэм сом мин 400 хуагъэфэщащ. А ахъшэри дяпэкIэ халъхьэнущ къуажэм и теплъэр нэхъри ирагъэфIэкIуэным. ТекIуэныгъэр къыпэкIуащ къуажэ унафэщIымрэ жылэдэсхэмрэ зэгурыIуэу, зэдэIэпыкъужу зэрызэдэлажьэм.
ЩIалэгъуалэр жыджэрщ
Дызэрыт лъэхъэнэм щIалэгъуалэм Iэмал куэд яIэщ гъащIэм лъэ быдэкIэ щыувынымкIэ, дэзыхьэх Iуэхугъуэм зрагъэужьынымкIэ, лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щыIэ гупжьейхэм я зэфIэкI щыхагъэхъуэнымкIэ. Иджырей щIалэгъуалэр сэбэп яхуохъу щIыпIэ, щIыналъэ унафэщIхэми, къэрал къулыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэми.
Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр къалъытэри, Волонтерхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Аруан район администрацэм щIалэгъуалэр ирагъэблагъэри, гулъытэ хэха къыхуащIащ. Нэхъ жыджэру районым щекIуэкI Iуэхухэм хэт ныбжьыщIэхэм иратащ Аруан администрацэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр, Щэнхабзэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ къудамэм и щIыхь тхылъхэр, апхуэдэуи Физкультурэмрэ спортымкIэ къудамэм спортсмен ныбжьыщIэхэр игъэлъэпIащ.
Мы щIыналъэм щыпсэу волонтерхэм я зэмани, къаруи трагъэкIуадэ, гулъытэ хуащI гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува унагъуэхэм, цIыхухэм. МащIэкъым абыхэм гугъуехьым къыхашхэмрэ зи гуапэ ящIхэмрэ я бжыгъэр.
Жэмыхъуэр токIуэ
ЩIалэгъуалэ хьэрычэт IуэхумкIэ Москва щекIуэкIа «Твое дело. Время возможностей» урысейпсо зэпеуэм щытекIуащ Аруан щIыналъэм щыщ хьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэ Жэмыхъуэ Хьэрун.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм и хэгъэгу 84-м щыщу щIалэгъуалэ мини 2,5-рэ. Хьэрун пашэныгъэ къыщихьар «Агробизнес» унэтIыныгъэрщ, абы утыку кърихьащ «Microgreen seeds» проектыр.
Жэмыхъуэм и компанием микрозеленым и жылэхэр ищэу аращ. ЩIалэм цIыхум шхыным хилъхьэу къигъэсэбэп удз лIэужьыгъуэхэм щIэупщIэшхуэ яIэ зэрыхъуар, ар шхапIэхэм хуабжьу зэращэхур къилъытэри, зэманым декIу хьэрычэт Iуэху зэтриублащ икIи Урысей псом закъригъэцIыхуащ.
Зэхьэзэхуэм къикIыжа нэужь, ар иригъэблэгъащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ажий Валерэ икIи проект гъэщIэгъуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну къигъэгугъащ.
НыбжьыщIэхэм я зэхыхьэ
Иджыблагъэ Нарткъалэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм я зэхуэс. Абы хэтащ щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIу районым щыIэхэр, спортсмен ныбжьыщIэхэр, волонтерхэр, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, еджакIуэ самоуправленэхэм я пашэхэр.
ЗэIущIэр Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ. ЩIалэгъуалэ политикэм елэжь IэщIагъэлIхэм яхуэзащ КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. Апхуэдэуи сабийхэм, щIалэгъуалэм я урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэща зэрыхъум тепсэлъыхьащ зэхуэсахэр.
Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, етIанэгъэ Нарткъалэ дащIыхьынущ Iуэхугъуэ куэдым хухэха иджырей щIалэгъуалэ центр. Ар КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр Росмолодежым иригъэкIуэкIа зэпеуэм зэрыщытекIуам къыпэкIуащ. Абы къыхуаутIыпщыну сом мелуани I40-м щIигъум щыщ Аруан щIыналъэми нэсынущ.
Абы и фIыгъэкIэ щIыналъэм ис ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я гупсысэхэр гъащIэм хапщэфынущ, хьэрычэт Iуэху цIыкIухэр къызэIуахыфынущ, грантхэмкIэ я творчествэхэм зрагъэужьыфынущ. КIэщIу жыпIэмэ, Нарткъалэ къыщыунэхунущ иджырей щIалэгъуалэ IуэхущIапIэ щхьэпэ.
Я лэжьыгъэр нэхъыфIхэм хабжэ
Къэралыр лъэщ хъунуми, абы лэжьыгъэр зэтеублауэ щекIуэкIынуми зэлъытар муниципалитетхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ зехьэкIэмрэщ. Абы къищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм и Президентым къигъэув лъэпкъ къалэнхэр и кIэм нэсу гъэзэщIа хъуныр, абы хъер къыпэкIуэныр зэлъытар ахэращ. Ар и лъабжьэу ди республикэм 2021 гъэм къалэ округхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ я лэжьыгъэм и фIагъыр къыщапщытащ. Зэпеуэм псэукIэм и лъэныкъуэу 4I-м щыкIэлъыплъащ. Псоми зэхуэдэ гулъытэ ялъысын папщIэ муниципалитетхэр гупищу ягуэшат. Iыхьэ ещанэм япэ увыпIэр къыщихьащ Аруан районым.
ТекIуа щIыналъэхэм грант ахъшэ хуагуэшащ муниципалттетхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэм трагъэкIуэдэн щхьэкIэ. Апхуэдэу районхэм яутIыпщащ республикэ бюджетым къыхэкIыу, сом мелуан 15.
Мы зэпеуэм хэту гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэмрэ гъуэгу Iуэхухэмрэ зегъэужьынымкIэ программэхэр ди щIыналъэхэм гъэзэщIа зэрыщыхъури. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ хэгъэгу экономикэм лъабжьэ хуэхъур. Иужьрей илъэсищым мэкъумэш IэнатIэм сом меларди 7 хуаутIыпщащ федеральнэ, республикэ бюджетым къыхэкIыу, апхуэдэуи 202I-2022 гъэхэм щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм хухахар сом меларди 2-м щIегъу.
2023 гъэм лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуапхъэу зэрыщытыр жиIащ республикэ Iэтащхьэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэр апхуэдэ лэжьыгъэхэр нэхъри щIагъэхуабжьэмэщ. Псом хуэмыдэу санкцэхэмкIэ къэралыр щыдакъузэ лъэхъэнэм лъэныкъуэ псомкIи зэрызыдужьын Iэмалхэр къэгъуэтыпхъэщ.
«Нарт» паркыр зэIузэпэщ ящIынущ
Мы гъэм ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу Аруан районым иIахэм ящыщщ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ проект нэхъыфIхэр къыщыхах Урысейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуар.
Тамбов щекIуэкIа, псэупIэ зэIузэпэщ къызэгъэпэщынымкIэ проектыфIхэр утыку къыщрахьа VI Урысейпсо зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ Аруан щIыналъэм и проект зэгъэпэщар, ар зыхухэхар районым и «Нарт» паркыр зыхуей хуэгъэзэнырщ.
Зэхьэзэхуэм Урысейм и хэгъэгу 75-м икIа лэжьыгъэ 280-рэ ирагъэхьащ. Абы хэплъащ архитекторхэр, къалэ ухуакIуэхэр, экономистхэр, социологхэр, щэнхабзэ щIэинхэр зыхъумэхэр, археологхэр.
Зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам и щыхьэт тхылъыр Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ажий Валерэ къритащ Урысейм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Файзуллин Ирек. ЦIыху мин 20-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэс зыдэс къалэ нэхъ цIыкIухэм хиубыда Нарткъалэ и жыг хадэр зыхуей хуигъэзэн папщIэ сом мелуан 85-рэ къратынущ, абы къищынэмыщIауэ «Нарт» проектым щIыналъэ бюджетым щыщу сом мелуан 30 хухалъхьэнущ.
Зэпеуэр дяпэкIэ УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту екIуэкIынущ икIи хуаутIыпщыну мылъкум тIукIэ хэхъуэнущ – сом мелард 20-м нэблэгъэнущ.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, паркым дяпэкIэ иIэнущ лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь лъагъуэ, къэкIухьыпIэ, спорт щIыпIэхэр, сабий джэгупIэхэр, шхапIэхэр. Абы къищынэмыщIауэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIын хуэдэу сценэшхуэ щагъэувынущ. «Нарт» паркыр иджырей архитектурэ Iэмалхэмрэ лъэпкъым и шыфэлIыфэмрэ щызэхэухуэна теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ зыгъэпсэхупIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым, абы хохьэ арт-объектхэр, архитекторхэм къагупсыса теплъэ гъуэзэджэхэр.
Нарткъалэ апхуэдэ парк зэгъэпэща щыухуэныр къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэгъэпса Iуэхухэм псэукIэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ я нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Зи гугъу тщIы проектым къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэхэри щыIэнущ Нарткъалэ. Абы и гъуэгу нэхъыщхьэхэр, километр 20 хуэдизыр, зыхуей хуэгъэзэным сом мелун 200 хухахынущ. Ар 2023 гъэм яубзыхуахэм ящыщщ. Иджыпсту сабий 500 зыщIэхуэну школыр и кIэм нагъэс, 2024 гъэм иджыри зы щащIыну я мурадщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.