АДЫГЭ НЫПЫР КАТАРЫМ ЩАIЭТ

Иджыпсту дуней псор зыте­псэ­лъыхьыр футболым и дунейпсо чемпионату Катар щекIуэкIращ. Топджэгум дихьэххэм зи ­гугъу ящIыр гурыIуэ­гъуэщ, абы къищы­нэмыщIауэ, нэхъ къулей дыдэу къалъытэ муслъымэн къэралым чемпионатым зэрызыхуигъэхьэ­зырам, ар зэрыригъэ­кIуэкIым, щекIуэкI хабзэхэм тетхыхьымрэ тепсэлъыхьымрэ ­гъунэжщ. Иужьрей махуэхэм футболым еплъхэм я нэм къыфIэнащ адыгэ ныпыр. Щхьэ щыкуэд ар мы чемпионатым? Хэт ар Катарым щызыIэтыр? Сыт абы федеральнэ каналхэр щIы­тепсэлъыхьыр? 
А упщIэхэм я жэуап псори зэдгъэщIащ адыгэ ныпыр дунейпсо утыкум зэрихьа щIыкIэм дыдихьэхри. Социальнэ сетхэмрэ вацапымкIэ зэIэпах видеохэм IупщIу итщ зы адыгэ унагъуэ чемпионатым зэрыкIуар. Адыгэ ныпым и къарур здынэсыр зыгъэлъагъуэри ахэращ. 

Адыгэ Республикэм щыщ Хьэткъуей жылэм дэс, адыгэ тхыдэмрэ адыгэ Iуэхумрэ псом япэ иригъэщу псэу Бракъий Ильяс и пхъуищымрэ и Iыхьлы щIалэмрэ здишэри, Катарым кIуащ. КъызыхэкIа лъэп­къым и къуэ нэсу дунейм тет адэм и хьэл яхэлъ хъунт пщащэхэми, чемпионатым екIурэ-ещхьу «зыхуагъэхьэзыращ». Адыгэ ныпыр зытет пыIэхэр, футболкэхэр, плIэ цIыкIухэр ирагъэщIри, адыгэ нып ­дахэ зырызи къызэдащтащ. 
Бракъий Ильяс ипхъухэу Жэнэт, Маретэ, Данэ, щIалэм и анэ дэлъхум и къуэ НэфIыцIэкъуэ Айтэч сымэщ Катарым ­къикI адыгэ видеохэм щыфлъагъур. Ахэр чемпионатым щIидзэн ипэ къихуэу Адыгейм икIри, Дохэ лъэтащ. Адэр футболым еплъын мурад иIэу ежьами, пщащэхэм а къэралымрэ дуней псор щызэхыхьа щIы­пIэмрэ зыкъыхагъэщыну гурылъ ящIати, ар къайхъулIащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, футбол джэгупIэхэм, Дохэ и стадион нэхъ ехьэжьахэм, цIыху Iув щызекIуэ и уэрам­хэм, псым тет кхъухьхэм адыгэ ныпыр щохуарзэ, ар зыIыгъ пщащэхэм я гъусэу сурэтхэр зытрагъэх, псом нэхърэ нэхъыщхьэр аращи, абы къекIуэлIа адыгэу хъуар зэрагъэцIыху.
Телевиденэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэ, журналист, футболымкIэ комментатор Iэзэ Нэгъуч Роман эфирым щыжиIащ иджы­рей чемпионатым адыгэ ныпым увы­пIэ­шхуэ зэрыщиубыдар. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, ар япэу стадионым щилъэгъуащ Голландиемрэ Эквадорымрэ щызэдэджэгум, иужькIэ Даниемрэ Франджымрэ я джэгугъуэми фIэдзауэ щытащ. «Ауэ щыхъукIи, мыр зи къэрал нып Адыгей Республикэр чемпионатым хэткъым», - мэгушыIэ Роман. «АтIэ дауэ ныпыр абы зэрынэсар?», - жаIэу нэтыным хэтхэр къыщеупщIым, Роман жеIэ: «Ар гугъутэкъым къэпщIэну, адыгэу дунейм тетыр зэроцIыху. Хьэткъуей щыщ унагъуэ щыIэу аращ зэхыхьэшхуэм». 

Ныпым зэлъэпкъэгъухэр зэрегъэцIыхуж 

Хамэ къэралхэм ущыкIуэм деж нэхъыбэу зыхыбощIэ лъэпкъ дамыгъэм и къарумрэ и мыхьэнэмрэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы хамэбзэкIэ псалъэми, щIы­пIэ жыжьэ ущрихьэлIами, узыхуэзар зэры­адыгэр къуегъащIэ. Си щхьэкIэ срихьэлIащ адыгэ нып зытет такси, адыгэ щIалэ зэрыдэсыр къуигъащIэу, тыкуэн сыщIыхьащ адыгэ нып фIэдзауэ, зейр зэрыадыгэр къызгурыIуащ, шхапIэм адыгэ нып фIэлъу слъэгъуащ, зыгъэла­жьэр адыгэт. Апхуэдэхэм деж, ухуей-ухуэ­мейми, уи бзэкIэ уегъэпсалъэ, уи лъэп­къэгъу­хэр къыбогъуэтыж. 
Бракъийхэ апхуэдэ телъыджэ куэд щрохьэлIэ мы махуэхэм Катарым. Япэ махуэм щегъэжьауэ я плIэм дэлъу къакIухь адыгэ ныпымрэ я щыгъыным тедамрэ къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым къикIауэ къаришэлIар мащIэкъым. Япэу слъэгъуа видеохэм ящыщщ Иорданием щыщ адыгэ пщащэ цIыкIур Адыгейм икIахэм къа­зэрыбгъэдэлъэдар. Маретэ зэрыжиIэмкIэ, хамэхэри къэувыIэурэ ди ныпыр къищу сурэт зэрыщIэлъэIум нэхърэ нэхъ ­гуапэж ящохъу адыгэхэр къызэрацIыхур. «Иорданием щыщу Сауд Хьэрыпым и ­телевиденэм Iуэху щызыщIэ Шыфэкъуж Нур Катарым командировкэ къагъэкIуауэ арат. Дэ ныпхэр тIыгъыу дыкъагъэувыIауэ сурэтхэр къыттрахыу дыздэщытым ды­къилъагъури, къыдбгъэдэлъэдащ ди шыпхъу дыдэ фIэкIа умыщIэну. Ар зыкIэ къытщыгуфIыкIати, и фIэщ хъужыртэкъым хэкум къикIа адыгэ зэрилъагъур. ДызригъэцIыхуа нэужь, езыри Шыфэ­къужхэ зэращыщыр, и адэ-анэр Иорданием зэрыщыпсэур, и адэжьхэм я лъапсэр Къэбэрдейм къызэрыщежьэр къыд­жи­Iащ. АпхуэдизкIэ гуфIэщати, и анэм телефонкIэ хутеуэри, ди адэр адыгэбзэкIэ иригъэпсэлъащ. Езым адыгэбзэ ищIэртэкъым, ауэ нэгъэсауэ адыгэгу зиIэ пщащэт. ИнджылызыбзэкIэ дызэдэуэршэращ, иджы­­ри дызэхуэзэну дызэгурыIуащ», - жеIэ Маретэ. Апхуэдэу адыгейхэм нэIуасэ къахуэхъуащ Жанхъуэт Ясир. Ар чемпионатыр екIуэкIыху цIыхухэр гъэшхэныр къызэзыгъэпэщхэм ящыщщ. Адыгэ щIалэм адыгэ ныпыр зыIыгъ унагъуэр къызэрилъагъуу, къабгъэдыхьэри зригъэцIы- хуащ. Я деж иригъэблэгъащ, и Iыхьлыхэм ябгъэдигъэсащ. 
Тыркум къыщалъхуауэ Катарым щы­лажьэ щIалэщ Дзыбэ Сулеймэни. Ари апхуэдэу нэIуасэ къахуэхъуащ Бракъийхэ. ЗыщIэ­тIысхьа хьэщIэщым и егъэблэгъапIэм деж къэрал ныпхэр тетти, куэдрэ ­мыгупсысэу, Ильяс адыгэ ныпыр абыхэм яхигъэуващ. Сулеймэн абдеж Iухьауэ ныпыр къыщи­лъа­гъум, хьэщIэщым щы­ла­жьэхэм еуп­щIащ къыздикIамкIэ. Къы­щIэтIысхьа гуэ­рым зэрытригъэувар щыж­раIэм, пщэд­джы­жьым адыгэбзэкIэ псалъэ е адыгэ нып зыIыгъ къыщIэкIыным пэп­лъащ Дзы­бэр. ИкIи занщIэу къицIы­хуащ.
Абы иужькIи адыгэ куэд нэIуасэ къахуэхъуащ Катарым кIуахэм. Зи гугъу тщIы пщащэхэр апхуэдизкIэ я ныпыр зытет щыгъынхэмкIэ хуэпауэ жыджэру Дохэ зыщаплъыхьри, псори къабгъэдыхьэурэ ­къоупщI сыт хуэдэ къэрал къикIами, я футболистхэр щыджэгу махуэр, щыщIа­дзэр сыт щыгъуэми, уеблэмэ журналистхэр къыщIоупщIэ. Пщащэ Iущхэм ягъэщIэхъуркъым хамэ къэрал жур­на­лист­хэр, инджылызыбзэр фIыуэ ягъэ­шэ­рыуэри, я лъэпкъыцIэр ягъэIумэ нэхъ къащтэу, канал ехьэжьахэм интервью кIэщI­хэр ират.
Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм, телеканалхэм гу къыщылъатэкIэ, адыгэхэр къагъуэтыжынкъэ?! Мы унагъуэм и хъыбарыр зэбгрыкIа нэужь, чемпионатым адыгэу къекIуалIэм ныпхэр къыздыдах хъуащ, зэрыщIэн, зэрыцIыхун папщIэ. ИкIи апхуэ­дэ куэд зэхуэзащ. Уеблэмэ Катарым щыпсэу адыгэхэр зэхуэсри, Бракъийхэ я унагъуэр ирагъэблэгъащ. Ильяс зэрыжиIамкIэ, иджыкIэ а къэралым адыгэ щитIым нэс щопсэу. Ахэр зэрощIэ, зэхохьэ. Адыгэхэр нэхъыбэу зэрыс къэралхэм къыщалъ­хуауэ Катарым лэжьакIуэ кIуа гупщ ахэр, я унагъуэхэр я гъусэу. 
Пщащэхэм жаIэ адыгэ ныпыр чемпионатым и бренд зэрыхъуар. Ар камерэхэм къыщиубыдын, цIыху мелуан бжыгъэм щалъагъун, стадионым и нэхъ IуплъапIэ дыдэхэм деж щыфIадзэри, зэIущIэр екIуэкIыху фIагъэлъ. «Джэгу нэужьым, ныпыр къэтщтэжыну а щIыпIэм дыщы­кIуэкIэ, адыгэ гуп щызэхуэсауэ дынос, дызэрагъэцIыхуну, сэлам къыдахыну хуей­уэ», - жеIэ Маретэ. 

Беягъымрэ зыужьыныгъэмрэ я къэрал

«Ди адэр зэплъыну зэIущIэхэм дыкъы­щыдэхуэм деж, къалэм зыщыдоплъыхь, и щIыпIэ нэхъ дахэхэм докIуэ, ди ныпыр тIыгъыу сурэт зытрыдогъэх. Катарым мы чемпионатым хуабжьу зыхуигъэхьэзыращ. Егъэлеяуэ ухуэныгъэ куэди, унэ мымащIи, зыплъыхьыпIэ куэдыщи щащIащ иужьрей зэманым. Ухуэныгъэ зэщхьу тIу ущрихьэ­лIэркъым мыбы, сыту зэфIэ­кIышхуэ яIэ а псом елэжьа архитекторхэм. 
АпхуэдизкIэ и хъуреягъыр щIэщи, щIым утеувэну ущысхьу апхуэдэщ. ДызыщIэс хьэщIэщыр иджыри ягъэдахэ, удзхэр хасэ, тетIысхьэпIэхэм пленкэхэр щытрахыр иджыщ. Телъыджэщ къэралым и псэ­у­кIэр, гуапэщ «катарихэр» - аращ езы­хэр зэрызэ­джэжыр. 
Мы махуэхэм Катарыр апхуэдизкIэ футболым хилъэсащи, дэнэкIэ зыбгъазэми плъагъури зэхэпхри аращ. ЗэIущIэм у­е­п­лъын щхьэкIэ стадионым умыкIуэми, те­левизоркIэ укIэлъы­мыплъми хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар зэрекIуэкIыр дэнэ дежи щынэрылъагъущ. Уэрамым ущрикIуэ къудейкIэ, хэт сыт хуэдэ гупым топ ­худигъэкIами, сыт хуэдэ командэр хэт хигъэнами зэхыбох, екIуэкI джэгум и бжыгъэр унэ лъагэшхуэхэм къытредзэ. ЗэIущIэ нэ­ужьым, текIуам и къэ­рал ныпым и плъы­­фэу къалэр асыхьэту зэщIоблэ. Те­лъы­­джэщ нэм илъагъур», - жаIэ хъы­джэбз­­хэм. 
Ныпым нэмыщI, адыгэ уэрэдхэр зытет флешкэхэр яIыгъщи, дэнэ деж къыщы­зэтеувыIэми, кърагъауэ. Апхуэдэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къахэкIа турист­хэр къакIэлъыплъу, Нэхущ Чэрим, Быщ­тэ Азэмэт, Дзыбэ Мухьэмэд, Апэнэс Астемыр сымэ я уэрэдхэм едаIуэу псы­щхьэм тетщ, джэгу ящI, заплъыхь, загъэпсэху. 

Шейхым и унагъуэм ирагъэблагъэ

«Зы пщыхьэщхьэ шейх гуэрым нэIуасэ дыхуэхъуащ. Вагъуэ пщыкIутIымрэ шабзищ зэблэдзамрэ зытет ныпыр фIэгъэщIэгъуэн хъуащ абы икIи къыщIэупщIащ дызыщыщ лъэпкъымрэ дыкъыздикIамрэ, - къеIуэтэж Маретэ. - Дэ ди адэр зыцIыху­хэм ящIэ, абы адыгэ тхыдэм фIыуэ зэрыхищIыкIымрэ куэд зэрызэхуихьэсыжамрэ. Папэ шейхым кIэщIу хуиIуэтащ лъэпкъ тхыдэр. Ар хьэрыпыбзэкIэ хузэрадзэкIащ Ясиррэ абы и щхьэгъусэ Рамирэ. Ар­щхьэкIэ, лIыщхьэр дунейпсо тхыдэм дихьэхыу къыщIэкIри, нэхъыбэрэ дызэбгъэдэсыну гупыж ищIри, и унагъуэм дригъэблэгъащ. Япэу дыщыIауэ аращ шейхым деж хьэщIапIэ. 
Дэ хъыджэбзитхурэ зы щIалэрэ ди адэ-анэм драIэмэ, Хъалид шейхым щIалихрэ зыпхъурэ иIэт. Абы и къуэхэр и уэрамым тесщ, езым и унэм къыбгъурыту унэхэр ящIауэ. Дыздеблэгъар къуэ нэхъыжьым дежщ, абы псори къыщызэхуэсри, гуапэу дагъэ­хьэщIащ. Хьэрыпхэм апхуэдэ хабзэ яIэщ: япэу къахэхъуэ щIалэм адэм и цIэр фIащыж, пхъум - анэм и цIэр. Хъалид и къуэ нэхъыжьри, и къуэрылъхухэм я нэхъыжьри Хъалидщ. 
Дэ дэщхьу Iэнэ узэдакIэ хьэщIэ кърагъэблагъэркъым абыхэм. Я хьэщIэщым дыщIашэри, дызэбгъэдэсащ, дыздэуэршэращ, зэман дагъэкIри, тшхын, дызэфэн къытхуахьащ. 
Хъалид и пхъумрэ и зы къуэрэ нэхъ гувауэ къытхыхьэжати, я адэ-анэм ябгъэ­дыхьэурэ я щхьэм ба зэрыхуащIам гу лъыстащ. Ари я хабзэм щыщщ. ИтIанэ дгъэщIэгъуащ, дэ дызыгъэхьэщIэр бысым цIыхухъуращ, абы и щхьэгъусэр гуащэмрэ пщыпхъумрэ нэхъ хуэсакъыу щытащ. ЯпэщIыкIэ Катарыр къызэрытщыхъуар яжетIэжащ, футболым дытепсэлъыхьащ, итIанэ адыгэ лъэпкъым, тхыдэм, хабзэм дынэсри, нэхъыбэу зи гугъу тщIар аращ. 
Пщыхьэщхьэ псом дызэрызэпсэлъар инджылызыбзэщ. Ар псоми ящIэри, тыншщ мы къэралым ущызекIуэну. Хъалид апхуэдизкIэ фIэгъэщIэгъуэнт, апхуэдизкIэ упщIэ куэд иIэти, ди адэм тхыдэм къыщыщIидзэри, нобэрей махуэм къэ­сыху жриIэжащ ди къекIуэкIыкIар. Абы хэтт адыгэ мамлюкхэр Мысырым и тепщэу зэрыщытари, Иорданием и пащтыхьым и щхьэхъумэхэр зэрыадыгэри, Кавказ зауэжьым и зэранкIэ ди лъэпкъыр къэрал куэдым игуэша зэрыхъуари. Ди нобэм и гугъу щищIым, ди адэм жиIащ иджыкIэ ди бзэр, хабзэр, адыгагъэр тхъумэжыныр ди лъэпкъым и пащхьэ къит къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. 
ИтIанэ псоми тфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ зы хьэлэмэт къыджиIащ шейхым. Къызэ­рыщIэкIамкIэ, абы Катарым щыпсэу адыгэ­хэм ящыщ ицIыхурти, къыджиIащ: «Сэ сызрихьэлIа адыгэхэм ящыщу зы цIыхум сытыркущ е сыхьэрыпщ жиIэу зэи зыкъызигъэцIыхуакъым. Хэтми ущы­щIэуп­щIэкIэ жеIэ: «Тыркум сыщыщ шэрджэсщ», «Иорданием, Сирием сыкъы­щалъ­хуа шэрджэсщ». Абы къегъэлъагъуэ фи лъэпкъым и цIэри и щхьэри зэры­мыкIуэдар, бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэну зэрыхэтыр. Апхуэдэ щапхъэр щымащIэщ дунейпсо тхыдэм». 
Бракъийхэ я «зекIуэр» иджыри иухакъым. Абыхэм махуэ къэс хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къаIуатэ, къагъэлъагъуэ. Иужь­рейуэ къысхурагъэхьа видеори дахэщ. Дунейпсо чемпионатым хэт къэралхэм я ныпхэр уэгум щызэщIэблэу зыщхьэщыт зы уэрам иIэщ Дохэ. Абы адыгэ ныпыр зэрыхэмытыр догъэзэкIуэж жыхуаIэу, машинэм и пэм ныпыр тебзауэ уэрамым ирижащ адыгэхэр. Уи хэку, уи лъэпкъ бгъэ­лъэпIэнымкIэ ар щапхъэ ирикъуркъэ?!

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.