НАСЫП IУАЩХЬЭ

Iуащхьэмахуэ лъапэр Кавказ Иным и турист фIэщыгъэцIэу жыпIэ хъунущ. Абы къызэщIеубыдэ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ бгым и джабэхэмрэ абы къепха щIыпIэхэмрэ. Гъэмахуи щIымахуи уэс зытелъ, зи щхьэщыгур мылылъэ бгым, абы и Iэхэлъахэм ит гуэлхэм, псыкъелъэхэм, аузхэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым, нэр ятхьэкъуу апхуэдизкIэ дахэщи. А псом къадэкIуэу бгы лъапэр туристхэм я кIуапIэ ещI альпинизмыр, лъэрыжэ къэжыхьыпIэхэр зэриIэм. Iуащхьэмахуэ лъапэ совет альпинизмым и къежьапIэу къалъытэ.

Махуэр уэфIмэ, дунейр бзыгъэмэ, километри 100 бжыгъэкIэ упэIэщIэми, дахэу уIуоплъэ Насып Iуащхьэм. Абы и къухьэпIэ щыгум и лъагагъыр метр 5642-рэ мэхъу, къуэкIыпIэ щыгум метри 5621-рэ и лъагагъщ. Iуащхьэмахуэ и «пыIэр» зэрымылыр псоми ящIэ, абы метр 200 и Iувагъщ. КъищынэмыщIауэ, щыгум мылылъэ 23-м зыщаубгъуащ, километри 144,5-рэ къызэщIаубыдэу.

Куэдым ящIэркъым абы и хъуреягъым метр мини 4, мини 5 хъу нэгъуэщI Iуащхьэхэри - Ирик-Чат, Килар, Донгуз-Орун, Джайлык, Джантуган, нэгъуэщIхэри къызэрекIуэкIыр.

А бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ хьэуар зэрыхущхъуэр куэд щIауэ къалъытащ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэди щагъэхъуж. Апхуэдэуи минерал зыхэлъ псыхэр къыщыщIож. Ахэр нэхъыбэу здэщыIэр бахъсэныпсым и къежьапIэмрэ абы къыхэлъадэ Ирик, Адыл-Су, Малкэ псыхэм я Iэгъуэблагъэмрэщ. Мы щIыпIэм щыпсэухэм куэд щIауэ къагъэсэбэп псы хущхъуэр, арагъэнщ нэхъ узыншэу, нэхъыбэрэ псэууэ къыщIалъытэри.

Туристхэр нэхъыбэу здэкIуэ псы къыщIэжыпIэр Тегенекли и гъунэгъу, бахъсэныпсым и ижьрабгъу псы Iуфэрщ. Километри 3 хъу щIыпIэр пхъэхуейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ къаухъуреихь. А лъахэм зэреджэр «Нарзанхэм я аузщ». Псым химие зэхэлъыкIэ къулей иIэщи, аращ куэдым сэбэп щIахуэхъур.

Къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щежэх псы псоми я къежьапIэр а мылылъэхэрщ.

Ди лъахэм зыгъэпсэхуакIуэ нэхъыбэ дыдэ къыздэкIуэр Iуащхьэмахуэ лъапэщ. Абы щыIэ хьэщIэщхэр 30 мэхъу. Абыхэм ящыщу 5-р турист хьэщIэщщ, 6-р зыгъэпсэхупIэ базэщ, 5-р зыгъэпсэхупIэ пансионатщ, 4-р альплагерщ. Псори зэхэту абы цIыху 3000 щIохуэ.

ЩIымахуэм абы къокIуэ бгы-лыжэ спортым дихьэххэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уэс Iув телъщи, къыщыбжыхьыну тыншщ икIи игъуэщ. Iуащхьэмахуэ бгы-лыжэ комплексым къэжыхьыпIитI иIэщ: Чегетрэ Iуащхьэмахуэ бгыхэмрэ. Чегет, Iуащхьэмахуэ бгы кIапсэ гъуэгухэм я кIыхьагъыр километр 12 мэхъу. Бгы-лыжэ гъуэгухэм я кIыхьагъыр километр 37-рэ мэхъу. Ахэр метр 2100-м къыщыщIэдзауэ метр 3800-м нэс лъэгагъхэм тетщ. Гъуэгухэм къыщыбжыхьыну нэхъ тынши, нэхъ гугъуи яхэтщи, щIэзыдзагъащIэхэм я дежкIи, а Iуэхум хуэIэзэхэм папщIи лъагъуэ щыIэщ. Урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэр щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI. Бгы-лыжэ къэжыхьыпIэхэр щэкIуэгъуэм и кIэм къызэIуахри, накъыгъэ мазэм зэхуащIыж. Туристхэм яфIэфIыр мазае, гъатхэпэ, мэлыжьыхь мазэхэрщ.

Лъэгум къыщызыкIухьыну нэхъ зыфIэфIхэр хьэуа къабзэкIэ щобауэ Нарзанхэм я аузым, Высоцкэм и цIэр зезыхьэ альпинист-щакIуэ музеймрэ (Тегенекли) Тырныауз дэт лъахэхутэ музеймрэ зыщаплъыхь.

ЦIыху нэхъыбэм яфIэфIыр кIапсэ гъуэгухэращ. «Азау» (метр 2350-рэ), «Старый Кругозор» (метр 3000-рэ), «Мир» (метр 3500-рэ), «Гарабаши» (метр 3847-рэ) сытым дежи мэлажьэ.

Туристхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къалъытауэ, республикэ унафэщIхэм гулъытэ хуащI курортхэм я инфраструктурэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэщ пэшхэм къыхэгъэхъуэным, апхуэдэуи а унэтIыныгъэмкIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр дэIыгъыным. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэкIэ, а Iуэхугъуэхэм сом мелуан 250-рэ хухахащ.

Мы илъэсым зэрыщIидзэрэ ди деж щыIащ цIыху мин 300-м нэблагъэ. Ди щIыналъэр жыджэру хэтщ туризмэм зегъэужьынымкIэ щыIэ программэхэм я нэхъыбэм. ДяпэкIэ я мурадщ «Ростуризм»-м и гъусэу модульнэ хьэщIэщхэр къызэрагъэпэщыну.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.