КЪУЛЫКЪУМ УЗЭIИГЪЭХЬЭРЭ?

Мэлбахъуэ Тимборэ илъэси I05-рэ щрикъум ирихьэлIэу, ди щIэджыкIакIуэхэм ягу къыдогъэкIыж «Мэлбахъуэм и блокнотхэр» зыфIаща тхылъым щыщ пычыгъуэхэр. 
Ещанэ Iыхьэ.
*  *  *
Куэдрэ къохъу: гу зылъумытащэ, зэ IуплъэгъуэкIэ фэшхуэ зумыплъ цIыхум къулыкъу иратри, узэрыщымыгугъауэ и акъылымрэ и хэлъэтымрэ я лъэныкъуэ псомкIи налкъутналмэсу къызэролъэлъ. НэгъуэщIуи къохъу: пщIэи щхьэи хуэмыныкъуэ цIыхушхуэм къулыкъу иботри, фэншэ, мыхьэнэншэ мэхъу. Къулыкъум абы и фэм тригъэлъэда нэкIу нэпцIыр трехури, жыг кунэфыр къыщIощ - мыхьэнэншэщ, щхьэхуэфIщ, цIыхугъэншэщ. «Къулыкъум зэIигъэхьащ» жаIэ. Хьэуэ! Къулыкъум къыщIигъэщауэ аращ ар, зэ Iуплъэгъуэм гу зылъумытэу нэхъыщхьэу хэлъыр тхъурымбэм ещхьу къыдрихьеящ. 
*  *  *
ЛъагапIэр зыхуэмышэч цIыху щыIэщ. Къулыкъури апхуэдэщ: зым ар къыфIэIуэхукъым, адрейм и щхьэр егъэуназэ. 
*  *  *
Уи къалэныр нэгъэсауэ умыгъэзащIэмэ, дунейр къутэжыным хуэдэу улэжьэн хуейщ. Ауэ махуэм уIэуэлъауэ хуэдэу зып¬щIу, пшынэр ягъэшэрашэу, стэканхэр зэраудэкIыу, модэ Кулижан гуэр щэхуу къыпыгуфIыкIыу гуп уахэсыным ущIэхъуэ¬п¬су зэманыр бгъакIуэмэ, лэжьыгъэм уэ нэхърэ нэхъыфIи къигъуэтынщ. 
*  *  *
Дэтхэнэ зыри иджыри илъэсищэкIэ псэуным хуэдэу лэжьэн хуейщ, и псэр а махуэм хэкIыу Iуэхур нэмыгъэсауэ къэнэнкIэ гузавэу. А IуэхуитIыр зэхуэмыкIуэу къыпфIэщI щхьэкIэ, абы Iущыгъэш¬хуэрэ жэуаплыныгъэрэ хэлъщ. Апхуэдэу сылэжьэнщ жыпIэмэ - ар пщэдей зыри умыгъэIэпхъуэу, щIыхуэ зытумыгъахуэу, плъапIэ гуэрхэри уиIэу IэнатIэм упэрытыныр аращ. 
*  *  *
Языныкъуэ унафэщIхэм ящIэ дыдэм нэхърэ нэхъыбэ ящIэу къафIощI, зэхах псори пэжу къащохъу. Ауэ нэхъыфIхэм ящIэIауэ къащымыхъуу, ящIэу къыщIокI. 
*  *  *
Хэти елъагъу: зым и фIэщу нэмэз ещI, адрейм - театрым щыджэгум ещхьу, Алыхьым папщIэ и щхьэр зэгуиудыжыну хьэзыр хуэдэ - хьэщыкъ хъуаифэ зытрегъауэ. 
*  *  *
Сыту фIыт цIыху къэс и къэухьыр и IэнатIэм хуэдизу къыдалъхуу щытамэ. 
*  *  *
Лэжьыгъэм сыщрохьэлIэ курыт щIэныгъэ къозыт еджапIэ фIэкIа щемыджауэ, ауэ и гупсысэкIэкIэ «щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу». СрохьэлIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, «зэхэщIыкI курыт» зыIэрыхьаи. СоцIыху цIэ¬рэ, саугъэтрэ, дамы¬гъэкIэ зэщIэбла гуп, а дамыгъэ¬хэмрэ цIэхэмрэ я адакъэ сыджыр къигъэубэлэца фIэкIа, я акъылым химы¬гъэхъуаIауэ. 
*  *  *
УнафэщIыр бгъэдыхьэгъуафIэу, узыIэпишэу, и гур зэIухауэ, дзыхь къыпхуищIу щытын хуейщ. А шэч къызытумыхьэж хьэлхэр псэ къабзэм езыр-езыру фIыгъуэкIэ къыхэкIыкI къыщIэкIынщ. 
*  *  *
"Гений» умыхъуу хъунукъым жиIэу зыми къыппиубыдыркъым, дэтхэнэ зыри унафэщI нэс зэрымыхъуфынури гурыIуэгъуэщ. Ауэ цIыху пэжу, гумызагъэу, уи къалэныр зэрыхъукIэ нэгъэсауэ бгъэзащIэу ущымыту хъунукъым. 
*  *  *
Уи жэрдэмхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ гъащIэм зэрыхыупщэфынур псалъэ дыгъэлрэ макъ пхъашэкIэкъым - къыхэплъхьам и фIагъыр нэрылъагъу зыщI щыхьэтхэмрэ гупсысэ узыншэхэмкIэщ. 
*  *  *
Ину укIиинымрэ захуагъэм ткIийуэ утетынымрэ зыкъым. Куэд къыубжынымрэ куэд жыпIэнымри зыкъым. 
*  *  *
Сыт министрхэр адрей цIыхухэм къазэрыщхьэщыкIыр? ЗыкIи. Ауэ министрхэм ар ящIэркъым. 
*  *  *
Языныкъуэхэр апхуэдизкIэ хущIыхьэркъыми, лэжьэну зэман къахуэгъуэтыркъым.
*  *  *
«Езыр шынагъуэтэкъым, и къуэдзэр мыхъуамэ», - жаIэ. «Езыр» - езырыжу, и къуэдзэми и къалэныр ищIэжмэ нэхъыфIщ. 
*  *  *
Акъылыншэм уигъэIущын ифIэфIщ, губзыгъэм еджэнкIэ зигъэнщIыр-къым. 
*  *  *
Псоми ягу зригъэхьыну хэтщ. Абы щхьэкIэ зыми игу ирихьыркъым. 
*  *  *
Хьэбыршыбыр цIыкIухэр жьауэшхуэхэм я лъабжьэ къыщожьэ. 
*  *  *
Iуэхум зыри хэзымыщIыкIым псори фIы дыдэу къыбгуригъэIуэ¬фы-нущ. 
*  *  *
Псалъэ гуэрхэр, акъылри гури къамыгъэсэбэпу, утыкум къолъэдэф. 
*  *  *
Сигу къэкIыжакъым, щыгъупщэх сыхъуащ, жи. Щыгъупщэх ухъуауэ аракъым, къыпфIэмыIуэхуж ухъуауэ аращ. 
*  *  *
УнафэщIыр, хъуэпсапIи плъапIи къыхуэмынэжу, гумызагъагъэр фIэкIуэду, и щхьэри цIыхухэри къыфIэмыIуэхужу и пIэ итIысхьэжмэ, гузэвэгъуэщ. Жьы хъуащ апхуэдэ унафэщIыр. Дэгунэфщ: мэл кIапэ къыпыкIащи, Iэщэ хуэIыгъыжынукъым. 
*  *  *
Сабий гъэужь Iуэхуншэхэр, цIыху икIэхэр, къамылэжьа зрахьэлIэну зыфIэфI ефэрейхэр къыщыхъур мылъкурэ зэфIэкIкIэ адрейхэм захэзыIэтыкIыну еIэ унагъуэхэрщ. Абыхэм я фэтэрыр нэхъ хуиту, я машинэр нэхъ дахэу, я унэр нэхъ лъагэу щытын хуейщ Iэмал имыIэу. Ар уз зэрыцIалэщ, икIэщIыпIэкIэ еныкъуэкъун хуейуэ, нобэми пщэдейми зэран хуэхъункIэ шынагъуэу. Мыбдежым ерыскъы къабзэм хэпсэукIыным¬кIэ, лейм щIэмыхъуэпсын хьэлымкIэ псом япэ иту щапхъэ дахэ къэзыгъэлъэ¬гъуэн хуейр унафэщIхэращ.
Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.