УЗЫХУЭСАКЪЫМ УЩЫХЪУМАЩ

IэфIым, псом хуэмыдэу фошыгъум и зэранышхуэ къокI иджырей цIыхум. Фошыгъу узым егъэлеяуэ зэрызиубгъум къыхэкIыу, 1991 гъэ лъандэрэ абы лейуэ и гугъу щащI махуэ хахащ - щэкIуэгъуэм и 14-р. Узыр яхуэмыгъэхъужыххэу щытащ зэман кIыхькIэ. Канадэм щыщ щIэныгъэлI щIалэ Бантинг Фредерик фошыгъу уз къызэуз щIалэ цIыкIум 1922 гъэм инсулин хиIури, ар нэхъыфI зэрыхъуам кърикIуа зэхъуэкIыныгъэ къомыр революцэ пэлъытэ хъуащ. Бантинг ирата Нобель и саугъэтри къимылэжьауэ щыттэкъым.

Узыхуэсакъым ущыхъумащ. Нобэрей псалъэмакъым фошыгъур щхьэусыгъуэ щыхуэхъуакIэ, цIыкIуми инми IэфIкIэ едгъэлей зэрымыхъунум дытевгъэпсэлъыхь. ЦIыхум и зыхъумэжыкIэ къарум, абы пасэу жьыфэ къытеуэнрэ щIалафэу къэнэжынрэ куэдкIэ фошыгъум елъытауэ къалъытэ дохутырхэм. Фошыгъу куэдыIуэ лъым хэтмэ, абы фэр жьы ещI, цIыхуми нэхъыжьыфэ къытоуэ. Сыт хуэдэ щIыкIэу? Фошыгъур углеводщ. ДыщышхэкIэ Iэпкълъэпкъым углеводхэр глюкозэрэ фруктозэу егуэш. ИужькIэ абыхэм ерыскъыгъуэ псори зэщIашхэ. Ауэ ягъэжьэIуа хьэжыгъэхэкIхэм, лым е фошыгъу куэдыIуэ зыхэлъ IэфIыкIэ щытшхым деж, глюкозэмрэ фруктозэмрэ белокхэм зыкIэращIэри, Iэпкълъэпкъым къыхэмыкIыжыф мэхъу, зи зэран къыдэкI налъэ цIыкIу-цIыкIуурэ зэроубыд, зи сэбэп къокIыпхъэ белокым бэуапIэ иримытыжу, езы налъэхэри Iэпкълъэпкъым пхъэнкIийм хуэдэу йонэ. Апхуэдэхэр нэхъыбэху, узымрэ ныбжьымрэ я нэщэнэхэр нэхъыбэ мэхъу. ЩIэныгъэлIхэм ар къызэрахутар фошыгъу уз зэфыкIхэм якIэлъыплъурэщ. ЗэхэгъэкIыпIэр мыбдежым фошыгъум и куэдагъращ. Фошыгъу уз зыпкърытхэм ар ягъэмэщIэфыркъым, абы къыхэкIыуи нэхъ псынщIэу жьыфэ къатоуэ.

«Уи кIуэцIыр уэр-уэру бгъэжьэжым ещхьщ ар, - жеIэ мы Iуэхум елэжь, ныбжьым и зэраныгъэм зыщыхъумэнымкIэ дохутыр Дорич Доринэ. - ДгъэкIэрахъуэурэ лы щыдгъажьэм деж, ар фIыцIэ зэрыхъум ещхьыркъабзэу, фошыгъу куэдыIуэ къызыIэрыхьа ди Iэпкълъэпкъым щызэкIэрыпщIэ налъэ цIыкIухэр ди пкъым ицIыхуркъыми, къызэрызэдихын Iэмали ищIэркъым. Аращ бдзэжьеймрэ лымрэ егъэлеяуэ ямыгъэжьэну щIажетIэр».

200I гъэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, AGE зыфIаща налъэхэм фэр шэщIауэ къэзыгъанэ коллагенымрэ ар и пIэм изыгъэувэж эластинымрэ зэранышхуэ зэрахуэхъум гу лъатащ. Коллагеныр Iэпкълъэпкъым езыр-езыру къилэжь белокщ, дэнэкIи хэту: къупщхьэхэми, зэрытыпIэхэми, фэми, уеблэмэ лъынтхуэхэми. Абы къыхэкIыу, фошыгъу куэдыр е лы ягъэжьэIуар зэран зыхуэхъур фэм и закъуэкъым. Налъэ зэрыубыдахэм коллагеным зыкIэращIа иужь, зэрытыпIэхэр нэхъ зэрыкIыгъуей мэхъури, къупщхьэ узыр къожьэ, гу узри жыжьэжкъым. Апхуэдэ дыдэу ар зэран хуэхъуфынущ нэми. А налъэхэм нэкугъуэр къэзыухъуреихь белокхэм зыкIэращIэмэ, цIыхур набгъэ мэхъу. КIэщIу жыпIэмэ, белок здэщыIэ псоми зыкIэращIэнкIи хъунущ «гъэжьахуэхэм». ЩIэныгъэлIыбзэкIэ абы «Майер и синдром»-кIэ йоджэ: белокхэмрэ аминофIэIупсхэмрэ зэроубыдри, «гликацие» жыхуаIэр къохъу. ЦIыхур жьыгъэм нэхъ хуэутIыпща мэхъу мыпхуэдэхэр къыщыхъукIэ, апщIондэху узыфэ псоми нэхъ хуэтIасхъэ, пшэрыIуэ, щхьэхынэ, гупсысэх мэхъу. ЦIыхум ерыскъыкIэ зэрыригъэлеймкIи ягъэкъуаншэр фошыгъурщ. Фадэм хуэерыщым ещхьу, фошыгъум есам мэжэщIалIагъэ нэпцI зыхищIэ зэпыту щытщ, зыхуейр асыхьэтым зыIуримыдзэмэ, тэмакъкIэщI хъууэ. Совет зэманым цIыхум и фошыгъу мардэу зы жэщ-махуэм щытар шей бжэмышх 12-щ. Сэри абы нэхърэ нэхъыбэ зыIуслъхьэркъым жыпIэу щытми, иджыпсту фошыгъур шыугъэми мышыуми хадзэ, IэфIыр къэгъэнауэ. IэфI пшхыну ущытрагъэгушхуэр ар занщIэу бгъэткIужын хуэдэу, къару зыхуэныкъуэ лэжьыгъэ къыппэщылъмэщ.

Дауэ-тIэ фошыгъу куэдым къишэ зэраным зэрызыщыпхъумэнур? Iэмал зэриIэкIэ, къэуат зыщIэмылъ IэфIыкIэхэр, занщIэу фошыгъур дэзыгъэуейхэр гъэмэщIэн хуейщ: пыченэ, кIэнфет, гъуэз зыхэт псыIэфIхэр, тортхэмрэ пирожнэхэмрэ.

«Лыр фымыгъэжьащэ», - жызыIэ щыIэщ. ЗэманышхуэкIэ япщэфIа шхыныр нэхъ зэранщ. Лым IэпапIэ фIыцIафэхэр иIэу мэхъу апхуэдэм деж. ХадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ нэхъыбэ фщIы. Псыри нэхъыбэху нэхъыфIщ.

Псалъэмакъыр щIетшэжьар фошыгъу узращи, медицинэр и пIэ иткъым, ар зэрагъэхъужыпэ Iэмал къыкъуэкIыну псори мэгугъэ. ИтIани, быдэ и анэ гъыркъым, дызыхуэвгъэсакъыж.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.