ТХАКIУЭ УХЪУНУ ТЫНШЫБЗЭЩ

Чехов Антон 1884 - 1885 гъэхэм итхауэ хуагъэфащэ нобэ зи пычыгъуэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр: «Тхэн щIэзыдзагъащIэхэр зыхуэсакъыпхъэ хабзэхэр». Езыр зрикIуа литературэ лъагъуэм телъ «шыпсыранэхэм» тепсэлъыхь тхакIуэр мыбдежми жьы щIэту щогушыIэ. 
***
Дэтхэнэ къалъхугъащIэ сабийри зыхуей хуэзауэ ягъэпскIыу, ипэрей гужьеигъуэр щхьэщыкIыху тIэкIу зрагъэгъэпсэхуа иужь, «Умытхэ! Умытхэ! ТхакIуэ умыхъу!» жраIэурэ, фIыуэ яубэрэжьын хуейщ. Апхуэдэу зэпыфлъэщIыхьа иужькIи сабийр иджыри тхэныгуу къанэмэ, дахэкIэ фыхэзэгъэфмэ, феплъ. ИтIани мыхъурэ - гугъэр хэфхыжи, Iуэхур зэIыхьэпауэ фыбж. Тхэн узыр пхуэгъэхъужынукъым. 
***
Тхэныр зи IэщIагъэм и гъуэгум и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс банэ, гъущI Iунэ, шыпсыранэ тезщ. Абы къыхэкIыу, и акъылым хуитыж цIыхум зэрыхъукIэ тхакIуэ IэщIагъэм зыщидзеин хуейщ. 
***
ТхакIуэ ухъуну тыншыбзэщ. Зыгуэрым емыгуэкIуэфын хуэдизу нэджэIуджэ цIыхуи, хуэфэщэн щIэджыкIакIуэ имыгъуэтыжын хуэдизу купщIэншэ тхыгъи щыIэкъым. Аращи, укъимыкIуэт… Уи пащхьэм тхылъымпIэр илъхьэ, къалэмыр убыди, акъыл зэщIэдияр къызыщIэбгъаплъэурэ ехуэкI. Сытым теухуауэ ухуейми тхы: пхъэгулъ фIыцIэм, хьэуам и щытыкIэнум, а уэ пщIэм къыщIигъэкI псыIэфIым, хышхуэм, зэманым, нэгъабэрей уэсым... Зэхэлъхьэн буха нэужь, Iэрытхыр къащти, уи бгъэгум лъы щызезыхуэ гур пIейтейуэ редакцэм кIуэ. Сенэм уи вакъэр щылъыпхыу, «Зиусхьэн мыпхуэдэр щIэс?» жыпIэу ущIэупщIа нэужь, «тхьэлъэIупIэм» щIыхьи, фIым ущыгугъыу уи IэдакъэщIэкIыр ет... Абы иужькIэ унащхьэм удэубжьытхейуэ шэнтжьейм уилъу зы тхьэмахуэкIэ унэм щIэс, уи нэгум къыщIыхьэхэм уи гур щыбгъэфIу. Тхьэмахуэ дэкIа нэужь, редакцэм кIуэи уи Iэрытхыр къеIыхыж. Абы иужькIэ адрей редакцэхэр къызэхыбокIухь… Редакцэ псори къызэхэпкIухьу уи Iэрытхыр зыщIыпIи зэрыщыпхымыкIыр наIуэ хъуа нэужь, птхар тхылъ щхьэхуэу къыдэгъэкI. Еджэн къыкъуэкIынщ. 
 ***
Уи нэгум зыгуэр къыщыщIэбгъэхьэкIэ, уи Iэм хуэсакъ. Сатыр бжыгъэм кIэлъеIэну хуумыдэ. Нэхъ кIэщIу икIи нэхъ зэзэмызэрэ утхэху, нэхъыбэрэ нэхъ куэд къыпхутрадзэ. КIэщIагъым Iуэхур зэIигъэхьэнкIэ умышынэ. 
 ***
Птхыныр птха нэужь, уи цIэр кIэщIэтхэ. ЦIэрыIуэ ухъуным ухуэмыпабгъэмэ е уаукIынкIэ ушынэмэ, унэцIэ нэпцI къэгъэщхьэпэ. Ауэ уигу игъэлъ, цIыхубэм сыт хуэдэ нэщыпхъуэкIэ зыщумыгъэпщкIуми, редакцэм уи цIэ-унэцIэмрэ ущыпсэумрэ ящIэн хуейщ, зыгуэркIэ редактор нэхъыщхьэр илъэсыщIэмкIэ къохъуэхъуныгу хъумэ, укъигъуэтыфын хуэдэу. 
*** 
Зэгуэр хьэщIапIэ ирагъэблэгъа Чеховыр Iэнэм здэщысым, уэршэр гуэрым хиубыдащ. 
- Антон Павлович! Зауэр дауэ иухыну къыпфIэщIрэ? – къеупщIащ абы хъыджэбз гуэр. 
Чеховым тIэкIу зигъэпсчэуIущ, гупсысэри, щабэу, ауэ и фIэщу икIи гумащIэу жэуап къритащ: 
- МамырыгъэкIэ иухыну къыщIэкIынщ. 
- Пэжщ, дауи, ауэ хэт текIуэнур? Алыджхэра хьэмэрэ тыркухэра? 
- Си гугъэмкIэ, текIуэнур нэхъ лъэщхэращ. 
- Уэ хэт нэхъ лъэщу къыпфIэщIыр? 
- НэхъыфIу шхэхэмрэ фIыуэ еджахэмрэ. 
- ЕIей! Сыту дахэIуэу жыпIа! 
- Уэ хэт нэхъыфIу плъагъур, тыркухэра хьэмэрэ алыджхэра? – къеупщIащ тхакIуэм нэгъуэщI цIыхубз. 
 Чеховыр абыи щабэу еплъри, Iэсэ дыдэу, гуапэу хуэгуфIэурэ жриIащ: 
- Сэ мармелад фIыуэ солъагъу… Уэ-щэ? 
 

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.03.2025 - 09:03

Жьыуэпсыр зейр фэращ

Дунейм и зыхъуэжыкIэм, жьым и къепщэкIэм, псыхэм я зыгъэзэкIэм, зэрыщыту къатщтэмэ, жьыуэпсыр (климатыр) зыджхэмрэ абы кIэлъыплъхэмрэ яхуэгъэзауэ къагупсыса «Гидрометеорологие къулыкъум и махуэ» зы

26.03.2025 - 09:03

Хьэхэр полицэм

БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм Налшык къалэм и еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ зэIущIэ щхьэпэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хьэхэр ящIыгъуу зэрылажьэр. 

26.03.2025 - 09:03

Я зэфIэкI еплъыжынущ

Урысей ФССП-м, «Орлёнок» Урысейпсо сабий центр цIэрыIуэм щIыгъуу зэхешэ «Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» программэм хэтынухэм я зэпеуэ.

25.03.2025 - 15:59

МакъамэкIэ Хэкур зыгъэлъапIэхэр

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм, концерт щитащ щапхъэу къалъыта, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и зауэлIхэм я оркестрым (полковник Шахмухаметов Азат и унафэм щIэтым). 

25.03.2025 - 09:03

ЩIым и махуэ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI.