УДЗ ГЪЭГЪАХЭМ Я БЗЭР

Iэрамэр къыщежьар
«Iэрамэ»-р франджыбзэм къытекIащ, «зэкIэрыщIа», «зэхэгъэува» жиIэу къокI. Тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэу Iэрамэ щызэхагъэуващ Пасэрей Египетым. Абы пхъакъуэ (факел) щIыкIэ иIэт. Розэхэр, Iущхьэхэр, епэрхэр (фиалкэ), ирисхэр, псыгуIэнэхэр (лотос) къат-къату зэкIэрыщIат, я зэхуакухэм пальмэ тхьэмпэхэр хегъэубыдауэ. Iэрамэ зэхэгъэувэныр (флорист) IэщIагъэу япэ къыщежьащ Пасэрей Алыджым. Бзылъхугъэхэмрэ цIыхухъухэмрэ я Iэрамэхэр япэу щызэхагъэкIыу щаублари аращ. ЦIыхухъу Iэрамэхэр удзыфэт, гъэгъа щIагъуэ хэмыту. Бзылъхугъэхэм ейхэр зэмыфэгъу дахэт. Пасэрей Урымым щрагъэжьащ Iэрамэу зэхагъэувэну удз гъэгъахэр щхьэхуэу ягъэкIыу. Абы папщIэ куэду хасэрт епэрхэр, розэхэр, гиацинхэр.
ГухэлъIуатэ
Удз гъэгъахэр куэду хэтщ гухэлъ Iуэхум. Псом хуэмыдэу абы и мыхьэнэр инт XVIII-нэ лIэщIыгъуэм. Бзылъхугъэм хуахьыну гъэгъар Iэрамэу щызэхагъэувэкIэ мыхьэнэ иратырт псоми: гъэгъам и лIэужьыгъуэми, и фэми, бжыгъэми, уеблэмэ къыпих мэр зыхуэдэми. КъуэкIыпIэ флористхэм удз гъэгъа Iэрамэм и бзэкIэ усэ едзыгъуэ щызэхагъэува къэхъуащ. Удз гъэгъа гухэлъ IуэтэкIэр европей цIыхухэми зыхалъхьащ. Ди зэманым удз гъэгъахэм яхэлъ щэхумрэ щIагъыбзэмрэ куэдым ящIэу пхужыIэнукъым, яфIэгурыхьыр къащэхуу аращ нэхъыбэм. Иджыри илъэси I50-кIэ узэIэбэкIыжмэ, удз гъэгъахэм я нэщэнэхэм цIыху гъащIэ куэд зэпищIэу щытащ. Гъэгъа тхьэмбылыфэм къикIырт тегушхуэныгъэ, плъыжьым – гухэлъым и гуащIагъыр, гъуэжьым – гугъэ, шэкъафэм (фиолетовый) къикIыр ныбжьэгъугъэт. Удз гъэгъа Iэрамэшхуэм плъыфэкIэ къахэщу и кум зы хэтмэ, бзылъхугъэм шэч къытрихьэжыртэкъым ар къезытам и гухэлъым. Удз гъэгъаищ зыратам жраIэрт «къыздэкIуасэ». Бгъууэ зэхэгъэува Iэрамэ иратырт ныбжьэгъум. Пщащэхэр псом хуэмыдэу зыщыгуфIыкIыр блыуэ зэхэгъэува Iэрамэрт – «мыгувэу дызэрышэнущ» щыжаIэрт. 

Гъэгъаилъэ
Викториан лIэщIыгъуэм щыгъуэ удз гъэгъахэм я бзэр егъэлеяуэ къыщагъэсэбэпырт европей къэралхэм. Гъэгъа модэм къыхыхьащ «бал Iэрамэхэр». Нэху щыху екIуэкI балхэм гъэгъахэр ямыгъэтIылъу щаIыгъыныр хъыджэбзхэм къайхьэлъэкI хъуати, абыи хэкIыпIэ къыхуагъуэтащ – «портбукеткIэ» зэджэр къежьащ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм екIуэкIыу щыта балхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха вазэжьейщ ахэр. Апхуэдэ гъэгъаилъэхэр къыхащIыкIырт дыщэм, дыжьыным, перламутрым, пыл къупщхьэм. Ар е хъыджэбзым и бостей бгъэгум кIэрагъэубыдэрт е и бгым кIэращIэрт. Удз гъэгъахэм я пкъыр вазэ лъабжьэм хэгъэпщкIуа мастэкъуаншэм ирагъэубыдырт, гъэгъахэр зэпкърымылъэлъын щхьэкIэ. Уеблэмэ абы гъэгъар зыхэтын псыи мащIэу иракIэрт, пшыхь кIыхьым ахэр ямыгъэгъуэлэну. Гъэгъаилъэ цIыкIухэр дахэу гъэщIэрэщIат. Абыхэм яхэтт гъуджэ зыхэщIыхьахэр. Я щхьэцыр, я нэкIум кIэрылъ сэхусэплъыр зэрызэрагъэзэхуэжым нэмыщI, а гъуджэр нэгъуэщIуи къагъэсэбэпырт: хъыджэбзхэр абыкIэ щэхуу яхукъуэплъырт щауэхэм. Бзылъхугъэхэм пшыхьым щаIыгъ Iэрамэм мыхьэнэ иIэт. Щауэ зыбжанэм гъэгъа къратарэ, пшыхьым абыхэм ящыщ зы бзылъхугъэм здихьамэ, ар къезытар адрейхэм къазэрыхихар наIуэт. 

НысащIэ Iэрамэ
Ди зэманым екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэм удз гъэгъам епхауэ хабзэ гъэщIэгъуэн хэтщ. НысащIэм и гъэгъа Iэрамэм ехьэлIа хъыджэбздэс зэхьэзехуэщ ар. Абыхэм ящыщу нысащIэм и Iэрамэр къэзубыдыр абы кIэлъыкIуэу унагъуэ хъуну къалъытэ. Ар зи фIэщ хъухэри куэду щыIэщ. 
НысащIэ Iэрамэр модэм къыщыхыхьар XIX-нэ лIэщIыгъуэрщ. I840 гъэм, инджылыз пащтыхь гуащэ Викторие принц Альберт дэкIуэрт, Пащтыхь гуащэм IэщIэлът къабзагъэм и нэщэнэу къалъытэу щыта календулэ Iэрамэ. Викторие игъэлъэгъуа щапхъэм тету, нысащIэхэм къаублащ унагъуэ щихьэкIэ Iэмал имыIэу гъэгъа Iэрамэ яIыгъыу. 
НысащIэ удз гъэгъа Iэрамэ нэхъ ин дыдэ зэхагъэувауэ щытащ 2000 гъэм, катар принцым къыщишэм. Пэжщ, абы IэрамэкIи, уеблэмэ IэплIакIуэкIи уеджэфынутэкъым. Метр I5 и лъагагът, тонн 42 и хьэлъагът, тенджыз Iуфэм и щIыпIэшхуэ къызэщIиубыдэрт.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.