КУЛИЕВ КЪАЙСЫН И IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР ЩЫЗЭХУЭХЬЭСАУЭ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъыщIэ. 

- Сэ сызэреплъымкIэ, мыр ди щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ, - жеIэ Котляров Виктор. – Том 13 хъууэ зэкIэлъыкIуэну къыдэкIыгъуэм щыщу 12-м Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр итынущ, епщIыкIущанэр абы и тхыгъэхэм хэзыгъэгъуазэу дыщIыгъужынущ.
Ар зэхагъэуващ усакIуэм ипхъу Кулиевэ Жаннэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Кучуковэ Зухрарэ Тетуев Борисрэ. Тхылъым и редакторыр Темукуев Борисщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ а зи цIэ къитIуахэм къызэрымыкIуэу лэжьыгъэшхуэ зэращIар. КъыдэкIыгъуэм тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр балъкъэрыбзэрэ урысыбзэкIэ итщ.
Абы усакIуэм нэхъ пасэу и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр, зауэ зэманым итхахэр, хэкум ирахуахэм ятеухуахэр пIалъэкIэ зэкIэлъыхьауэ къыщокIуэ.
Япэ къыдэкIыгъуэм къызэщIеубыдэ усакIуэм 1934-1945 гъэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа сатырхэр. «Кулиев Къайсын и усыгъэ дунейр» фIэщыгъэм щIэту тхылъым псалъэпэ гъэщIэгъуэн хуитхащ Кучуковэ Зухра. Тхылъым хэзыгъэгъуазэр бзитIкIэ зэрызэрадзэкIам и фIыгъэкIэ узыхуейр тыншу къыщыбогъуэтыф. 

 

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.